ЛIэщIыгъуэ гъуэгуанэ

Адыгэхэми, нэгъуэщI лъэпкъ цIыкIухэми тхыбзэ яIэжынымкIэ лъэкIыныгъэ къэзытар Совет властращ. Абы япэ дыдэ къищта унафэхэм я пажэр «РСФСР-м щыпсэухэм я щIэныгъэншагъэр гъэкIуэдынрат». 
...1918 гъэм Баталпашинск урысыбзэкIэ газет къыщыдэкIын щIедзэ. Ауэ къызэ¬рыунэхуам хуэдэ дыдэу, псынщIэу мэкIуэдыж. 

1922 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс автоном областыр къыщызэрагъэпэщым, лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр Москва кIуэ зэпыту щIадзащ, газет къыдагъэкIыну хуитыныгъэм щIэлъэIуу. ИкIи а илъэс дыдэм областым урысыбзэкIэ къыщыдэкIын щIидзащ «Горская беднота» газетыр. Ауэ ари къыдэкIыгъуэ 24-рэ фIэкIа ду¬нейм къытемыхьэу, зэхуащIыжащ. 
1924 гъэм областым урысыбзэкIэ къыщыдэкIын щрегъажьэ «Горская жизнь» газетым, къэрэшеибзэкIэ зы напи гуэдзауэ. Абы урысхэри къэрэшейхэри арэзы ищIыртэкъыми, номерищ фIэкIа къыдэмыкIыу, зэхуащIыж. 
Абы щыгъуэм - I924 гъэм и шыщхьэуIу мазэм адыгэхэмрэ къэрэшейхэмрэ зэгуроIуэ я газетхэр хьэрыпыбзэкIэ къыдагъэкIыну. Москва макIуэри, хьэрып хьэрфхэр зыIэрагъэхьэ. Иужьым, мазэ бжыгъэкIэ къалъыхъуэ къыдэзыгъэкIыну лэжьакIуэхэр, псэуалъэхэр. ИкIэм-икIэжым, I924 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм дунейм къытохьэ «Горская беднота» - урысыбзэкIэ, «Адыгэ псэукIэ» - адыгэбзэкIэ, «Таулу Джашау» - къэрэшеибзэкIэ газетхэр. 
КъыдэкIын щIадза щхьэкIэ, ахэр гугъуехь инхэм зэуэ хэхуащ. Хьэрыпыбзэ зыщIэр зырызыххэт. Газетыр зыгъэхьэзырыр, е жэуап зыхь секретарыр сымаджэ хъуамэ, къыдэкIыртэкъым. НэхъыкIэжыр арати, къыдэкIам цIыхухэр еджэфыртэкъым, ефэндыхэм я нэхъыбэми къикIыр къагурыIуэртэкъым. 
Газетым и къызэгъэпэщакIуэхэм ящIа щыуагъэ¬хэр къагурыIуэжри, а щытыкIэ хьэлъэм къикIа зэрыхъуным куэдрэ егупсысащ. ИкIи, илъэситху дэкIа нэ¬ужь, латиным хуэкIуэну мурад ящIащ. Ауэ ари къызэрыкIуэ Iуэхутэкъым: латинкIэ алыфбей, грамматикэ зэхэплъхьэн хуейт, ти-пографиеv щIэтынухэри газетым и лэжьакIуэхэри щIэрыщIэу ебгъэджэжын хуейт, псом нэхърэ нэхъыщхьэр щIэджыкIакIуэхэрати, абы-хэми ябгъэцIыхун хуейт. 
Дауэ щытми, I929 гъэм латин хьэрфхэмкIэ газет¬хэр къыдэкIыу щIидзащ. ИкIэм-икIэжым, I938 гъэм урыс хьэрфхэм хуэкIуэри, псори тыншыжащ. 
Адыгэ газетым абазэ, нэгъуей лъэпкъхэм я газетхэ¬ри щIыгъуу къыдэкIыу щытащ. Илъэс гуэрхэм урыс газетри «Черкес Плъыжь» газетым и гуэдзэу къыдэкIыу гъэпсауэ щытащ. АбыкIи нэрылъагъущ ди адыгэ газе¬тым областым пашэныгъэр зэрыщиIыгъар - бзиплIымкIи къыдэкIырт! 
АтIэ, дауэрэ гугъуу щы¬мытами, адыгэхэм ди насыпышхуэт лъэпкъым и газет иIэж зэрыхъуар. 
... Газетым и илъэсищэ гъуэгуанэм уриплъэжмэ, архив тхылъхэм уахэплъэжмэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым ди япэрей газетхэр къыдэзыгъэкIахэм гугъуехьу ягъэвар. Газетыр къыдэгъэкIыным пыщIа гугъусыгъухэм къадэкIуэрт редакторхэр зэ¬рамыгъэлажьэр. Iуэхум хэ-зэгъа, газетым и лъэр игъэува къудейуэ, щхьэусыгъуэ гуэр къыхуагъуэтырти, трагъэкIырт. ЗэрытрагъэкIым удэкIуэтэнт, лажьи-хьэкъи ямыIэу «хэ¬кум епцIыжа» статьяр къыхукъуахырти, укI тралъхьэрт, ягъэкIуэдырт, хьэпсым ирадзэрт. 
1924 гъэм къыщыщIэдзауэ I938 гъэ пщIондэ - а илъэс I4-м къриубыдэу ре¬дактори 6-м я щхьэр адыгэ газетым хуагъэтIылъащ! Абыхэм ящыщ дэтхэнэри псэе¬мыблэжу лъэпкъым хуэлэ¬жьащ. Ахэр зыхущIэкъуар лъэпкъым щIэныгъэ бгъэ¬дэлъынрат. Дэтхэнэми и фэеплъыр мыкIуэдыжынщ, щIыхь къызэрымыкIуэ зы¬пылъщ. 
... Нобэ сыт и щытыкIэ, сыт и дуней ди адыгэ газе¬тым? Хьэкъыр зыщ: редакцэм ущIыхьэмэ, уи гур хохъуэ. Журналистхэр щолажьэ къабзэлъабзэу зэлъыIуха, сыткIи къызэгъэпэща пэшхэм, дэтхэнэми и пащхьэ итщ компьютер, сыт хуэдэ техникэкIи узэдащ... Уредакторыну шынагъуэ гуэри щыIэжкъым. Гупым я гур етауэ, газетыр фIы зэрыхъу¬ным гуащIэшхуэ халъхьэ. ИкIи къадохъу. 
Псом нэхърэ нэхъыщхьэжыр аращи, адыгэ лъэпкъым илъэ¬сищэ хъуауэ къыдэгъуэгурыкIуэ газетым я псэри ягури хэлъщ. Ар нэрылъагъущ я лэжьыгъэ уасэншэхэмкIэ.

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар НащIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также: