«Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къытхуеблэгъащ Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ, хьэрычэтыщIэ Вэрокъуэ Затий.
- Затий, Тыркум щыIэ Мударей адыгэ къуажэрщ укъыщыхъуар. Жылэм и псэукIэм и гугъу уэзгъэщIынут, хэхэс адыгэхэм я гъащIэр ди нэгу къыщIэдгъэувэфын папщIэ.
- Мударейр Узун-Яйла щIыналъэм и нэхъ къуажэшхуэхэм ящыщщ. «Мударей сыкъыщалъхуащ» жыпIэу зыгуэрым зэхебгъэхамэ: «Абы щыгъуэм хабзэ пхэлъщ, анэдэлъхубзэр фIыуэ пIурылъщ», - жаIэ асыхьэту. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди адыгэ къуажэхэр кIуэтэху нэхъ мащIэ мэхъу, абыхэм щыпсэум я бжыгъэри 20 - 40 хуэдизыну аращ. Япэм хуэдэжкъым. Лэжьыгъэ Iуэху зэрахуэу нэхъыбэр къалэшхуэхэм кIуащ, абы дызыхуишар тыркухэм дазэрыхэшыпсыхьыжырщ. Дауэ мыхъуми, лъэпкъышхуэм ухыхьа нэужь, анэдэлъхубзэр хуэмурэ пIэщIоху. Дэ дыкъыщалъхуам, ди зэманым жысIэнщи, хамэщIым дызэрисым емылъытауэ, адыгэ хабзэм пщIэшхуэ иIэу, адыгэ хьэл-щэн яхэлъу, адыгэ псэукIэ зэрахьэу щытащ. Мударей къуажэм епхауэ нэхъыбэрэ сигу къэкIыжыр унагъуэ псоми хэхауэ хьэщIэщ яIэу зэрыщытарщ. ХьэщIэщхэм нэхъыжьхэр щызэхэтIысхьэрти, я псэуныгъэм теухуауэ зэчэнджэщхэрт, унафэ ящIырт. Абдеж щегупсысырт гъащIэр нэхъ тыншу ирахьэкIа зэрыхъунум, мыхъумыщIэ къащымыщIыным. КъищынэмыщIауэ, нэгъуэщI зы хабзи зэпымыууэ хамэщIым щызэрахьащ. Зи гугъу сщIыр щIыхьэху жыхуэтIэращ: зыгуэрым унэ иухуэн хуеймэ е мэш кърихьэлIэжынумэ, абы и деж кIуэурэ псори ядоIэпыкъу. А Iуэхум нэхъыжьри щIалэгъуалэри нобэр къыздэсым хэтщ. НэгъуэщI зы гъэщIэгъуэни вжесIэнщ: Къайсэр къалэм щыдиIэщ Мударей Адыгэ Хасэ. Абы и къалэныр сыт жыфIэмэ, къуажэдэсыр Iуэху иIэу къалэм кIуамэ, япэщIыкIэ Хасэм Iуохьэ, и узыншагъэм теухуауэ сымаджэщым кIуэну арами нэгъуэщIми абы нэхъ хэзыщIыкI гуэр гъусэ хуащIри, и дэIэпыкъуэгъуу и Iуэхухэр хузэфIагъэкI, итIанэ къуажэм ирагъэжьэж.
- Нэхъыжьхэм фызыщIагъэдэIуу щытахэм ящыщу сыт уигу къинэжа?
- Зэпымыууэ жаIэу зэхэсхар Хэкур зэрыдахэрт, зэрыжэнэтырт. «Ди Хэкужь жэнэтыр диIэжамэ», - жаIэу кърагъэжьэнти, куэдрэ ди лъахэм тепсэлъыхьу зэхэсынт. ИтIанэ мыувыIэу я бзэгупэм телът; «ди лъахэм щыдгъэзэжынур» псалъэхэр. Адыгэ лъэпкъым и щхьэм кърикIуам и зэранкIэ хамэщI къыщыхутахэм къагъэзэжыныр я гугъэм куэдрэ хахакъым, уеблэмэ зы илъэс щэ ныкъуэ хуэдэкIэ унэ-жьэгу ямыухуэу ахэр зэхэсауэ жаIэж. ИужькIэ къызэрамыгъэзэжыфынур къагурыIуэри, лъапсэ ящIу хуежьащ. Хэкум щызэрахьа хабзэхэр зэрыщытым хуэдэ дыдэу зэрахьащ а ди нэхъыжьхэм. Ди зэманми щIэблэм ахэр яIэщIэхупауэ жыпIэфынукъым, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, нэхъ пасэм хуэдэу щытыжкъым.
- Затий, зэрысщIэмкIэ, илъэситIым нэблэгъащ Налшык къалэм унэ къыщыпщэхуауэ узэрыщыпсэурэ. Сыт хуэдэ гугъэхэр еппхрэ Хэкум?
- Пэжщ, илъэситI мэхъу си Iуэхухэр зэрызэтезухуэрэ. Ауэ илъэсибл и пэ лъандэрэ сыкъакIуэ-сыкIуэжу сыIутащ. Германиеращ сызыщыпсэури, абы щыIэ адыгэ унагъуэхэр гуп-гупурэ къасшэурэ щIыналъэм тIэу-щэ абыхэми зыщезгъэплъыхьащ. Хэкурыс щIалэгъуалэм щыщи сшэурэ, Европэм щыIэ я лъэпкъэгъухэм хэзгъэплъащ. Си къуэпсхэр къыщежьэм гурэ псэкIэ сыпыщIащи, сфIэкъабылщ хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ зэнэIуасэ сщIыныр. Сегупсысырт: си зы лъакъуэр си Хэкужьым иту, адрейр сыщыпсэумкIэ щыIэу схуэщIамэ си насыптэкъэ, жысIэу. ЗэрыжысIам хуэдэу, си Iуэхухэр зэхуэхъури, Налшык унэ щызэзгъэпэщащ. Иджы зэрыжысIэращи, мыбыкIэ сыщыIэщ, Германием сокIуэри сыкъокIуэж. Япэм зэрыщытар, абыкIэ сыщыIэу, Хэкум сыкъакIуэурэ сыкIуэжут. Апхуэдэу си Iуэхур схузэхъуэкIащи, нэхъыбэм ди щIыналъэ дахэм сыщыIэщ. Тхьэм жиIэмэ, апхуэдэу щытынущ. Сэ гугъэфIхэр изопх адыгэу мы дунейм тетым, дэнэкIэ ахэр щымыпсэуми - Европэ ирехъу, Америкэу щрет - щIыналъэу диIэр мы Хэкужьыр зэрыарар зыщамыгъэгъупщэу зэманым дыдэбэкъуэфыным.
- ШхапIэ къызэIупхауэ зэхэсхащ. Ар дауэ зэбгъэхъулIа?
- Германием илъэсий хъуауэ щызиIэщ зы хьэрычэт Iуэху мыин, «фаст-фуд»-м епхауэ. Ар си лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, сызыдихьэх Iуэху хуэдэу аращ. ЗыгуэркIэ щхьэпэнщ жысIэри, абы хуэдэщ Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрамым къыщыщызэIусхар. Абы щыдупщэфI тырку шхыныгъуэхэр зэрызэхэлъыр дэ езыр-езыру къэдгупсысыжащ, нэгъуэщIхэм ейм ещхькъым. Дэ тщIыр яшха нэужь, «мыр хьэлэмэтщ» къыджаIэ. Мы Iуэхур къыщIэзгупсысами хъыбар кIэщI иIэщ, си сабиигъуэм къикIыу. СыщыцIыкIум щегъэжьауэ си нэгум къыщIэнауэ щIэтщ си анэм - Мэлыхъуэунэхэ Марьян - мыувыIэу щIакхъуэ игъажьэу зэрыщытар. ИтIанэ нэщI мазэ ихьэгъуэм, хьид пщыхьэщхьэм, нэгъуэщI сыт хуэдэ гуфIэгъуэм дежи абы лэкъум игуэшырт. СыцIыкIуу си анэм сригъусэти, абы ипща тхьэвыр сэ сыт щыгъуи згъажьэрт. Апхуэдэу хупцIынэм Iэрыхуэ сыхуэхъуауэ, а IэщIагъэр си гум щызгъафIэу жыпIэ хъунущ.
- Затий, уэ Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм уритхьэмадэщ. Мы зэманым сыт хузэфIэкIрэ IуэхущIапIэм?
- Адыгэ Хасэхэр тхьэмахуэ къэс зэхохьэ. Нэхъыщхьэ дыдэу яIэ къалэныр щIэблэр ягъэсэнырщ. Абы къищынэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэр зэроцIыху, зэрыадыгэр ящымыгъупщэу, къэфэкIэ, пшынэ еуэкIэ, нэгъуэщI лъэпкъ IэщIагъэхэри ящIэу къэхъун папщIэ лэжьыгъэ пыухыкIа щокIуэкI. Бзэм теухуауэ дерсхэр щыIэщ. Мазэм зэ унагъуэхэр псори зэгъусэу Хасэм йокIуалIэ, пщэдджыжьышхэ зэдащIри, махуэр абдеж щагъакIуэ. Апхуэдэ Iуэхум и фIыгъэкIэ Европэм щыIэ адыгэхэр зэпыщIа мэхъу, зэрыцIыхуу, зэрылъытэу мэпсэу. Дригушхуэу зы Iуэху диIэщ: Хасэхэм ди щIэблэр къашэ я ныбжьыр илъэсипщIым щыщIэдзауэ. Зыщыщ лъэпкъымкIэ хэт уемыупщIми, «сэ сыадыгэщ» къыбжиIэфынущ. Си гугъэмкIэ, ари куэд и уасэщ.