Дэтхэнэми езым и хабзэ иIэжщ

ГъэщIэгъуэнщ

ИщхьэIуэкIэ дэ къэдгъэлъэгъуащ хабзэ гущIэгъуншэхэр зэрыщыIэр. Апхуэдэ дыдэу щымытми урохьэлIэ, дэ къызэрытлъытэмкIэ, акъылыншагъэм къигъэщIахэми. Псалъэм и хьэтыркIэ, дэ дгъафIэ Сауд Хьэрыпым цIыхухъу дохутырхэр цIыхубзхэм къеузыр къахутэн дэнэ къэна, абыхэм еплъ хъунукъым. Уи гугъэнщ цIыхубз дохутырхэм фIэкIа къахуэмынэжу, арщхьэкIэ Iуэхур хэкIыпIэншэ зыщIыр бзылъхугъэхэм апхуэдэ IэщIагъэ зрагъэгъуэтыну зэрыхуимытырщ. Хэт атIэ сымаджэхэм еIэзэнур? Мис аращ хабзэ мыхъумыщIэм узыхуишэр.
Хабзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къулейщ США-р. Абы и штат къэс езым и хабзэ иIэжщ. Языныкъуэхэр телъыджэ дыдэщ. ФыхуэтщIынти абыхэм щыгъуазэ. 

ЖэмитI уимыIэмэ….

Калифорние штатым щыщщ Блайт къалэр. Къалэшхуэу ябж – цIыху мин 20-м щIигъу щопсэу. Инщ, сыту жыпIэмэ, америкэм цIыхуипщI фIэкIа зыдэмыс жылэри къалэхэм щыхабжэри. Ауэ аракъым Iуэхур. Мыбы щызекIуэ хабзэм ипкъ иткIэ, ковбой шырыкъу лъатIагъэ хъунукъым жэмитI нэхърэ нэхъ мащIэ зиIэхэм. 
НаIуэу зэрыщытщи, а псэущхьэ угъурлыхэр иужь зэманым куэдым зэрахуэжыркъым, арщхьэкIэ ковбойхэм щхьэкIэ къагупсыса шырыкъухэр лъатIэгъэну куэдым яфIэфIщ. Мис абыхэм папщIэ кърагъэжьащ мы хабзэр. ЯпэщIыкIэ укъагъэувыIэнурэ къоупщIынущ жэмитI уиIэрэ уимыIэрэ. Абы щыхьэт техъуэ дэфтэр умыIыгъмэ, къотхьэкъунущ. Къалэм удэкIыжмэ, шырыкъухэр лъыптIэгъэж хъунущ. 

Умыджалэ къудей! 

Кентукки штатыр фадафэхэм я дежкIэ жэнэтщ. Мы щIыналъэм щызекIуэ хабзэм ипкъ иткIэ, мыбы цIыхур чэфу къыщалъытэркъым, ар... мыджалэу зэфIэтыфмэ! «УзэфIэт?» - «СызэфIэтщ!» - «АтIэ абы щыгъуэм учэфкъым!»  мис апхуэдэ хабзэм щытетщ Кентукки. АрщхьэкIэ уукIуриямэ, къыпхуагъэгъунукъым: абы щыгъуэм учэфщ икIи хабзэм уелъэпэуауэ къалъытэнущ. Аращи, зыпIыгъын хуейщ – итIанэ зыри къотхьэкъунукъым.

Нэхъ щабэу къыббгъэдыхьэнущ.

