Пащтым и дерсхэрСурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, профессор, Красноярск ксилографиемкIэ щыIэ студием и къызэгъэпэщакIуэ икIи абы и унафэщI Пащты Герман яIущIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №20-м и егъэджакIуэхэмрэ гъэсэнхэмрэ. СурэтыщI гъуазджэм дихьэххэм художникыр яхутепсэлъыхьащ «Миг и вечность. Сто иллюстраций к 100-летию Виктора Астафьева» фIащауэ Налшык мы зэманым щагъэлъагъуэмрэ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием Красно-ярск щиIэ къудамэм щекIуэкIамрэ. КъыжыIапхъэщ, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм и гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа, Пащты Германрэ и еджакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкI лэжьыгъи 119-р республикэм тыгъэ зэрыхуи-щIар.
Поделиться:
Читать также:
11.07.2026 - 13:45 →
Унагъуэ. Лъагъуныгъэ. Зэхуэпэжыныгъэ
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
11.07.2026 - 12:26 →
Яухынущ дызэрыт илъэсым
11.07.2026 - 11:18 →
Къызэрагъэпэщынущ кIэлъыплъыныгъэ
11.07.2026 - 11:00 →
Къалэм и зэIузэпэщыгъэр яубзыху
| ||




