Фэращ хеящIэрАдыгэ IуэрыIуатэм щыщу Джэдгъэф Аслъэмырзэ итхыжахэм къыхэтхыжащ. … Зэшищ ежьауэ, гъуэгу здытетым, шы лъэужь къаIэщIэлъэгъуащ. - Мы шыр хэт ишми, и нэ сэмэгур исыжкъым, - жиIащ зэшищым я нэхъыжьым. - Шым щэлъахъи илъщ, - жиIащ зэшищым я курытым. - ЩIакIуи теубгъуащ шым, - жиIащ шынэхъыщIэм. Гъуэгум зылI къащрихьэлIащ зэшищым. - Шы къыфIэщIэмылъэгъуауэ пIэрэ? - къеупщIащ лIыр. - Гъуэгум сыщепсыхри, сышхьэукъуэху, шыр къэкIуэсащ. - Уи шым и нэ сэмэгур исыжкъэ? - еупщIащ зэшищым я нэхъыжьыр лIым. - Исыжкъым, - жиIащ лIым. - Щэлъахъэ илъ? - щIэупщIащ курытыр. - Илъщ. - ЩIакIуи теубгъуа? - щIэупщIащ нэхъыщIэр. - Теубгъуащ щIакIуи, - жиIащ лIым. - Си шыр флъэгъуауэ къыщIокI! - Тлъэгъуакъым, - жаIащ зэшищым. - Флъэгъуащ. Фымылъэгъуамэ, си шым и нэ сэмэгур зэримысыжри, щэлъахъэ зэрилъри, щIакIуэ зэрытеубгъуари дэнэ щыфщIэрэ? Шыр фIэщIэкIакъым, къызэфтыж. Дэнэ щывгъэпщкIуар? – жиIэри, лIым зэшищыр къыхигъэзыхьащ. - Тлъэгъуакъым, дгъэпщкIуакъым, - щыжаIэм, зэшищыр хеящIэм деж ишащ лIым. - Си шыр мы зэшищым яфIэкIакъым. Шыр гъуэгум щысфIэкIуэдащ. Си шым и нэ сэмэгур зэримысыжри, щэлъахъэ зэрилъри, щIакIуэ зэрытеубгъуари ялъэгъуащ, - жриIащ хеящIэм, - Флъэгъуа? - къеупщIащ хеящIэр зэшищым. - Тлъэгъуакъым, - жаIащ зэшищым. - Шым и нэ сэмэгур зэримысыжыр дэнэ щыфщIэрэ-тIэ? - къыхигъэзыхьащ хеящIэм. - ИжьырабгъумкIэ зэпхъуэкIыурэ гъуэгунапщIэ удзыр ихъуати, шым и нэ сэмэгур зэримысыжыр къэсщIащ, - жиIащ я нэхъыжьым. - Щэлъахъэ зэрилъыр дауэ къэфщIа? - Щэлъахъэ имылъатэмэ, шым и фIалъэ лъакъуэмрэ и кIэбдз лъакъуэмрэ зэрыувэнутэкъым, - жиIащ курытым. - ЩIакIуэ зэрытеубгъуар дэнэ щыфщIэрэ? - ЩIакIуэр шым и пхэщIым къекIуэтэхри, гъуэгу сабэр илъэщIурэ здилъэфати, абыкIэ къэсщIащ, - жиIащ нэхъыщIэм. - Мы зэшищым лажьэ яIэкъым, - жиIащ хеящIэм. - Уи шыр ялъэгъуакъым. Шым зыхыумыгъэкIыжынумэ, хьэм ямышх щIыкIэ лъыгъуазэ, - жиIэри, хеящIэм лIыр къиутIыпщыжащ. «Мы зэшищыр цIыху губзыгъэщ, ныжэбэ си унэ изгъэсынщ», - мурад ищIащ хеящIэм. Зэшищыр хьэщIэщым иришэри, щынэ яхуригъэукIащ, хуигъэпщэфIащ, езыри ядэшхэри, хьэщIэщым икIыжащ. Жэщыбг игъэхъури, бжэщхьэIум къытеуващ хеящIэр: «Мыхэр IуэрыIуэдзщ, Iущщ, сакIэщIэдэIухьынщ, - жиIэри. Гъуэлъыжауэ здыхэлъым, зэшищым я нэхъыжьым жиIащ: - ХеящIэм дигъэтхъа и гугъэщ: ныщхьэбэ дигъэшха щынэлым хьэбзымэ къыхех. - Я пIастэми хьэдэмэ къыхех, - жиIащ курытым. - Езы хеящIэр тхьэкIумэ жьажьэщ, - жиIащ нэхъыщIэм. Зэшищым якIэщIэдэIухьри, зэхихар гъэщIэгъуэн щыхъуауэ, бжэщхьэIум къытекIыжащ хеящIэр. Нэху игъэщри, мэлыхъуэр къриджащ. - Дыгъуэпшыхь уэзгъэукIа щынэм и лым хьэбзымэ къыхех. Сыт щхьэкIэ? - еупщIащ хеящIэр мэлыхъуэм. - ПщызбзыщIащ, армыхъу щынэр къэзылъхуа мэлыр псэхэлIэ хъуати, хьэбзым щIэзгъэфурэ спIащ щынэр, - жиIащ мэлыхъуэм. - ПщафIэри къриджащ хеящIэм: - Дыгъуэпшыхьрей пIастэм хьэдэмэ щхьэ къыхихрэ? - Хугур къызэмэщIэкIати, кхъэм сыдыхьэри, мэшыщхьэ къэсфыщIат, - зиумысыжащ пщафIэм. ХеящIэр зэшищым я деж кIуащ. - Щынэлым хьэбзымэ къызэрыхихри пIастэм хьэдэмэ къызэрыхихри къэфщIащ, фызахуэщ, - яжриIащ зэшищым. - СызэрытхьэкIумэ жьажьэри дэнэ къыщыфщIа? - УмытхьэкIумэ жьажьэтэмэ, укъыткIэщIэдэIухьынтэкъым, - жиIащ зэшищым я нэхъыщIэм. - Тхьэ соIуэ си пыIэкур къивудакIэ! - жиIащ хеящIэм. - Сэракъым, фэращ жылэм хеящIэ яхуэхъун хуейр.
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 16:30 →
Ди Пщызэбий
16.12.2025 - 16:15 →
И зэран къомыкIмэ…
16.12.2025 - 13:02 →
ЩIыналъэхэр ягъэдахэ
16.12.2025 - 09:00 →
Iуащхьэмахуэ лъапэ зрагъэужь
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
| ||




