ЦIыхухэр сакъыну къыхураджэ

КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и VII зэхуэсыгъуэм и депутатхэм я хэхыныгъэр щекIуэкIкIэ республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ къыхуреджэ набдзэгубдзаплъэу щытыну, терроризмэм зыщыхъумэнымкIэ хабзэхэр ягъэ­зэщIэну: 
- къызэрымыкIуэ щытыкIэ къэхъуныр къызрикIуэнкIэ икIи къызэхуэсахэмкIэ шынагъуэ къэзы­шэнкIэ хъуну Iуэху фымылэжь; 
- автотранспортыр абы хухэха щIыпIэхэм щывгъэув; 
- шэч гуэр фэзыгъэщI хьэпшып е автомашинэ фрихьэлIамэ, апхуэдэуи терракт ялэжьыным, къауэ пкъыгъуэрэ Iэщэрэ зыгуэрхэм зэраIыгъым, щIэпхъаджагъэ ялэжьыну зэрызагъэхьэзырым пыщIауэ щытынкIэ хъунухэм ятеухуа хъыбар къыфIэрыхьамэ, хабзэхъумэ органхэмрэ апхуэдэ Iуэхухэр зэхэзыгъэкIыну зи къалэн IуэхущIапIэхэмрэ икIэщIыпIэкIэ хъыбар евгъащIэ; 
- хабзэхъумэ органхэм я лIыкIуэхэмрэ цIыху куэд щызэхуэс Iуэхухэр щрагъэкIуэкIкIэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр зи пщэрылъ нэгъуэщI лэжьакIуэхэмрэ хабзэм ипкъ иткIэ къыфхуагъэув­хэр вгъэзащIэ. 
КъаIэрыхьэ сыт хуэдэ хъыбарри нэгъэсауэ къапщытэнущ, кърагъэщIа хъыбар псоми ехьэлIа зыхуэфащэ Iэмалхэр къагъэсэбэпынущ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хуэунэ­тIауэ. 
КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым шэч зы­хуащIым ехьэлIа хъыбар къаIэрызыгъэхьахэр хэтми хэIущIыIу ищIынукъым, апхуэдэуи республикэм щыпсэухэм фIыщIэ яхуещI я лэжьыгъэр зэрызэхащIыкIым папщIэ. 

«Линэ пщтыр» телефонхэр:
- Урысейм и ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм - 48-15-81 (дзыхь зрагъэз телефон);
- КъБР-м щыIэ МВД-м - 40-49-10 (плъыр часть), 49-50-62 (дзыхь зрагъэз телефон);
- УФ-м СледствиемкIэ и комитетым СледствиемкIэ и управленэу КъБР-м щыIэм - 77-64-22 (дзыхь зрагъэз телефон);
- Урысейм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу ­КъБР-м щыIэм - 39-99-99 (плъыр часть).

Поделиться:

Читать также: