ЕджапIэщIэ«Иджырей школ», «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ пэхуэщIэхэм хиубыдэу, Налшык къалэм щаухуэхэм мыгувэу къахэхъуэнущ сабий 700-м нэс зыщIэхуэну еджапIэ. Ар Ватутиным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет курыт еджапIэ № 23-м къатитI-щыуэ къыбгъуращIыхьу, тIури зэхагъэхьэжыну зыхуамурадырщ. Яухуэ еджэпIэщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ, япэ къатри дращIэину хунэсащ. Курыт еджапIэщIэм и паспортым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, абы и пэшхэр хуитщ, дерс щхьэхуэхэр зэрыщрагъэкIуэкIыным тещIыхьауэ. Абы хэтынущ цIыкIухэр IэпщIэлъапщIэным щыхуагъасэ пэшхэр, спортзал, еджакIуэ 300 зэуэ зыщIэхуэну шхапIэ. ШколыщIэр къызэрагъэпэщынущ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ, унэлъащIэхэмкIэ. Школыр щаухуэ хьэблэр Iувщи, ар куэдкIэ сэбэп хъунущ, пэщIэдзэ классхэм щеджэ цIыкIухэри хуиту зыщIэсын яIэнущ. А еджапIэм ирашэлIэнущ зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэри. ЖыпIэнурамэ, егъэджакIуэхэми абыхэм я гъэсэнхэми Iэмал ягъуэтынущ тыншу, зыхуей хуэзэу я Iуэху ящIэну. КЪАНКЪУЛ Зазий.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2025 - 12:26 →
НыбжьыщIэхэм я къэралпсо зэпеуэм
26.04.2025 - 10:01 →
ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
25.04.2025 - 17:03 →
Дзэпщ
25.04.2025 - 15:33 →
Дамыгъэ нэхъыщхьэ
25.04.2025 - 15:20 →
Адыгэ ныпым и махуэр зэдагъэлъапIэ
|