ЩIыналъэм щыпсэухэм я зэхуэдитIыр

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я зэхуэдитIыр хэхыныгъэхэм хэтыну хунэсащ. 

КъБР-м и Избиркомым и унафэщIым и къуэдзэ Джаппуев Мусса зэрыжиIамкIэ, фокIадэм и 8-м шэджагъуэ нэужьым ирихьэлIэу щIыналъэм исхэм ящыщу хэхыныгъэм хагъэхьахэм я зэхуэдитIыр хунэсащ Iэ яIэтыну. 

 ХэхыпIэхэм хабзэр къыщызэпамыуду, ныкъусаныгъэншэу Iуэхур йокIуэкI. Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэр я къалэнхэм дагъуэншэу полъэщ.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: