ФIы фIэкIа Iей къыдэкIуэнукъымАдыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и вице-президент, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къеIытха интервьюм щыщ. Адыгэхэм я махуэм и мыхьэнэм, абы лъэпкъым дежкIэ иIэ щхьэпагъым тедгъэпсэлъыхьащ нэхъыжь Iумахуэр.
«Адыгэу дунейм тетым ящыщу пщIы къэсыхункIэ бгъур щыпсэур хамэ щIыпIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр зыхэс лъэпкъхэм хуэм-хуэмурэ яхошыпсыхьыж. Зы илъэс тIощI-щэщI хуэдиз дэкIмэ, ады¬гэ¬бзэр зыщIэж щымыIэу къэ¬нэнкIэ шынагъуэщ. Абы уи гур иримыу¬зынкIэ Iэмал иIэкъым.
Къэтщтэнщ Иорданиер. Мы къэралым адыгэ мини I00-м нэблагъэ щопсэу. I970 гъэхэм анэдэлъхубзэмкIэ псалъэрт абыхэм я нэхъыбэр. Нобэ адыгэбзэ зыIурылъыр мащIэ дыдэщ – проценти I0-I5 хуэдизщ. Илъэс 40 хъуауэ Амман дэтщ пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ адыгэ курыт еджапIэ. ХьэщIэ къахуеблагъэмэ, сабийхэм адыгэ уэрэд, усэ, псынщIэрыпсалъэ, къебжэкI хуэдэхэр жраIэфынущ, ауэ зыгуэркIэ уеупщIмэ, адыгэбзэкIэ зы жэуап къыуатыжыфынукъым. АбыкIэ къуаншагъэр егъэджакIуэхэм я закъуэ бгъэдэлъу схужыIэнукъым. Бзэр унагъуэм щыземыкIуэмэ, школым щыбгъэтIылъ лъабжьэр махэ мэхъу, зэман докIри, зэтощэщэж. Ауэ, сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуми, иджырей щIэблэм анэдэлъхубзэр ящIэу къэтэджыркъым.
Iуэхур щынэхъ щIагъуэкъым илъэси I00-кIэ шэрджэсхэр щыдакъуза Тырку Республикэми. Мы къэралым адыгэ мелуани 7-м щIигъу щопсэу. Ауэ я анэдэлъхубзэр зыщIэу яхэтыр мащIэщ – зы мелуан ныкъуэ хъун-мыхъунщ. Иужьрей зэманым Тыркум и унафэщIхэм къалъытащ я Хэкум лъэпкъ цIыкIу зыбжанэ зэрисыр икIи къэрал школхэм адыгэбзэ щадж, телевиденэми сыхьэтитI махуэ къэс къыщратащ.
Анэдэлъхубзэм и Iуэхур щынэхъыфIт Сирием. Адыгэхэр зэуIуу щыпсэурт КъунейтIрэ къалэмрэ Джолан лъагапIэхэмрэ, лъэпкъ Iуэхуи зэрахуэрт. I967 гъэм – махуих зауэм и зэманым – ахэр а щIыпIэм кърахуащ икIи къэрал зыбжанэм щыхэгуэша хъуащ. Нобэ мы къэралым граждан зауэ щокIуэкI. Абы и зэранкIэ ди лъэпкъэгъухэр зэхэзехуэн ящIащ. Езыхэри адэжь щIыналъэмкIэ нэхъ къаплъэ хъуащ. ЩытыкIэр щыщIагъуэкъым Европэмрэ Америкэмрэ. Анэдэлъхубзэр зрагъэщIэн-зрамыгъэщIэныр мыбыхэми унагъуэ Iуэхуу, щхьэж зэрыхуейуэ щыщыту аращ, армыхъумэ къэралыр зыкIи хэIэбэркъым.
