Iуэхур къыщежьэр мурадырщСэхъурокъуэ Хьэутий Хьэзрит и къуэр Аруан районым хыхьэ Старэ Шэрэдж (Дохъущыкъуей) къуажэм 1951 гъэм накъыгъэм и 27-м къыщалъхуащ. Абы къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, ВИГИС-м и аспирантурэр (Москва). Ар ветеринар щIэныгъэхэм я кандидатщ, экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, ЩIДАА-м и академикщ. Сэхъурокъуэр къэрал IэнатIэ иIыгъыу къекIуэкIащ. Ар щытащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министру. 2011 гъэм щыщIэдзауэ «Ветеринар, фитосанитар кIэлъыплъыныгъэмкIэ Федеральнэ IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр референт центр» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и унафэщIщ. 2012 гъэ лъандэрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэщ. Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхуагъэфэщащ Зэныбжьэгъугъэм и орденыр, медалхэр. Абы къратащ КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр, КъБР-м и «ЦIыхухэм хуэIухуэщIэ яхузэфIэзых IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр зэрехьэ, «ЛэжьыгъэкIэ псэемыблэжхэр. Урысей» щIыхь дамыгъэр зэрехьэ. Иджыблагъэ КъБР-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэмрэ абы и къэралыгъуэр зэфIэгъэувэнымрэ езым и щхьэкIэ куэд зэрыхищIыхьам икIи жылагъуэ лэжьыгъэм жыджэру зэрыхэтым папщIэ Хьэутий къыхуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденыр. * * * - Сэ адыгэм и лъэпкъ Iуэхум сыпэжыжьэу сыщытауэ зэи схужыIэнукъым, - къыддогуашэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. - 1990 гъэхэм къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэм сыпэрыту Къэбэрдей Хасэм и лэжьыгъэм сыхэтащ, лъэпкъми, адыгэгу зыкIуэцIылъхэми сащымыщу зэи зызбжакъым. Адыгэ Iуэху зепхуэн щхьэкIэ, Iэмал имыIэу Хасэм ухэтын хуейуэ аракъым, атIэ, узыпэрыт къулыкъу, лэжьыгъэ, IэнатIэ елъытауэ дэIэпыкъуэгъу ухъуфынращ нэхъыщхьэр. Ноби си пщэм дэлъ къалэным пылъ жэуаплыныгъэр къызгуроIуэ, ауэ сщIэн хуейхэр жаIэурэ лъэныкъуэкIэ еувэкIыжхэм сахуейкъым, къызбгъурыувэу къыздэлэжьэнщ сызыхуэныкъуэр. Абы папщIэ къэрал, хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр къытхэтщ. Шэч хэмылъу, Iуэхур къыщежьэр гуращэрщ, мурадырщ, псалъэрщ. Ауэ апхуэдиз бэлыхь зытелъа лъэпкъым и лIыгъэр къызэкъуихыу Iуэхум иужь ихьэну игъуэ хъуащ. АбыкIэ сэбэп къытхуэхъунущ ди республикэм и Iэтащхьэри. ИрагъэкIуэкI политикэкIи, экономикэкIи, щэнхабзэкIи, ди лъэпкъэгъухэм къазэрыхущыткIи зэщхьу зы къэрал зэрыщымыIэр дощIэ. А псори къэлъытауэ, а къэралхэм я лIыкIуэу ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм быдэу ядэлэжьапхъэщ. Зы щIыналъэ, зы бзэ, зы хэку, зы хабзэ диIэжу дыпсэунрат нэхъыфIыр, ауэ тхузэфIэкIыр зэдгъэхъулIэурэ дыбэкъуэнщ, ДАХ-р хэхэс псори зэрыгушхуэ зэгухьэныгъэу щыдгъэIэнщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм теухуауэ жыпIэмэ, къэрал къулыкъущIапIэхэм, лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм ядэлажьэурэ адыгэ Iуэхур егъэкIуатэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, ДАХ-м и УставымкIэ, нэхъыщхьэу зиужь дитыпхъэхэм ящыщщ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ди къарухэр зэдгъэуIуу лъэпкъым и псэкупсэ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм зедгъэужьыныр, тхыдэр зэфIэгъэувэжыныр. Абы ехьэлIауэ тхылъ къыдыдогъэкI, фестивалхэр идогъэкIуэкI, лъэпкъылI нэсу къытхэтахэм я фэеплъ пшыхьхэр къызыдогъэпэщ. Ди лIыкIуэхэр хэтщ Урысеймрэ нэгъуэщI къэралхэмрэ адыгэм теухуауэ щекIуэкI зэIущIэхэм, конференцхэм, пшыхьхэм. ДАХ-м и гуащIэ хелъхьэ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм пыщIэныгъэ яхудиIэным, хэкум къэIэпхъуэжхэр лъахэм щекIуэкI гъащIэм хэгъэзэгъэжыным, хэхэсхэм я бзэмрэ я хабзэмрэ яхъумэжыным теухуауэ республикэм щекIуэкI лэжьыгъэм. Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтхэр жэуаплыныгъэ ин пылъу зыпэрыт Iуэхухэм ящыщщ нобэ адыгэбзэм и Iуэху зыIутыр, абы и зыужьыкIэ хъунур, зыуэ щыт литературэбзэ къызэгъэпэщыным ехьэлIахэр. Лъэпкъыр щызыгъэIэж, хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэу абы бгъэдэлъ бзэр хъумэным, ар адэкIи зэредгъэфIэкIуэным теухуа зэIущIэ, щIэныгъэ конференц куэд екIуэкIащ блэкIа илъэсхэм. А Iуэхухэм иджыри къыпыдощэ. Къапщтэмэ, иджыпсту къэрал 50-м щIигъум щыпсэу ди лъэпкъыр зэпызыщIэ лъэмыжщ ди щIалэгъуалэр. Ахэр Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щегъэджэным, хамэ щIыналъэхэм щыпсэу школакIуэхэм адыгэбзэр зэраджын тхылъхэр яхуегъэхьыным, хэхэс сабийхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщегъэгъэпсэхуным, нэгъуэщIхэми ди къарурэ зэфIэкIрэ етхьэлIэ зэпытщ. Сыадыгэщ жызыIэм, псом нэхъыщхьэу хабзэ, адыгагъэ зэрихьэн хуейщ. Абы япэ дыдэу хиубыдэхэр нэхъыжьым и жыIэ щIэтын, зышыIэ пхэлъын, чэнджэщ ущIэдэIун, шыIэныгъэ къыпкъуэкIынырщ. «Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс», - жиIащ адыгэм. Къэрал куэдым щыхэхэс адыгэхэр щызэхыхьэ, щызэчэнджэщ Хасэхэр мэлажьэ. Ауэ а псори зэпхыжар Дунейпсо Адыгэ Хасэращи, абы ищI унафэращ зытетыпхъэр. Ди деж къыщызэхуэсхэм нэмыщI, адыгэ щыпсэу щIыналъэхэр, хэгъэгухэр, къэралхэр зэпыщIэныр, зэлъэгъэIэсыныр ди пщэрылъщ. Дэ зыщыдгъэгъупщэркъым ди лъэпкъым и процент 90-р хамэ щIыпIэхэм ипхъауэ зэрыщытыр, пыщIэныгъэхэр яхудиIэщ адыгэ щыпсэу къэрал псоми, хасэ къудамэхэр щолажьэ ди къуэш нэхъыбэ щыхэхэс щIыпIэхэм. Абыхэм къызэрагъэпэщ Iуэхухэми жыджэру дыхэтщ, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр зэрахъумэм дыщогуфIыкI, дрогушхуэ ди лъэпкъыцIэр фIыкIэ зыгъэIу цIыху цIэрыIуэхэм. Илъэс куэд хъуауэ лажьэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм цIыхухэм хьэкъ ящищIыфауэ си гугъэщ зэманым къыхуигъэув къалэныщIэхэм пэлъэщу, къищтэ унафэхэмкIэ жэуап ихьыжыфу зэрыщытыр. ДяпэкIи апхуэдэущ зэрекIуэкIынур. Си фIэщ мэхъу иджы лажьэ гупым адыгэм IуэхуфI хуилэжьу, хамэ къэралхэм щызэбгрыпхъа зэкъуэшхэр зыщIигъэуIуэу, и хэку цIыкIури, Урысей псори нэхъ лъэщ, быдэ хъун щхьэкIэ и къару емыблэжу зэрылэжьэнур. Дэнэ къэрал щыпсэу адыгэми пщIэ къыхуащIу апхуэдэщи, Тхьэм иригъэфIакIуэ, дэри ди хэкум зедгъэузэщIу, ди лъэпкъ Iуэхухэр дгъэкIуатэу ди къуэшхэм дадэлэжьэнщ. Къэбарт Мирэ.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 13:30 →
Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 13:10 →
Дахэ нэщэнэхэр къызытещхэр
11.11.2025 - 13:00 →
ЩIыуэпсым епха гъэщIэгъуэнхэр
11.11.2025 - 12:30 →
Кувейтым мэлъатэ
11.11.2025 - 12:01 →
Бахъсэн къалэр ягъэдахэ
| ||



