2014 гъэм фокIадэм и 20-м япэу ягъэлъэпIауэ щытащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр. Абы лъандэрэ иджы епщIанэу кърахьэжьэ лъэпкъ Iуэху дахэр, гъэ къэси цIыху нэхъыбэ кърихьэлIэу, Iуэхугъуэ нэхъыбэ къыщаIэту Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм щрагъэкIуэкI. Апхуэдэ махуэшхуэм адыгэхэм я цIэр жыжьэ зыгъэIуа, и хабзэм, щэнхабзэм, бзэм, тхыдэм, литературэм, псэукIэм зезыгъэужьа лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэр аргуэру зэ ягу къагъэкIыж, музейхэм, библиотекэхэм, курыт еджапIэхэм, ЩэнхабзэмкIэ унэхэм гъэщIэгъуэн куэд щрагъэкIуэкI, псом нэхъыщхьэращи, сабии, жьантIэдэси къызрихьэлIэ махуэшхуэхэр жылэхэм щызэхашэ.
А Iуэхур япэу ДАХ-м и зэхуэсым къыщыхэзылъхьар Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и вице-президент, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ. Адыгэхэм я махуэм и мыхьэнэм, абы лъэпкъым дежкIэ иIэ щхьэпагъым тедгъэпсэлъыхьащ нэхъыжь Iумахуэр.
- Мухьэмэд, мы Iуэхур япэ дыдэу 2013 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм Мейкъуапэ щригъэкIуэкIа зэхуэсым къыщыхэзылъхьауэ щытар уэращ. Республикэм и унафэщIхэм къывдаIыгъыу, дунейпсо мыхьэнэ иIэу фщIыну фызэрыхуейри щыжыпIат абы.
- ДАХ-м и зэхуэсышхуэу Адыгейм щекIуэкIам Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу къыщыхэслъхьауэ щытащ адыгэ лъэпкъым и щхьэр щигъэлъэпIэжын, щIалэгъуалэр гушхуэу щызэхыхьэн зы гуфIэгъуэ махуэ диIэн зэрыхуейр. Къэбгъэлъагъуэмэ, ар адыгэхэм я закъуэкъым зи махуэшхуэу щытынур, атIэ ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ, щэнхабзэ бей, хабзэ дахэ зиIэ лъэпкъым пщIэ хуэзыщI дэтхэнэми и дежкIи мыхьэнэ иIэнущ.
Апхуэдэ махуэ хэгъэунэхукIа диIэн щIыхуейм и щхьэусыгъуэу къызолъытэ адыгэ лъэпкъыр нэхъри зэкъуэувэнымкIэ, псэкупсэ къэщIэрэщIэжыныгъэм хуэкIуэнымкIэ, бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэм зегъэужьынымкIэ, анэдэлъхубзэр ягъэшэрыуэнымкIэ, хабзэмрэ щэнхабзэмрэ яхъумэнымкIэ сэбэпынагъыр.
Апхуэдэ гурылъ дызэриIэр абы щыгъуэм КъБР-м и Iэтащхьэу тета КIуэкIуэ Юрий щыжетIэм, дигъэщIэхъуакъым, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, хасэ тхьэмадэхэр дызэхуишэсри, къыдэпсэлъащ икIи пIалъэ къыхимыгъэкIыу Унафэ къыдигъэкIащ.
- Махуэшхуэр щыдгъэлъапIэр фокIадэм и 20-м щIытевгъэхуам щхьэусыгъуэ хэха иIэ?
- Щхьэусыгъуэр куэд мэхъу. Япэу къыхэзгъэщыну сызыхуейр, дауи, ди адэжьхэм хьэцэпэцэр Iухыжын, гъавэр къехьэлIэжын яуха нэужь, тхьэлъэIушхуэ ящIу гушхуэу зэхыхьэу зэрыщытарщ. «Гъатхэ унэр гъуанэщ» - жаIэрти, илъэсыр къазэрехъулIэнур ямыщIэу джэгу яублэу щытакъым. Хуабэр блэкIауэ, щIыIэр къэмысауэ, гъавэм и ныкъуэр кърахьэлIэжарэ, и ныкъуэр губгъуэм илъу, къызыхахынри яIэу, зыщыгугъри нэхъыбэжу гушхуэныр и чэзуууэ къалъытэрти, я хьэгъуэлIыгъуэхэри абдежт къыщыдахыр.
