Iэщэм я нэхъ лъэщырКавказым щыщ цIыхум зэхимыхауэ къэнэн хуейкъым шэшэн ущиякIуэшхуэ Кишиев Кунтэ-Хьэжы и цIэр. Диным и куупIэу къалъытэ суфий лъагъуэм и къадирий къудамэм и гъуазэу щытащ а лIы махуэр. 1864 гъэм щIышылэм и 3-м урыс пащтыхь хабзэхъумэхэм Кунтэ-Хьэжы и Хэкум ирашри, Новгород губернием ягъэIэпхъуауэ щытащ, щылIэжари аращ. 2012 гъэм ингуш тхакIуэ, профессор, депутат Албогачиев Руслан итха «Кишиев Кунтэ-Хьэжы - щихъ, Iустаз, уэлий» тхылъым адыгэхэм ятеухуа Iыхьэ хэту къыщIэкIащ. Албогачиевым игу къегъэкIыж: Кунтэ-Хьэжы теухуа си тхылъым и еплIанэ къыдэкIыгъуэм селэжьрэ пэт, дэфтэр къызэрымыкIуэ дыдэ къыспэщIэхуащ зэчырым и Iуэхур щIыпIэ куэдым зэрынэсам теухуауэ. Псалъэм папщIэ, Къэбэрдейм и Налшык округым хыхьэ Борыкъуей къуажэм. Тхыгъэр гъэкIэщIауэ къызохь: «Зи щIыхьыр ин Тэрч областым и унафэщIым хуэгъэза лъэIу тхылъ. Къэбэрдей адыгэхэм я деж иужьрей зэманым «зэчыр» жыхуаIэ дин дауэдапщэм зыщиубгъуащ. Ар зэрекIуэкI щIыкIэр мыпхуэдэущ: муслъымэнхэр зэхуосри, бжэр гъэбыдауэ е щIыбым дэту, хуабжьу диным теухуа уэрэдхэр жаIэ. Ахэр къыщрашкIэ удын зытрадзэжу е тхьэ хуэпщылIыным хуумыгъэфащэ мыхъумыщIагъэ гуэр къагъэхъууи щыткъым. А хабзэр иджыри ислъам диныр къыщыунэхум щыгъуэ къежьауэ жаIэ. Кавказ Ищхъэрэм ар къэзыхьар пщIэшхуэ зиIэ дин ущиякIуэ Кунтэ-Хьэжыщ». ЛъэIу тхылъыр къызыбгъэдэкI Анзорхэ я къуэр пащтыхь къулыкъущIэхэм елъэIуу аращ Кунтэ-Хьэжы иужь иувахэм я гум Iей зэримылъыр я фIэщ ящIу, къэрал хабзэкIэ хамыгъэзыхьыну, хуиту зэчыр жрагъэIэну. «Зы унагъуэ хуэдэу зызыбжыж Кунтэ-Хьэжы иужь иува дэ гупым гъуэгу захуэм дытемыкIыну тхьэ тIуащи, ди жагъуэ ящIкIи зыми къыдищIар етщIэжынукъым, ем екIэ дыпэщIэмыувэжыныр псэукIэ хабзэу къыхэтхащ. Дэ бын Iэсэм хуэдэу Алыхьталэми тетыгъуэми жыIэдаIуэу я жьауэ дыщIэуващи, дыныволъэIу Кунтэ-Хьэжы уэсят къытхуищIа зэчыр мамырхэр хуиту жыдвгъэIэну. Зытхар Налшык округым хыхьэ Борыкъуей къуажэм щыщ Анзорхэ ХьэтIохъущыкъуэ-хьэжыщ». Кунтэ-Хьэжы псалъэ дахэ куэд къызэринэкIащ, я нэхъыбэр IуэрыIуатэ хъужарэ цIыхухэм псалъэжьу къащыхъуу. * * * Алыхьталэр фIыуэ флъагъуну фыхуеймэ, захуагъэр фIыуэ флъагъу. Фи щхьэ фызэрыхуэхъуапсэмкIэ фи къуэшми фыхуэхъуапсэ. Адрейхэм нэхърэ нэхъ бей, нэхъ цIэрыIуэ, нэхъ лъэрызехьэ зыфщIыну фыхэмыт. ФиIэ псомкIи тхьэмыщкIэхэм