КъуакIэ-бгыкIи зэпиупщIу![]() «Налшык уэрдыхъу гъуэгу» зыфIащам и проектыр зэхэгъэувэным инженерхэр иужь ихьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым машинэ зекIуапIэхэм зыщегъэубгъуным теухуауэ республикэм къыщрахьэжьа Iуэхугъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу къалъытэ Налшык къалэ лъэныкъуэ псомкIи къыпэзыжыхь «уэрдыхъу гъуэгум» и проектым елэжьын зэрыщIадзар. Ар зыхуэдэнур зэпэзылъытхэм къызэрабжамкIэ, ухуэныгъэ къызэрымыкIуэм и къалэн нэхъыщхьэр хуэгъэзащ къалащхьэмрэ абы и Iэхэлъахэмрэ автомобилхэр нэхъ щызэтрихьэ щIыпIэхэм а гугъуехьыр ящхьэщыхыным. ЗэрегупсысымкIи, къалэм и ихъуреягъыр зэщIэзыгъэхьэ уэрдыхъу гъуэгум сымаджэщхэр Iуву здэщыIэ Брамтэ къуажэбгъур республикэм и адрей жылагъуэхэм нэхъ тыншу лъигъэIэсынущ. ЗэрытщIэщи, къалэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэр я хэщIапIэщ узыншагъэм тещIыхьа Перинатальнэ центрым, Кардиологие диспансерым, Сабий клиникэ сымаджэшым, нэгъуэщIхэми. ГъуэгущIэм и фIыгъэкIэ къалащхьэм и уэрам нэхъыщхьэхэм щызэтрихьэ машинэхэри нэхъ мащIэ щыхъунущ, я нэхъыбэм, псом хуэмыдэжу къалэм пхыкIыу нэгъуэщI щIыпIэ кIуэхэм, лъэныкъуэкIэ зэрырагъэзэкIынум къыхэкIыу. ПроектыщIэм къахуихьыну фIыгъуэхэм ящыщщ къалэ кIуэцIым цIыхухэр зэрыщыбауэ хьэуари нэхъ къабзэ щыхъуу, щIыуэпсым и щытыкIэри зэрыщефIэкIуэнур. Къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ зыхащIэнущ автомобилхэм къызыхаутIыпщыкI гъуэзыр нэхъ мащIэ зэрыщыхъуари къагъэIу макъым зэрыкIэрыхуари. КъинэмыщIауэ, уэрдыхъу гъуэгум и фIыгъэкIэ къалэм и Iэхэлъахэм зыщызыплъыхьыну, зи нэгу зыщезыгъэужьыну хуейхэри нэхъ тыншу щызекIуэфынущ, щIыпIэ пыIудзахэм псынщIэу лъэIэсыфынущ, щIыналъэм туризмэм, хьэрычэт Iуэхум нэхъри зыщиужьынымкIи, а псом къахэкIыу цIыхухэм я псэукIэр щефIэкIуэнымкIи щхьэпэнущ. Проектым и япэ Iыхьэм елэжьын щIадзакIэщ. Мы зэманым инженер-IэщIагъэлIхэм ягъэхьэзыр гъуэгущIэм щыщу Аруан къуажэмрэ къалащхьэм Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ я зэхуаку дэлъыну километри 8-р здыпхашыну щIыпIэр щыхэгъэунэхукIа дэфтэрыр. ЗэрытраухуамкIэ, машинэ зекIуапIэщIэм зи гугъу тщIа и Iыхьэм хуэгъэза лэжьыгъэм 2026 гъэм щIадзэнущ. БЭРАУ Бышэ.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||