КъищынэмыщIауэ, Адыгэхэм я махуэр балигъхэм я закъуэтэкъым зытещIыхьар. Абы Iэмал имыIэу хэтын хуейхэм ящыщщ сабий гъэсапIэхэм, курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэри. Гъэмахуэ мазэхэр блэкIауэ, зызыгъэпсэхуахэри къекIуэлIэжауэ, къаруущIэрэ мурадыщIэрэ яIэу сабийри балигъри зэрызэхуэсыжыр къэтлъытащ. КъищынэмыщIауэ, ди тхыдэм Iуэху дахэ куэд къыхощыж фокIадэ мазэм адыгэм къехъулIауэ.
- Лъэпкъыжь куэдым яIэщ махуэ хэха, иджы дэри абыхэм ящыщ дыхъуащ, мы гъэм епщIанэу догъэлъапIэ.
- Сэ къызэрыслъытэмкIэ, мыпхуэдэ махуэ ди лъэпкъым куэд щIауэ иIэн хуеящ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэм къызэринэкIа гъуэгуанэм хуэдиз зи щIыбагъ къыдэлъ куэд дунейм теткъым. Китайр, Индиер, нэгъуэщI лъэпкъыжь зытIуи щыIэщ. Абы хуэдэ дыдэу адыгэри илъэс мини 6 хъуауэ тхыдэм дитщ, ди цIэм зихъуэжурэ дыкъэгъуэгурыкIуа пэтми. ХьэткIэ, зихкIэ, касогкIэ къыдэджэу щытащ, ауэ иужькIэ шэрджэскIэ дуней псом дыхэIуащ. Сыт хуэдэ цIэ зедмыхьами, ди адэжь хабзэр ди Iэпэгъуу, нарт эпосыр ди лъабжьэу дыкъэгъуэгурыкIуащ.
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щомахуэ Татьянэ и тхыгъэ гъэщIэгъуэн тетащ «Университет гъащIэ» газетым. Абы жиIэр пэжмэ, клинописькIэ тхэуэ щыщыта лъэхъэнэм щыщ сурэт тхыгъэхэм адыгэбзэкIэ, къэбэрдей диалекткIэ тха яхэтщ. Ар и щыхьэткъэ нэгъуэщI лъэпкъыжь куэдым дакъыдэгъуэгурыкIуэу, илъэс бжыгъэ куэд къызэрыткIуам?!
Мыпхуэдэ махуэ Индиеми Китайми ягъэлъапIэ. ЦIыху миних фIэкIа мыхъу, Европэ Ищхъэрэм щыпсэу саами жыхуиIэ лъэпкъми, мелуани 7-м щIигъу цыджанхэми яIэщ…
- Уэ сытым дежи жыбоIэ, бзэр кIуэдыжмэ, лъэпкъри зэрыщымыIэжынур. Бзэр зэрытхъумэ Iэмалу диIэхэм мы махуэри къыхэхъуауэ къэплъытэ хъуну?
- Лъэпкъыр зыхъумэр бзэрауэ щыщыткIэ, ар егъэфIэкIуа, хъума зэрыхъуным егъэпIейтей дэтхэнэ хэкупсэри. Бзэр щыIэщ, мэлажьэ, ар зей лъэпкъым и цIыхухэм яIурылъмэ, я унагъуэхэм щрипсалъэмэ, я сабийхэм ирагъащIэмэ, Iуэху иризэфIахыу къэрал IуэхущIапIэхэм къыщагъэсэбэпмэ.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, зы щIыналъэм дискъым зэлъэпкъэгъухэр, атIэ, фочым шэпхъыр лъэныкъуэ куэдкIэ зэрызэбгрипхъым хуэдэу, дэ тхыдэм дуней псом дыщрикъухьащ. Бзэр хъумэным пыщIа гугъуехьхэм я нэхъыбэр абы къыхокI.
Ди щIыналъэхэм (Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым) щыпсэуж адыгэхэри анэдэлъхубзэр хъумэным гугъу дыдохь, ар къэралыбзэу ди республикэхэм щыщытми, къэралым гулъытэ къы-хуищIми. Бзэр унагъуэм щыземыкIуэмэ, школым щыбгъэтIылъ лъабжьэр махэ мэхъу, зэман докIри, зэтощэщэж.