Кентукки хуэмыдэу, Нью-Йорк штатым чэф зыгъуэтам нэхъ щабэу щыбгъэдохьэ. Мыбы къыщалъытэ цIыхум илэжьа щIэпхъаджагъэр чэф зэриIам и зэрану. Псалъэм и хьэтыркIэ, Британием и цIыхум мыбы кIэрахъуэ щигъэуат цIыхухэр Iуву щызэхэт щIыпIэм. Абы тезыр хьэлъэ къилэжьат икIи дуней хуитыр зыкъомрэ илъагъуну къыщIэкIынутэкъым, арщхьэкIэ, и насыпти, илэжьа щIэпхъаджагъэр фадэр къызэрехьэлъэкIам и зэрану къалъытащ. Апхуэдэ щIыкIэкIи тезырыр куэдкIэ ягъэщэбащ. 
Миссури штатым щыщ Сент-Луис узыхуейм хуэдиз фадэ ущефэну ухуитщ, ауэ цIыху зекIуапIэм къыбгъурыт тетIысхьэпIэм утесу пивэ зэрыт пэгуным ущыхэф хъунукъым. Абдеж дыдэм птулькIэр е нэгъуэщI кумбыгъэр щыбгъэщIей мэхъу, ауэ пэгуныр къыщыпхуадэнукъым. Фэ фыдыхьэшхынщ, ауэ судым къуэншам тралъхьэну тезырыр зыхуэдэм теухуа унафэ къыщищтэкIэ, а зи гугъу тщIы хабзэхэрщ къигъэсэбэпыр. Техас закъык1эригъэхуркъым.
США-м и нэхъ штат гъэщIэгъуэнхэм ящыщщ Техас. Мыбы хамэхэр, журтхэм я диныр зыIыгъхэр фIыуэ щалъагъуркъым. Езыхэр хуабжьу яфIэфIу йофэ, арщхьэкIэ фадэр я унэ щаIыгъ хъуркъым. Техас щыщ щIалэхэр апхуэдэу хуиткъым гъущI кIапсэхэр зэрызэпаупщI Iэдэхэр къыздрахьэкIыну. Зы мыхъуу кIэрахъуитI, уеблэмэ, фоч яIыгъ хъунущ. Хэбгъэзыхьмэ, топ къыздралъэфэкIми, зыри къыжраIэнукъым, ауэ Iэдэ зыIыгъхэр жэуапым ирашэлIэнущ!
А хабзэр къызэрежьэрэ зыкъом щIащ – абы щыгъуэм мы щIыпIэм КъухьэпIэ ХьэкIэкхъуэкIэкIэ еджэрт икIи абы захуагъэ хэлът. Жэмхэр щагъэхъурт, гъущIкIкапсэ бжыхьхэмкIэ къэухъуреихьа щIыпIэхэм. Ахэр ядыгъурт, гъущI кIапсэхэр зи гугъу тщIы IэдэхэмкIэ зэпаупщIурэ. ЯпэщIыкIэ жэмхэр къэбдыгъу мыхъуну хабзэ ягъэуващ, ауэ абы щытыкIэр иригъэфIэкIуакъым. Апхуэдэу щыхъум Iэдэхэр къыздрахьэкIыну хуит зымыщI унафэ къащтащ. Абы лъандэрэ дыгъуакIуэхэм Iэщ ядыгъужыфыркъым. 

Абы и закъуэкъым…

Пенсильвание штатми жэмхэр фIыуэ щалъагъу икIи щахъумэ. Къуажэ гъуэгухэм къатехутэ машинэхэр зезыгъакIуэхэм я техникэр зы миль якIухукIэ къагъэувыIэурэ, хьэрэкIытIэ щыдрагъэуеин, иужькIэ гъунэгъуу къыщызыкIухь жэмыр блэкIыным дакъикъипщIкIэ ежьэн хуейщ. Ар Iуэху тыншкъым: зы миль пкIухукIэ а псоми къытебгъэзэжыну. АрщхьэкIэ ар мыбы щызекIуэ хабзэщ. 
Мис а Пенсильвание дыдэм зы унэм щыпсэу хъунукъым цIыхубз 16-м щIигъу. Бзылъхугъэ 16-м нэхърэ нэхъыбэ зыщIэсыр мыбы къэхьпэщу къыщалъытэ. Нэхъ мащIэмэ, псори щызэгурыIуэ унагъуэшхуэщ е дакIуэхэр зыщIэс лъэщапIэщ.

Къыщыбгъауэ хъунукъым

КалифорниемкIэ дгъэзэжынщи, мыбы кино щытрах къудейкъым, атIэ икIи хуит щащIыркъым я щIыналъэм... атом бомбэхэр къыщагъауэу. 1950 гъэхэм гъунэгъу Невадэм а Iэщэ шынагъуэр щыщагъэунэхум гупщIэ уз хахати, ядернэ Iэщэ къагъауэу хуит зымыщI хабзэ ягъэувын хуей хъуащ. Ар къызэпызыудым США-м и доллар 500-кIэ етхьэкъунущ. Мис апхуэдэущ Iэщэншэ зыщIыным щIэбэнын зэрыхуейр.
Дэ нэгъуэщI штатхэм щызекIуэ адрей хабзэхэм я гугъу тхуэщIакъым, ауэ фи фIэщ фщIы абыхэм я нэхъыбэри зэрытелъыджэр. 

МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд.
Поделиться: