Хущхъуэхэр нэхъ тыншу къащэхуфын папщIэ

Урысей Федерацэм и Правительствэм къуажэхэм щып­сэухэр хущхъуэхэмкIэ къызэгъэпэща зэрыхъуным, ахэр тыншу къащэхуфыным  хуэу­нэтIауэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр ирегъэкIуэкI.

Псалъэм папщIэ, дызыхуэкIуэ зэманым, аптекэхэр здэщымыIэ къуа­жэхэмрэ жылэхэмрэ медици­нэм епхауэ лажьэ дэтхэнэ зы IуэхущIапIэми хущхъуэхэр розницэу ищэну хуит ящIынущ. Абы щхьэкIэ зыхуеину лицензиехэри мыгувэу иратынущ.  Апхуэдэ унафэм иджы­­благъэ Iэ щIидзащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил. 
Япэм щыгъуэ льготэкIэ ­хущхъуэхэр цIыхухэм хуаутIып­щыну, хущхъуэхэр къуажэхэм щы­зыщэну хуитыныгъэ зиIар амбулаторэхэмрэ фельдшер пунктхэмрэщ е сымаджэщ­хэрщ. Иджы, апхуэдэ щIы­кIэ­кIэ, къуажэдэсхэм хущхъуэхэр нэхъ тыншу къахуэщэхунущ, абы щхьэкIэ аптекэ здэщыIэ гъунэгъу жылэхэм е къалэхэм мыкIуэу. 
Розницэу хущхъуэхэр зыщэнухэм худэчых хэлъу лицензиехэр иратынущ. Абы ехьэлIа уна­фэр УФ-м и Правительствэм мыгувэу къищтэнущ. 
Унафэр ягъэхьэзыращ хущ­хъуэ­хэр зегъэкIуэным, УФ-м и цIыхухэм я узыншагъэр хъу­мэ­ным ехьэлIауэ 2024 гъэм къащ­тауэ щыта федеральнэ хабзэ­хэм япкъ иткIэ. 

Поделиться: