Лъабжьэр зыгъэтIылъахэр

ГъащIэ къигъэщIам ириплъэж цIыхум дежкIэ илъэс бжыгъэ хэIэтыкIар и блэкIар къыщипщытэж гъэунэхугъуэщ. Сыт хужыпIэфынур и гъащIэ псом зы IэнатIэм Iуту зы IэщIагъэм ирилэжьа цIыхум? Алыхьталэм къыдилъхуа зэфIэкIымрэ и гуащIэр зрипха лэжьыгъэмрэ зэзыгъэуIуфар насыпыфIэщ, гъащIэм и адрей нэщэнэхэр къэгъэнауэ.

Iэщым я  узыншагъэм еIэзэ медицинэмкIэ  Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ центрым и Тэрч къудамэм щыщу Болэтей  къуажэм дэтым и унафэщI Пэщол Хьэмыщэ Егъурбий и къуэм и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъуащ фокIадэм и 12-м. ИгъэлъапIэ ныбжьым и мызакъуэу, Хьэмыщэ Iэщ дохутыру лэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэс 65-рэ дэкIащ.

Аращ махуэ къэс дыгъэм къыдэтэджу и ерыскъыр къызыбгъэдих, зи бзэр мыпсалъэ жэмыр, мэлыр, бжэныр, джэдыр зыхуей хуэзыгъазэ IэщIагъэлIыр зи цIэр дунейм и кIапэ псоми нэIуса тхакIуэхэм, сурэтыщIхэм, макъамэтххэм, дзэзешэхэм, лIыхъужьхэм къащIыкIэрымыхур. А Iуэхугъуэр Пэщол Хьэмыщэ щехьэлIам деж, жытIэр зэрыпэжым шэч закъуи къыхэхуэркъым.     

Iыхьлы-благъэхэм фIыуэ зэралъагъум, къуажэгъухэм, къызыдэкIа районымрэ республикэмрэ пщIэшхуэ къызэрыщыхуащIым къыдэкIуэу, мызэ-мытIэу къэрал саугъэткIэ ягъэлъэпIа тхьэмадэм дежкIэ махуэшхуэ щытхъупсыр щIэщыгъуэкъым, ар къызэрилэжьам и лъэужьыр езым къызэринэкIа гъуэгуанэм теплъагъукIыу щытми. Нэхъыжьым къылъагъэса жьантIэр зэрыхуэфащэм и нэщэнэу щыIэр зыщ: абы нэхъыщIэхэр къыдоплъей, и цIыху хэтыкIэр гъащIэ хабзэу къащтэ. А лъэныкъуэмкIэ Пэщол Хьэмыщэ ущIехъуэпсэн щхьэусыгъуэ куэд щыIэщ.  

Зы IэнатIэм апхуэдэ пIалъэ кIыхькIэ ухуэпэжын папщIэ, япэрауэ, уи IэщIагъэр фIыуэ плъагъун хуейщ. ЕтIуанэрауэ, напэ зиIэ, жэуаплыныгъэ зыхэлъ цIыху къабзэу узэрыщытыр къыбдалъагъупхъэщ. А псор Пэщол Хьэмыщэ зэрыхэлъырщ нэхъыжьыфIыр Болэтей дэт ветеранхэм я IуэхущIапIэмрэ абы и унафэщI Наурзокъуэ Анатолийрэ ягъэлъэпIэн жэрдэмыр къыщIыхалъхьар.  

Школыр къиуха нэужь, Пэщол Хьэмыщэ Германием щыIэу совет армэм къулыкъу щищIащ. Ауэ бэнэным дихьэх щIалэм  спорт IуэхукIэ сэкъат игъуэтри, и армэ щыIэныр зы илъэскIэ зэфIэкIауэ щытащ.  Iэщ дохутырхэр щагъэхьэзыр, Армавир дэт зооветеринар техникумыр къиуха нэужь, и IэнатIэм пэрыхьауэ щытащ Пэщолыр. АдэкIэ КъБКъУ-м и «ветеринария» къудамэм щIэтIысхьэжри, ари ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. А зэманым ирихьэлIэу щIалэр унагъуэ хъуауэ сабиищ ипIырт. Лэжьыгъэм псынщIэу хэгъуэза Хьэмыщэ Болэтей къуажэр зэрыцIэрыIуэу щыта «Заря коммунизма» колхозым и Iэщыщхьэр бэгъуэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ и зэманыгъуэм. Нобэ а цIыхубэ зэгухьэныгъэхэр щымыIэж щхьэкIэ, къуажэхэр зэтеувэн папщIэ мыхьэнэшхуэ яIащ колхозхэмрэ совхозхэмрэ.    

1997 гъэ лъандэрэ нобэр къыздэсым мэлажьэ Пэщол Хьэмыщэ Болэтей ветеринар участкэм и унафэщIу. Зи IэнатIэр къызыфIэIуэху дохутырыр дэтхэнэ цIыхури узыншэным зэрыхущIэкъум хуэдабзэщ жэуаплыныгъэ зыхэлъ Iэщ дохутырым и лэжьэкIэри. Унащхьэ чэзууэ къуажэр къызэхэкIухьын, унагъуэ псэущхьэхэм я щытыкIэр тэмэму щытын папщIэ ехьэлIапхъэхэр убзыхун, ахэр къызэрагъуэтыну IэмалхэмкIэ чэнджэщ етын - куэд мэхъу Iэщ дохутырым и пщэ къыдэхуэ къалэнхэр. И ныбжьыр зэрыхэкIуатэрэ, Хьэмыщэ езым и Iэзагъыр щIалэгъуалэм зэрабгъэдилъхьэным хущIокъу.  

