Жыг хадэхэрДи нанэ и хадэм имыт щыIэжтэкъым. МыIэрысей, кхъужьей, пхъэгулъей, хуэрэджей жыгхэр лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщыкIыу, балий жыпIэн, шэдыгъуэ (черешня) плъыжь, хужь ухуей?! МэракIуэ гуакIуэр, щхъырыб, санэ хужьрэ фIыцIэрэ… А псом ефIэкIыжырт жызумыр. Ари лIэужьыгъуэ куэд хъурт: хъурейуэ, кIыхьу, пIащэу, жьгъейуэ, IэпэдэупIэ имыIэу къудамэм зэкIэрысу тету, фIыцIэу, нэхъ плъыжьыфэу, хужьу. Дэтхэнэми езым и гурыхьагъ иIэжт, зэщхьтэкъым. Дэтхэнэми и IэфIагъыр нобэми си Iум ит хуэдэу щытщ, ауэ абыхэм я цIэхэр, ди жагъуэ зэрыхъущи, тIэщIэхужащ. Нэхъ хьэлэмэтращи, абыхэм ящыщ гуэри тыкуэнщапIэхэм нобэ сыщрихьэлIэркъым. Сыт хуэдэ атIэ иджыпсту ящэр, ягъэкIыр? Мы зэманым ди къэралым жызумыр щыхаса и щIыпIэхэр щIы гектар мини 105-м щыщIегъу, адэкIи абыхэм зрагъэубгъуну я мурадщ. Жызум хасэхэм я федеральнэ реестрым зэритымкIэ, нэхъыбэу зэлэжь лъэпкъыгъуэхэм ящыщщ Ркацители, Каберне Совиньон, Шардоне. Мы гъэм жызум хадэхэм иджыри щIы гектар мини 6-м нэблагъэ къыхагъэхъуэнущ. АбыкIэ щIэгъэкъуэныфIщ 2030 гъэ пщIондэ тещIыхьауэ «Жызум гъэкIынымрэ шагъыр щIынымрэ зегъэужьыным и IуэхукIэ» щыIэ федеральнэ лэжьыгъэ убзыхуар. Дызэрыт илъэсым и япэ мазищым къэралым шагъырым щелэжьхэм дал мелуан 16,5-м нэблагъэ къыщIагъэкIауэ къапщытащ. Шагъыр пщIыпщIу (игристый) - дал мелуани 3,2-рэ (процент 42,7-кIэ нэхъыбэщ), шэрыб (газ) зыхэмыту - дал мелуани 7,1-рэ (процент 25,8-кIэ нэхъыбэщ). Нэхъ и пэкIэ дыIэбэжынщи, 1985 гъэм къыщыщIэдзауэ фадэм цIыхухэр пэIэщIэ ящIын папщIэ, къыхалъхьауэ щытат жызум хадэхэр ягъэкIуэдыжыну. Къэбэрдей-Балъкъэрми абы щыгъуэм хуэдэ 65-кIэ ар щагъэмэщIат. А IэнатIэм зегъэужьыжыныр щаублар 2007 гъэращ. Псоми ящIэж Тэрч районым хыхьэ Курп Ищхъэрэ (Къаншыуей) къуажэм жызум совхоз зэриIар. Ар къагъэщIэрэщIэжыну я мураду гектар 50-м нэблагъэ къызэщIиубыдэу жызум хадэшхуэ щагъэтIысат. ЩIыIэм щымышынэ «Левокумский» жызум лъэпкъыгъуэм щыщ хасат, коньяк спирт къыхащIыкIыну. АрщхьэкIэ щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, абы елэжь IуэхущIапIэ дызэримыIэри яхэту, къыхэкIыу жызум хадэшхуэр гулъытэншэ хъужащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2009 гъэм хадэм ехъулIэныгъэфIхэр иIат, зы гектарым тонни 7,4-рэ къытрахауэ. Къапщтэмэ, ар хуэдитIкIэ нэхъыбэт 1970-1980 гъэхэм зрагъэхъулIэфу щытам нэхърэ. Мы Iуэхум ехьэлIауэ, къэралым и ехъулIэныгъэхэм я гугъу пщIымэ, къыхагъэщ илъэс етIуанэ хъуауэ жызумыр бэву къызэрыпачыжыр. Росстатым зэритхымкIэ, нэгъабэ тонн мин 882-м щIигъуащ кърахьэлIэжар. Къапщтэмэ, ди щIыналъэм иужьрей илъэсхэм щогугъу псынщIэу къызыпыкIэ жыг хадэхэр гъэкIынми. Псом хуэмыдэу мыIэрысэ, кхъужь, пхъэгулъ, балий, мэракIуэ ягъэкI. 2024 гъэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу, пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэрэ щыхасэ и щIыпIэхэм гектар мин 26,4-рэ яубыд. Абы щыщу гектар мин 23-р яIыгъщ псынщIэу къызыпыкIэ жыгхэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, илъэс зыбжанэ хъуауэ жыг хадэхэр хэсэныр нэхъыфIу къызэхъулIэ щIыналъэхэм ди республикэр зэращыщыр. 2023 гъэм ар Урысей псом пашэ щыхъуащ пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэу къалэжьымкIэ - мэкъумэш IуэхущIапIэхэм, фермер IэнатIэхэм, хьэрычэтыщIэхэм тонн мелуан ныкъуэ щIыналъэм щыIуахыжащ. Мы Iуэхум пылъ псоми къалэжьар зэхэплъхьэмэ, тонн мин 785,9-рэ мэхъу. IэщIагъэлIхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, жыг хадэ щIэныр сэбэп хуохъу щIыналъэм и нэгъуэщI IэнатIэхэми. Псалъэм папщIэ, абы промышленностым зрегъэужь, пхъэщхьэмыщхьэхэр зралъхьэхэр, бетон пкъохэр, уэм зэрыпэщIэт хъыхэр, нэгъуэщIхэри къыщIэгъэкIын хуей зэрыхъур къэплъытэмэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




