«ЛIыхъужьхэм я фэеплъ-2020»ТекIуэныгъэ Иныр илъэс Урысей Федерацэм 2020 гъэр щагъэуващ Фэеплъымрэ щIыхьымрэ я илъэсу. Абы ехьэлIа дауэдапщэхэр къэралым щегъэкIуэкIыным хыхьэу къызэрагъэпэщащ «ЛIыхъужьхэм я фэеплъу» къэралпсо проектыр. Абы и мурад нэхъыщхьэр а цIэ лъапIэр Хэку зауэшхуэм къыщагъэлъэгъуа хахуагъэкIэ къэзыхьахэр, апхуэдэуи тылым щылэжьахэр гъэлъэпIэнырщ, абыхэм я фэеплъыр хъумэнырщ. Проектыр хуэунэтIащ къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, а Iуэхум иджырей мультимедийнэ Iэмалхэри къыщыгъэсэбэпыным. https://www.youtube.com/watch?v=pHhmoJAELnU&list=PLVoWEuVfJ6sAEebzvOJnGa... Абы нэмыщI, «ЛIыхъужьхэм я фэеплъу» проектым хыхьэу ирагъэжьащ цIыхубэ эстафетэри. Абы хыхьэ хъунущ ди щIыналъэм щыщ дэтхэнэри, Хэку зауэшхуэм хэта и Iыхьлыхэм зэрахьа хахуагъэм теухуа хъыбархэр хэIущIыIу зыщIыну хуейхэр. Видео трахар «ЛIыхъужьхэм я фэеплъ-2020» проектым и хештегыр тету социальнэ сетхэм иралъхьэн хуейуэ аращ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