2019 гъэм КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ Пэщол Хьэмыщэ къыхуагъэфэщауэ щытащ Къбэрдей-Балъкъэрым и ЩIыхь тхылъыр. «Илъэс куэдкIэ и гуащIэр лэжьыгъэм хилъхьэу и къалэныр зэрырихьэкIам папщIэ», - дыкъыщоджэ ЩIыхь тхылъым и гуэдзэным.  И лэжьыгъэм хуэпэж нэхъыжьыфIым «адыгэ лъэпкъыр ефIэкIуэным хилъхьа къарум папщIэ»  Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ЩIыхь тхылъ 2022 гъэм къыхуагъэфэщащ.

КъызыдэкIа къуажэми Тэрч районми пщIэ хэха къыщыхуащI Пэщол  Хьэмыщэ. Ди къэралыр нобэ зыIут IэнатIэм тепщIыхьмэ, зи сабиигъуэр зауэ лъэхъэнэм хиубыда тхьэмадэм нэхъыщIэхэм яжриIэжын гукъэкIыж и мащIэкъым.  Зи адэр зауэм хэкIуэда щIалэ цIыкIур зеиншэу къэна адрей анэкъилъхухэм я гъусэу фызабэм зэрипIар урикъунщ. Илъэс 65-м щIигъуауэ Iэщ дохутыру мэлажьэ жытIэ щхьэкIэ, зи щIакхъуэ Iыхьэр тыншу къызыIэрымыхьа  Пэщолым  илъэс 12-м иту лэжьэн щIидзауэ щытащ, зэм машинэ-трактор станцым щыIэпыдзлъэпыдзу, зэми губгъуэм ит комбайнерхэм ядэIэпыкъуу. Зэман гугъут жаIэми, сабиигъуэмрэ щIалэгъуэмрэ гукъэкIыж IэфI къыхуздезымыхьэкI щыIэ къыщIэкIынкъым. НыбжьыщIэу щыщытам, Хьэмыщэ школакIуэхэм тралъхьэу щыта  трудоденыр зэригъэзэщIам папщIэ Iэпщэ сыхьэт тыгъэ къыхуащIауэ щытащ. 

Нобэ республикэм ис Iэщ дохутырхэм я нэхъ Iэзэхэм хабжэ Пэщол Хьэмыщэ КъБР-м и ветеринар IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм я советым хэтщ. Ар къызэрилэжьар езым бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ Iэзагъымрэщ, цIыху хэтыкIэмрэ дуней тетыкIэмрэщ.

Пэщолхэ Хьэмыщэрэ Клавэрэ зэгъусэу илъэс  49-рэ къызэдагъэщIауэ, цIыху Iэщабэ-Iущабэу щыта унэгуащэр дунейм ехыжащ. Зэщхьэгъусэхэм зэдапIа  и къуищымрэ хъыджэбзымрэ уи щхьэр лъагэу щIэпIэтын цIыху къазэрыхэкIар Хьэмыщэ и гурыфIыгъуэщ. ЩIалэ нэхъыжь Алешэ Афганистаным къулыкъу щрихьэкIащ. Залинэ КъБКъУ-м экономикэмкIэ и факультетыр къиухащ, адрей щIалитIыр щIым йолэжь, гъавэ кърахьэлIэ. Къуэрылъху- пхъурылъхуу 10-рэ абыхэм я быныжу 9-рэ къепщIэкIауэ псэу нэхъыжьыфIыр Тхьэм куэдрэ узыншэу и щIэблэм ящхьэщигъэт.  

«Лэжьыгъэм и ветеран» цIэ лъапIэмрэ медалымрэ, «Лэжьыгъэм хилъхьа гуащIэм папщIэ» медалыр, КъБР-м Мэкъумэш IуэхухэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъ зыбжанэрэ Тэрч районым и администрацэм къызэрыхигъэща саугъэтхэмрэ - куэд мэхъу къуажэдэсхэм Пэщол Хьэмыщэ хуабла блын гъэщIэрэщIам ихуа дамыгъэхэр. Ауэ зи уасэр хэмыщIыну саугъэту абы иIэщ и напэ къабзэмрэ къызэринэкIа гъащIэ гъуэгуанэмрэ, улажьэрэ ушхэжу дунейм утетыным нэхърэ нэхъыфI зэрыщымыIэр зыхипща и бынхэмрэ къызыдэкIа къуажэм къыщраIуэ и цIэ дахэмрэ. Сыт хуэдиз лIыгъэ къызыкъуумыхми, «цIыху хуэдэу къытхэтщ» псалъэм нэхърэ нэхъ лъапIэ дэнэ къипхын?! Ар къэзылэжьа нэхъыжьыфIым дэри къыдбгъэдэкIыу узыншагъэ быдэрэ гъащIэ гупсэхукIэ Алыхьыр къыхуэупсэну дохъуэхъу. Адыгэр щIэадыгэжыр Пэщол Хьэмыщэ хуэдэ цIыхухэрщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: