Чэф зиIэхэм я зэранкIэ
2024 гъэр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и автоинспекторхэм яубыдащ чэф яIэу машинэ зезыхуэ цIыху 1400-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ нэхъапэIуэкIи апхуэдэ IуэхукIэ тезыр зытралъхьа цIыху 240-рэ. Чэф яIэу рулым дэсхэм я зэранкIэ зэжьэхэуэ куэд къохь, цIыху куэди хокIуадэ. Афиянымрэ фадэмрэ нэм тэмэму имылъагъуу ящI, щхьэр ягъэлажьэркъым, гулъытэм кIэрагъэху, плъыфэхэми «зрагъэхъуэж», хуэму узекIуэу къыпщагъэхъу. Мы гъэр къызэрихьэрэ щIыналъэм къыщыхъуа машинэ зэжьэхэуэхэм я бжыгъэм щыщу 22-р къызыхэкIар фадэрщ. Абыхэм хэкIуэдащ цIыхуи 9, фэбжь зэмылIэужьыгъуэхэр хахащ 21-м. МВД-м КъБР-м щиIэ къудамэм и Госавтоинспекцэм къет чэф иIэу машинэм дэтIысхьэхэмрэ чэфыр къахутэнымкIэ ирагъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэр зымыдэхэмрэ тезыру сом мин 30 зэрырагъэтыр, илъэситIкIэ машинэм дэтIысхьэну хуимыту я тхылъхэр зэрыIахыр. ЕтIуанэу а щыуагъэ дыдэр зылэжьхэм тезыру сом мин 200-300 ирагъэтынущ, илъэси 2-кIэ машинэ зэрихуэну хуимыту и тхылъыр трахынущ, къинэмыщIауэ, илъэси 3-кIэ пэрытынущ судым хуигъэлъэгъуэну лэжьыгъэм. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2026 - 14:45 →
УпщIэхэм я жэуапым ущылъыхъуэкIэ
19.05.2026 - 14:43 →
И IэщIагъэр пасэу къыхихащ
19.05.2026 - 13:42 →
Сытым сызэрихуэрэт?
19.05.2026 - 10:01 →
И IэщIагъэр и псэм и щытыкIэщ
19.05.2026 - 09:58 →
Ухуэныгъэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ
| ||