Израилым адыгэ къуажитI къудей щыIэу аращ – Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ. Абыхэм я деж тхуэнейрэ сыщы¬Iащ. Журтхэм яхэс адыгэхэм я псэукIэр плъэгъуа нэужь, япэ дыдэу узэгупсысращ: я щхьэм пщIэ хуащIыж. Къабзэлъабзэу мэпсэу. Зы уэрам яIэкъым асфальт е мрамор темылъу. Зы лъэс лъагъуэ плъагъунукъым апхуэмыдэу. Адыгэбзэр зэрахъумамкIэ, хабзэ зэрахэлъымкIэ, къэралу щыIэм адыгэм и Iуэху щыдэкIыр аращ. Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ дэс я нэхъ цIыкIу дыдэри щыпсалъэкIэ зы хамэ псалъэ къыхигъахуэркъым, сабий садым щегъэжьауэ адыгэ къафэм щыхуагъасэ, адыгэбзэкIэ фIэкIа ягъэпсалъэркъым. Зы унагъуи хьэрыпыбзэ, е журтыбзэ щызэхэпхынукъым, апхуэдизкIэ я щхьэм пщIэ хуащIыжри. Зы гукъеуи, гуныкъуэгъуи дэлъкъым а къуажитIым псэукIэм ехьэлIауэ, апхуэдизкIэ зэтеухуауэ псори мэлажьэ мэшхэжри.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэу щыта Къалмыкъ Юрэ сытым деж жиIэу щытауэ жаIэж: «Щыгъуэ-щIэж махуэ диIэкIэ зэфIэкIынукъым. ДызэплъэкIыж зэпыткIэ псэуа дыхъунукъым, гуфIэгъуэ махуи диIэн хуейщ». Мис а зи гугъу тщIы ди къуэшхэр къэралхэм изыпхъа зауэжьым щхьэкIэ дыщыгъуэ зэпыту екIуэкI зэрымыхъунур къагуроIуэ хэкурысхэми хэхэсхэми.
А фэеплъ махуэм къалэн къытщещI ар дигу илъ зэпыту щытын хуейуэ. А зы махуэм фIэкI дигу щIыхэщIын махуэ дремылъагъуж дяпэкIэ - аращ дэтхэнэ адыгэми и хъуэпсапIэр. НэгъуэщI плъапIэ диIэкъым дэ - ди лъэпкъым нэхъри зиужьауэ, и пщIэр лъагэрэ и гуащIэр, и щIыхьыр ину, мелуан бжыгъэкIэ дунейм текъухьа хъуа адыгэхэм я вагъуэр уафэ бзыгъэм щылыд зэпыту тлъагъун фIэкI.
ЗэралъытэмкIэ, мелуанибгъум щIигъу Урыс-Кавказ зауэм дунейм трикъухьа адыгэхэм я бжыгъэр. Къэрал тхущIым щIигъум щопсэу ахэр, зэрыс къэралхэм пщIэшхуэ щаIэщ ди лъэпкъэгъухэм, дзэпщ, лIыщхьэ, дипломат, къулыкъущIэ, щIэныгъэлI, тхакIуэ, спортсмен цIэрыIуэ куэд къахэкIащ Тыркуми, Иорданиеми, Сириеми, нэгъуэщI къэралхэми щыпсэу адыгэхэм. Ар щыхьэт тохъуэ адыгэхэр зэрылъэпкъ лъэрызехьэм, лIэщIыгъуэрэ ныкъуэм щIигъуауэ хэхэсми, я гуащIэмрэ я зэхэщIыкIымрэ зэрымыкIуэщIам. Ар дэнэ къэна, иужьрей илъэсхэм нэхъри дэкIуэтеящ дэнэ къэрали щыпсэу адыгэхэм я пщIэр, я гуащIэр нэхъри къеблащ, я бзэр, я лъэпкъ хабзэхэр хъума зэрыхъуным, я щIэблэр къызэщIэгъэушэным нэхъ пылъ зэрыхъуари нэрылъагъущ.
