Нэщанэ еуэнымкIэ зэпоуэ

                          Урысей Федерацэм и ДОСААФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм Iуэхугъуэ куэдым хуэщIа и центру цIыхухэр зауэ хуэIухуэщIэхэм щыхуагъэхьэзырым, дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ щыхалъхьэм зэпеуэ къыщызэрагъэпэщащ иджыблагъэ.  Центрым нэщанэ еуэным хуэщIа и пэшым щекIуэкIащ Урысейм и Хьэуа флотым и махуэмрэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ я щIыхькIэ зэхаша, «Ворошиловский стрелок» зэхьэзэхуэр. 

Зэхьэзэхуэм командих хэтащ, гуп къэс цIыхуипщI нэхърэ нэхъыбэ мыхъуу. Ахэр Урысей Федерацэм и ДОСААФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм  техникэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыхагъэхъуазэу Налшык дэт и еджапIэм, Аруан, Прохладнэ щIыналъэхэм я автошколхэм, «Дзэ зэкъуэшыныгъэ» зэгухьэныгъэм, УФ-м Зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ и зэгухьэныгъэм и къудамэу КъБР-м щыIэм, волонтёр ротэм я гъэсэнхэрщ.

Зэпеуэм щIидзэным ипэ къихуэу спортсменхэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ УФ-м и ДОСААФ-м и щIыналъэ къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Евгъэжьыкъуэ Хьэсэн, «Дзэ зэкъуэшыныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и тхьэмадэ Колодяжный Геннадий, КъБР-м Зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ и федерацэм и унафэщI Къазий Михаил сымэ.

Гупхэм я зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр щаубыдащ Прохладнэм и автошколым, етIуанэр Аруан щIыналъэм къикIахэм, ещанэ хъуар Налшык и командэрщ.

Щхьэзакъуэ зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Будаевэ Маликэ.

Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм иратащ Кубокхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ.

                                                 ШЭКЭМ Виктор.

 

 

Поделиться: