Дунейм лъэпкъ куэд тет къыщIэкIынкъым и лъэпкъыцIэр и фащэм зэреджэм техуэу. Бзэ зыбжанэм «шэрджэс фащэ» фIэщыгъэмкIэ хэт адыгэ цейм и пщIэр ди къэралым и гъунэм икIри, къуэкIыпIэми къухьэпIэми зыщиубгъуащ.
Дыщыпсэу къэралым «черкеска»-р къызэрыщацIыхуам и гугъу тщIымэ, цейм теухуа хъыбархэр Грозный Иван и пщIан-тIэм хэгъэрей щыхъуа адыгэхэм я деж носыж. Тхыдэджхэм зэрыжаIэжымкIэ, урыс пащтыхьым и деж къулыкъу щызыщIэ ди лъэпкъэгъухэм ар ящыгъыну хуитыныгъэ яIэт. Ардыдэр ядыдолъагъу XIX лIэщIыгъуэм псэуа урыс пащтыхьхэми. Уеблэмэ император Николай ЕтIуанэм езыми и бынхэми ди лъэпкъ фащэр щатIагъэу щытащ. ЦIыхухъу Iэпкълъэпкъыр зэригъэбжьыфIэм нэмыщI, адыгэ цейм цIыхум урихыхьэнуи уриIэбэну тыншуи зэрыщытам псалъэ дахэ куэд тражыIыхьащ.
«Адыгэр и лъакъуэм къыщыщIэдзауэ и щхьэм нэс узэда щхьэкIэ, ар апхуэдизкIэ екIуу и фащэм хэгъэзэгъащи, зы Iэщэр адрейм зэран хуэхъуркъым, езыхэри зэжьэхэуэркъым. Жэщтеуэ щежьэхэм деж, абы мыхьэнэш-хуэ иIэщ. СампIэм илъ сэшхуэр Iэуэлъэуэнукъым, дохъутейм илъ фочым лыду нэм зыкъыщIидзэнукъым, и лъахъстэн лъейр, къаплъэным и фIалъэ лъакъуэхэм ещхьу, щабэу тоувэри, и макъыр зэхэпхынукъым, и шыр гъэсащи, щыщынукъым, и бзэращи - жиIэну зыхуей псори зы псалъэм кърегъэкIыф», - итхыгъащ урыс тхыдэдж Дубровин Николай.
Адыгэ цеймрэ ар зыщыгъым и шыфэлIыфэмрэ къызэранэкI гурыщIэр къэгъэлъэгъуэнкIэ зыри къытекIуагъэнкъым жэпуэгъуэм зи илъэс 210-р ягъэлъэпIэну Лермонтов Михаил. КъэдвгъэщIэжыт «Исмэхьил-бей» поэмэм ХьэтIохъущокъуэр япэу къыщыхыхьа теплъэгъуэр усакIуэм къызэригъэлъагъуэр:
Хэт хъуну-тIэ мы
гъуэгурыкIуэр?
Урыс? Хьэуэ! Цей къызэрыкIуэ,
Къэптал, хъур пыIэ,
щхьэрыхъуэн;
И кIэрахъуалъэм, сампIэ
щIыкIэм
«Куэд текIуэдакъым», -
хужыпIэнщ.
Бгырыпх щIэпхащ иджыри
щауэм,
И сэшхуэр мащIэу мэбыркъауэ.
УпщIэ фочылъэм илъу Iэщэр
Хужьыфэу и плIэм къыщотIей;
Уанэгум ис бгырыс шууейр
Къэзакъым сыту
езмыгъэщхьрэт?!
Пэжщ, сыщыуакъым -
ар адыгэщ!
«Iэщэ-фащэ» псалъэм и зэхэлъыкIэм къегъэлъагъуэ адыгэм хахуагъымрэ дахагъымрэ зэгуихыу зэрыщымытар. Цейр псом япэрауэ, цIыхухъум и къалэнхэр игъэзэщIэным хуэгъэпсауэ щытщ: тыншу уегъэIэбэ, къыздумыхьэкIынкIэ Iэмал имыIэ хьэпшыпхэр пкIэрегъэзагъэ, зэман кIыхькIэ шыбгым уисыныр псынщIэ пщещI икIи, зауэм ухыхьэн хъумэ, уи теплъэм, уи емыкIу къыщIэщыным утемышыныхьу уегъэзауэ. Абы и Iыхьэхэм хохьэ: езы цейр, гъуэншэджыр, джанэр, бгырыпхыр, щIакIуэр, щхьэрыхъуэныр, лъейр.
Хъан-Джэрий СулътIан итхырт: «Адыгэ цейм дахагърэ тыншагъкIэ къытекIуэн щыгъын Азием и мызакъуэу, щIэныгъэм фIыуэ зыщиужьа, уегупсысмэ, кIыфIыгъэм хэт лъэпкъым елъытауэ, псори нэхъыфIу зыбгъэдэлъын хуей Европэм нэгъуни щыслъэгъуакъым. Ар лIы нэсым и да- мыгъэт, зыщыгъым и щхьэр лъагэу иригъэIэтрэ щыпкъагъыр къыпкъригъэщу. ЦIыхухъум щыгъыныр зэрыщытыпхъэу ибжым цейр апхуэдизкIэ техуэрт, къилъыхъуэ псор абы хигъуатэрти, XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм Кавказым ис лъэпкъ псоми щатIэгъэн щIадзащ ар. Абы Къэбэрдейр Кавказым унафэ щызэрихьэу зэрыщытри щхьэусыгъуэ хуэхъуащ. Ауэ аркъудейм фIэкIа хэмылъамэ, дауэ адыгэ цейр XIX лIэщIыгъуэм Куржыми, Азербайджанми, ермэлыхэм я дежи нэсынт?» Жэуапыр Де Бесс Жан-Шарль и деж къыщыдогъуэт: «Адыгэхэм я щыгъыныр сыт нэхъри нэхъыфIу шы тесынымрэ зауэ IуэхукIэ зекIуэ урежьэным-рэ хуэщIащ».
Цейм и «псэр» дахэу къегъэлъагъуэ абы тхылъ псо тезыухуа Студенецкая Елени: «ЦIугъэнэмрэ щхъуэкIэплъыкIэмрэ и бийщ адыгэ цейм. Дэтхэнэ зы Iыхьэри и пIэм итыжу, тхыпхъэхэмрэ дыпIэхэмрэ зэщIэкъуарэ Iэпкълъэпкъым шэщIауэ итIысхьэу, гъэщIэрэщIэкIэ хабзэхэр зэрыт гъунапкъэ зэвым къимыкIыу - апхуэдэт адыгэ цейм и дыкIэ мардэр. Аращ адыгэ фащэр зыщыгъыр икъукIэ зэкIуж щIэхъур».
Иужьрей илъэс зыбгъупщIым ди лъэпкъ фащэм и пщIэми ар къызэрагъэщхьэпэми хъарзынэу фIыкIэ зихъуэжащ. НэхъапэIуэкIэ ар къэфакIуэ щыгъыну нэхъ щытамэ, нобэ ар нысашэхэми, зекIуэхэми, лъэпкъым и утыку ихьэгъуэ куэдми, цIыкIуми инми ящыгъыу долъагъу. Дахагъэр нэхъ зыхуэщыр бзылъхугъэхэрауэ щытми, лъэпкъым фэ къытезыгъауэр абы и хъумакIуэхэрщ. Апхуэдэ шыфэлIыфэ екIукIэ Тхьэр зыхуэупса ди хъулъхугъэхэм я жьауэр махуэ тхуищIи, адыгэлIым и пщIэр зымыгъэкIуэд цейр зыщыгъ псоми фIыкIэ ялэжьэн ухъу!
ЧЭРИМ Марианнэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.