Урыс-Кавказ зауэм и ужькIэ хэкум къина адыгэхэм иужьрей илъэсищэм зыщаужьащ Урысей къэралыгъуэм, абы нобэ щофIакIуэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэр, ди лъэпкъхэм яхузэфIэкIащ зи пщIэр лъагэ щэнхабзэ, литературэ, гъуазджэ зэрагъэпэщын, щIэныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ я гъуэгур якIу абыхэм нобэ, я псэукIэмрэ я экономикэмрэ нэхъри зэрефIэкIуэнырщ ахэр зыщIэкъури зыхуэлажьэри. Ар псори дызыщыгуфIыкI Iуэху дахэщ, а Iуэхур нэхъ егупсысауэ, нэхъ хэкъузауэ унэтIын хуейуэ я къалэнщ дэни щыпсэу адыгэхэм.
Адыгэм и махуэм ди цIыхухэр иджыри зэ зэщIэгупсысыжынщ, зыщыщыр, къызыхэкIар, я анэдэлъхубзэр ящIэн зэрыхуейм я акъыл траухуэнщ.
Адыгэм махуэ хэха иIэн хуейуэ къызолъытэ ди лъэпкъыр нэхъри зэкъуэувэн, псэкупсэ къэщIэрэщIэжыныгъэм хуэкIуэн, бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэм заужьын, анэдэлъхубзэр яIэщIэмыхун, хабзэмрэ щэнхабзэмрэ яхъумэн папщIэ. Ар псоми къагурыIуамэ, лъэпкъыр кIуэдыжынукъым.
ЗэрыжытIащи, Адыгэбзэм, Адыгэ ныпым, Адыгэ фащэм, Къэзыгъэзэжахэм я махуэ хэхахэр диIэщ. Мыхэр лъэпкъым и лъэр зыгъэбыдэщ, и пщIэр зыIэтщ. А псори къызэщIикъуэжрэ ди хъугъуэфIыгъуэ псори утыку къыщитхьэу дреIэ Адыгэхэм я махуэр.
Урысей Федерацэм адыгэхэр щыпсэу и республикищым къыщащтэмэ, абы и лъабжьэр нэхъ куу хъунущ. КъищынэмыщIауэ, шэч лъэпкъ хэлъкъым, мыр къэрал куэдым щыхэпхъа ди къуэшхэми хуэмурэ къызэрыддащтэнум. КъБР-ми, КъШР-ми, АР-ми диIэщ я IэзагъкIэ щIыпIэ куэдым цIэрыIуэ щыхъуа сурэтыщI гъуэзэджэхэр. Абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр республикищми щыбгъэлъэгъуэныр и чэзууэ къызолъытэ, шыгъажэ, спорт зэхьэзэхуэ, адыгэ усакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм я творческэ пшыхь егъэкIуэкIыныр, адыгэ газетхэм я къыдэкIыгъуэ зэгуэт гъэхьэзырыныр, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэди къызэщIебгъэубыдэ хъунущ.
Сэ сызэреплъымкIэ, мыхьэнэ нэхъыбэ ирату, илъэсым къриубыдэу ди лъэпкъыр зэхыхьэн хуейщ накъыгъэм и 2I-м - Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэмрэ Адыгэхэм (Шэрджэсхэм) я махуэмрэ. ФокIадэм и 20-м ди щIалэгъуалэр гушхуэу, ди ехъулIэныгъэхэр утыку къитхьэу, ди цIыху нэхъыфIхэр тIэту, ди хъугъуэфIыгъуэхэр дгъэлъагъуэу дызэхэтмэ, фIы фIэкIа Iей къыдэкIуэнукъым. Си гугъэщ ар тхузэфIэкIыну, Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, хамэ къэралхэми щыпсэу адыгэхэм зэралъэкIым хуэдэу къызэрагъэпэщыну. Абы нэхъри дызэкъуигъэувэнущ, адыгэ Iуэхур нэхъ ефIэкIуэнущ».
Поделиться:
Читать также:
08.10.2024 - 11:18 →
Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм папщIэ
08.10.2024 - 11:18 →
ЗыгъэпсэхуакIуэ къытхуэкIуэхэм къахохъуэ
08.10.2024 - 10:01 →
Ди къуэш республикэхэм
07.10.2024 - 14:20 →
Лъэпкъым и нэхущ вагъуэ
07.10.2024 - 14:17 →
ЩIэблэм я гупсысэ щхьэпэхэр
|