фадэгуашэ. МылъкукIэ зыгуэр зэвгъэфыгъуэным фыхуэсакъ. Евгъэхъуапсэ фи щIэныгъэм, захуагъэм, хьэлэлагъым. Алыхьым фелъэIу нэгъуэщIым и пщIэнтIэпскIэ къилэжьа зы хьэдзэ къыфкIэрымыпщIэнымкIэ. Абы кIуапIэ къыуитынукъым. * * * Фэ фи Iэщэр – нэмэз щыгъэрщ, фочкъым икIи къамэкъым. А Iэщэм тепщэм я нэхъ залымри хуэкъарууншэщ, Алыхьталэм нэхърэ зыри нэхъ лъэщкъым. УзытемыкIуэну бийм зебгъэукIыныр уи IэкIэ зыбукIыжыным ещхьщ, ар гуэныхьышхуэщ. Апхуэдэ лIэныгъэр къыхэзыхым Алыхьталэм и къарумрэ и гущIэгъумрэ дзыхь яхуимыщIу аращ, тепщэ залымхэр къыщIигъэщIыр цIыху зэхэтыкIэр игъэкъэбзэн папщIэщ. * * * Бзаджэм цIыхуфIагърэ лъагъуныгъэкIэ текIуэ. Быдэм – хьэлэлагъкIэ. Джаурым – уи фIэщхъуныгъэмкIэ. ГущIэгъу пхэлъу, нэмысыфIэу, уи щхьэ уебэкъуэн хьэзыру щыт. Алыхьталэм зептарэ уи псэм ислъам диныр и гъуазэмэ, куэдым щхьэкIэ жэуап уохь. * * * Къемэт махуэр къэсрэ псори Алыхьталэм и пащхьэм ирагъэувэмэ, ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар къытщхьэщыжынкIэ хъунущи, псоми абы и Iумэтым щыщ хуэдэу жаIэнущ. Пэжыр зэхагъэкIын щхьэкIэ, дэтхэнэ зыми и бзэгум еплъынурэ, бзэгур хужьмэ – жиIэр я фIэщ хъунущ, мыхужьмэ – пцIыуэ къалъытэнущ. Сыту жыпIэмэ, щэлэуат къэзыбжым и бзэгур уэсым нэхърэ нэхъ хужь мэхъу. * * * Дэ ди хабзэхэмрэ ди лъэпкъ хьэлхэмрэ илъэс мин бжыгъэкIэ зэфIэуващ. Аращ ахэр апхуэдизу ислъам диным пэгъунэгъуу къыщIыщIэкIари. Ахэр тхъумэн хуейщ, зыми ягъэпуду яхуэддэ хъунукъым. * * * ХьэщIэ къакIуэмэ, вгъэлъапIэ. ХьэщIэр жьантIэм дэсыху, мелыIычхэри жьантIэм дэсщ. Ар жьантIэм къыдэпшмэ, и пщIэр мэкIуэдри, мелыIычхэр фи унэм щIокIыж. МелыIыч къабзэхэр фхъумэ. ХьэщIэм хуэфащэ пщIэри фымыгъэкIуэд. * * * Унэхэр нэхъ лъагэу щыдращIей, пщIантIэхэм нэхъ хуиту зыщрагъэубгъу, сабийхэр адэ-анэм щыщIэкIиеж, цIыхубзхэр ялIхэм емыдаIуэу сондэджэракIуэ щежьэ, хьэлимхэр бажэ плъыжьым ещхьу щыбзаджэ, унафэщIхэр дыгъужьым ещхьу щыгущIэгъуншэ, духьэшыхэм шыд лIаимэ къащыкIэрих зэманыр къэсмэ, къелынур тIэрикъатым тетращ.
Поделиться:
Читать также:
08.10.2024 - 11:18 →
Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм папщIэ
08.10.2024 - 11:18 →
ЗыгъэпсэхуакIуэ къытхуэкIуэхэм къахохъуэ
08.10.2024 - 10:01 →
Ди къуэш республикэхэм
07.10.2024 - 14:20 →
Лъэпкъым и нэхущ вагъуэ
07.10.2024 - 14:17 →
ЩIэблэм я гупсысэ щхьэпэхэр
|