Дыгъэр зэпымыууэ къауфэрэзыхь планетэхэм, абыхэм къадекIуэкI спутникхэм. ЩIы хъурейм тетыр зэрылъатэр а «гъуэжь цIыкIурщ». Къаруушхуэ щIэлъщ абы и нурым.
Дыгъэм и къуэпсыр цIыхум и пкъым хохьэ, и гукъыдэжыр къеIэт, нэфIэгуфIэ ещI, и бзий хуабэхэмкIэ къодэхащIэ, уи щхьэщыгум къиувамэ ущIэращIэу къыпщохъу. Ауэ дегупсысу пIэрэ апхуэдизу фIыуэ тлъагъу дыгъэм и зэран къызэрыдэкIми?!
ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, цIыху къэс и Iэпкълъэпкъым лышх узыр итщ. Ар къызэщIэхъеиным щхьэусыгъуэ хуэхъуар Iэпкълъэпкъым пщтыру къылъэIэсыращ. Псалъэм папщIэ, цIыхум псы пщтыркIэ зигъэпскIыреймэ е дыгъэм куэдрэ хэлъу щытмэ, Iэмал имыIэу лышх узыр къэхъеинущ икIи псынщIэ дыдэу Iэпкълъэпкъым зригуэшэнущ.
ЦIыхум и щIыфэр хуэныкъуэщ витамин «Д». А витаминыр дыгъэ бзийхэращ зыхэлъыр. ЗэрыгурыкIуэгъуэщи дыгъэ зегъэун хуейщ, ауэ махуэм къриубыдэу нэхъыбэ мыхъуу. А хабзэм ебэкъуахэм ягъэунэхуащ ар зищIысыр – щIыфэр дыгъэм ес псыбыб мэхъу. Абы дежи къыщыувыIэркъым щIыфэ лышх уз шынагъуэр къохъей. Псом хуэмыдэу ар хуэлъэщ зи щIыфэм анэл куэд тетым.
ЩIылъэм къытридзэ дыгъэ бзийр икъукIэ гуащIэщ икIи озоныр щымыIатэмэ, щIыгум зы цIыхуи, къэкIыгъи, псэущхьи къэмынэу трисыкIынут. Ауэ, зэрытщIэщи, абы щхьэкIэ къэмынэу, гъэмахуэм апхуэдизкIэ дыгъэм мэзхэр къегъэплъыри, мафIэсышхуэхэр къохъу. Езы мафIэсым нэхърэ нэхъ шынагъуэжщ къыкIэлъыкIуэр. Iугъуэм, Iэгъуэблагъэм къыщымынэу, щIыпIэ жыжьэкIэ зеубгъу, абы цIыхухэр мыбэуэфу егъэмэх щитхьэли къохъу.
ЦIыхухэм гу лъатащ гъэ къэс гъэмахуэр кIуэ пэтми нэхъ хуабэ зэрыхъум. Дохутырхэм зэпымыууэ жаIэ дыгъэм куэдрэ дыхэт зэрымыхъунур. Абыхэм едаIуи къызыфIэмыIуэхуи щыIэщ. Тэмэмыр - хэзыщIыкIхэм жаIэм едэIуэнырщ. КъэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, дыгъэр кIуэ пэтми ЩIым нэхъ гъунэгъу къыхуохъу, ауэ абы апхуэдэу мыхьэнэшхуэ иIэкъым. Сыту жыпIэмэ, илъэс мелард бжыгъэ куэд иIэщ ар ЩIым гъунэгъу дыдэ къыхуэхъуным. АпщIондэхукIэ цIыхум и гъащIэмрэ и зэфIэкIымрэ зэрыхъунур зыщIэр хэт?! А зэманыр къэсмэ жаIэжыну пIэрэ гъафIэныцIэу? «Си дыгъэ»?