ЦIыхур и IэщIагъэ-щIэныгъэкIэ фIыуэ кIуэтами, зэфэн псы къабзэ куэдым щамыгъуэт зэманщ дыщыпсэур. Псыр – псэ хэлъхьэжщ, жызыIар адыгэщ. Ауэ дипсхэм я къабзагъэр къэппщытэн щIэбдзэмэ,псалъэжьым щIэлъ гупсысэр яIэщIэхуам хуэдэщ.
Къыхэгъэщыпхъэщ псыр зэрымыкIуэщIыр, мащIэ зэрымыхъур, къызэрыхэмыхъуэр, ЩIым икIыу хьэршым зэримыкIуэдэжыр. Къуршыщхьэхэм хуэм-хуэму щыткIуурэ псы зыпыж мылылъэхэм дежщ уэру ежэх ди псышхуэхэр къыщежьэр. Ахэр, дызэрыщыгъуазэщи, хышхуэхэм холъэдэж. Хыщхьэхэм, псы ежэххэм къахэкIыу, уэгум ирихьа бахъэм уэшхрэ уэсу щIылъэм къагъэзэж. ЗыщIыпIи кIуэркъым, зыщIыпIи къикIыркъым. Псыр зыщ зэрыхъур.
Нэхъапэм, илъэс 50 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, псалъэм папщIэ, цIыхур а псоми емыгупсысу, бжьамийхэмкIэ и унэ къекIуалIэ псым хуиту ефэрт. Шейнычым ирагъахъуэрти, хьэкум тригъэувэрт, зэгуэр псы къабзэр литркIэ къыщащэхуну зэман къызэрысынур я гущхьэ къэмыкIыххэу. Псыр зэрагъэкъабзэ фильтр зэмылIэужьыгъуэхэр гъунэжу нобэ щыIэми, зэпымычу абы делIалIэми, дигу ирихьыркъым: мэ къыхихыу, плъыфэ гуэр къыщIэувэу, мыIэфIу къытщохъу. Хьэмэрэ, къытщымыхъурэ?!
Псыр ди унэхэм къекIуэлIэн ипэ фильтр зэхуэмыдэхэм щIагъэкI, хлоркIэ ягъэкъабзэ, микроб хэсмэ яукIыну. Абы щхьэкIэ къэмынэу, Роспотребнадзорым къегъэлъагъуэ зы илъэсым къриубыдэу Урысейм и цIыху мелуани 2-м нэсым узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр псым къыхахыу. Сыт хуэдэу фильтр лIэужьыгъуэ цIыхум къимыгупсысами, абыхэм яхуэгъэкъабзэркъым псыр. Псалъэм папщIэ, дэ ди гугъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсыр къабзэу, ди псыр фIыуэ, ди хьэуар узыншэу. Ауэ бгыщхьэм къежэха псынэпс къабзэр ди унэм къекIуалIэми, ар зрижэ бжьамийхэр илъэс дапщэ хъуауэ щIым щIэлъми, абыхэм я кIуэцIым кIэрищIа фIейр зыхуэдэри тщIэрэ?! Псынэпс къабзэми зыри пхуефэжынукъым иджыпсту: апхуэдэхэм микроорганизм зэмылIэужьыгъуэ куэд хэсщ, нитратхэр, щIыгъэпшэрхэр псым зэрыхилъасэри гурыIуэгъуэщ! Абы цIыхум хех лъатэ уз, и щIыфэр къощэщ е зэпотхъ, и къупщхьэхэр егъэуз, и гум йоуэ.
Гъэкъэбзагъэххэу, птулъкIэм иту псы лъапсейхэр къэфщэхурэ? ФIыр умыщIэмэ – лъапIэр къэщэху жыхуиIэракъэ-тIэ! Ар нэхъ зэраныжщ, фи жагъуэ зэрыхъунщи… Псым заряд зэриIэр зыщIэр щIэныгъэрылажьэхэрщ, къызэрыгуэкI цIыхухэм сыт хуаIуэху а псоми?! АтIэ, псым «+» «-» заряд иIэщи, ди унэм къекIуалIэхэмрэ тыкуэным къыщытщэхухэмрэ «+»-щи, «кунэф» фIэщ. Сыту жыпIэмэ, абы сэбэпынагъ зыри пылъыжкъым. ЩIыуэпсым апхуэдэу зэтриублащ а Iуэхури, «-» заряд зиIэ псырщ Iэпкълъэпкъым изагъэри къыхуигъэщIари.
Апхуэдэпс къыщыбгъуэтынур цIыхум и лъэ здынэмыса, зыхэмыIэба, зэIимыщIа щIыпIэ жыжьэхэрщ. Ар къыпхуэщэхунукъым икIи уи унэ къыпхуешэлIэнукъым. Сыту жыпIэмэ, щIыуэпс къабзэм псы стэчан къыхэпхами, абы и зарядыр сыхьэтитI дэкIмэ «+» мэхъуж! Аращ иужьрей зэманым къызэщIэхъея узыфэ зэрыцIалэ гуэрхэр къызыхэкIыр, цIыхум узыншагъэ щIимыIэжыр, псэ къыхэзылъхьэжын псы щIимыгъуэтыжыр.
ХэкIыпIэ щыIэ жыпIэмэ, хэплъэгъуэщ ди Iуэхур. ЦIыхум хузэфIэкIыр ирищIащ щIыуэпсми, абы щIэхфэх зыхуэгъэкъэбзэжынуми зыми ищIэркъым. НэхъапэIуэкIэ угупсысэн хуеящ жыхуиIэращ… США-м и президенту щыта Кеннеди Джон жиIагъащ мыпхуэдэу: «НобэкIэ зауэхэр щIекIуэкIыр щIы дагъэм щхьэкIэщ. Ауэ къэсынущ зэман, цIыхухэр псы къабзэ щхьэкIэ зэзауэу». Дунейм цIыхуу тетым и зэхуэдитIым псы къабзэ ягъуэтыркъым.
- Сэ къызэрызгурыIуамкIэ, щIыуэпсыр хъумэным теухуауэ гъэсэныгъэ ебгъэкIуэкIыну гуващ. Къэрал зызужьахэр илъэс куэд ипэкIэ мы дызытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэм натIэкIэ еуэщ, я щыуагъэр къагурыIуэжри, щIыуэпсыр хъумэн зэрыхуейм телажьэу щIадзащ. ИкIи я щIыуэпсыр кърагъэлащ. Дауэ? Хабзэ ткIийрэ къарукIэ. Дэри аращ дызыхуэныкъуэр. ЩIыуэпсым кIэлъыплъхэм я бжыгъэр хэгъэхъуэн хуейщ, уэрамыщхьэр е псы Iуфэр пкIэнкIий идзыпIэ зыщIхэм тезырышхуэ телъхьапхъэщ, уеблэмэ тутнакъэщым махуэ зыбжанэкIэ исынуи зэранкъым. НэгъуэщI зыри и Iэмалкъым. Иджыпсту дыдэ щыщIэдзауэ ди щIыуэпсыр дымыхъумэмэ, ди бынхэр пхъэнкIийм къыхэнэнущ, псы къабзэ щхьэкIэ зэзэуэжу хъунущ. Мис ар ди хьэрычэтыщIэхэм къагурыIуэну, зыхащIыкIыну сыхуейт. Нобэрей махуэщ зэрыпсэур, яхужыпIэну, псы Iуфэхэм деж щыт жыгхэр ираупщIыкIыурэ унэхэр щаухуэ, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэр иращIэкI. УкIэлъыпхъанкIэкIэ Iуэхур зэфIэкIкъым, щхьэусыгъуэращ зэлэжьын хуейр, - мы Iуэхум теухуауэ жеIэ биологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, ЩIДАА-м и академик Хьэтыхъу Аубэчыр.