ЕрыскъыхэкIыу къалэжьым хагъахъуэ![]() Кавказ Ищхъэрэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - бадзэуэгъуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ерыскъыпхъэ промышленностым сом меларди 7,8-рэ и уасэ яхуригъэшащ и продукцэм къыщIэупщIахэм. Ар проценти 121,5-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм къриубыдэу яхузэфIэкIахэм нэхърэ. Дызэрыт илъэсым и мазиблым нэкулъ лIэужьыгъуэу къыщIагъэкIам хагъэхъуащ процент 16,4-кIэ, тхъуцIынэм – проценти 6,8-кIэ, кхъуеймрэ кхъуейлъалъэмрэ – проценти 5,6-кIэ. ЩIакхъуэу, щIакхъуэхэкIыу, макарон лIэужьыгъуэу ящIар нэгъабэ и щIышылэ - бадзэуэгъуэхэм щыIам хуэдизщ. . ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||