Бзэм и мыхьэнэр ин дыдэщ. Ар щыIэху, лъэпкъри щыIэщ. Бзэр щымыIэжмэ, ар зыIурылъа лъэпкъри псэужкъым. Абы къыхэкIыуи бзэм псом япэ дегугъун хуейщ. Абы хуэфэщэн гулъытэ зэримыгъуэтыр нобэ диIэ гуныкъуэгъуэхэм ящыщщ. Дэ хуабжьу дыщогугъ зэман гъунэгъум анэдэлъхубзэм и Iуэхур ефIэкIуэну. Бзэр джэгуалъэ пщIы хъунукъым. Адыгэ хэкурысхэри хэхэсхэри зыгъэгумэщI мы Iуэхум – бзэр хъумэным – и зы Iэмалщ махуэшхуэри.
Адыгэ хабзэр, бзыпхъэр щIэблэм езыгъащIэ тхылъхэми дыхуейщ. ИнтернетымкIэ, телевизорымкIэ адыгэбзэ дерсхэр егъэкIуэкIыпхъэщ, дэнэкIэ щыIэ адыгэми бзэр иджыфын, зригъэщIэфын папщIэ. А Iуэхухэр зэфIэзыхыфын IэщIагъэлIхэри ди мащIэкъым.
Тхыдэм къызэригъэлъэгъуэжымкIэ, адыгэ мамлюкхэм куэдым илъэс бжыгъэшхуэкIэ тепщэныгъэр щаIыгъащ Сириеми, Ливиеми, Суданми, Мысырми. Апхуэдиз къарурэ мылъкурэ зыбгъэдэлъа шэрджэсхэм адыгэбзэр яхъумэфакъым, сыту жыпIэмэ, хамэщIым хэхэсым и анэдэлъхубзэр щихъумэжыфынукъыми. Зырызыххэщ ар къызэхъулIэр. Бзэр щыпхъумэфынур, зыщебгъэузэщIыфынур Хэкум и закъуэщ. Псом хуэмыдэу абыкIэ къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ ди егъэджакIуэхэм. И сабиигъуэм цIыхум зригъэщIар зэи IэщIэхужынукъым. ЩIэблэм адыгэбзэр фIыуэ иригъэлъагъумэ, абы пыIуимыгъэщту дригъэхьэхмэ, егъэджакIуэм лъэпкъым къалэнышхуэ хуигъэзэщIауэ къызолъытэ.
- Мухьэмэд, Адыгэхэм я махуэм дыщытепсэлъыхькIэ, ди лъэпкъым игъащIэкIэ къыдекIуэкIыну къэунэхуа махуэшхуэхэм я гугъу къытхуэщI.
- Апхуэдэ махуэхэр Iэмал имыIэу диIэн хуейщ. Ахэр зыужьыныгъэм и нэщэнэщ, ди къэкIуэнум и джэлэсщ. «Адыгэ ныпым и махуэр» (2010), «Адыгэ фащэм и махуэр» (2013), «Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр» (2014), «Адыгэшым и махуэр» (2015), «Нарт эпосым и махуэр» (2018) - ахэр псори, фэ зэрыфщIэжщи, КъАХ-м утыку кърихьауэ щытащ. Гъэ къэс зэрагъэлъапIэ жыпхъэм зиубгъуу, уеблэмэ хамэ къэрал щыпсэухэми къыддащтэу къокIуэкI.
Сэ къыхэслъхьэри, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 80 щрикъум, «Адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ» цIэ лъапIэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм абы фIищащ. Илъэс дэкIри, апхуэдэ пщIэ лъагэ хуэтщIащ «Налмэс» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым (Мейкъуапэ).
Иужьрей илъэсхэм, КъАХ-м, ДАХ-м хэтхэм къыддаIыгъыурэ, дэ дгъэлъэпIащ адыгэ литературэм и классик КIыщокъуэ Алим (2014); Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ МэшбащIэ Исхьэкъ (2016), СССР-м и цIыхубэ артист, дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрийрэ япэ адыгэ усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Лэкъумэнрэ (2018) я илъэсхэр, Къалмыкъ Юрий, Къэшэж Иннэ, Бэчыжь Лейлэ сымэ я илъэсхэр (2019).
А псори хуолажьэ ди хэкур, лъэпкъыр ефIэкIуэным, зи тхыдэр, хабзэр, къызыхэкIар зыщIэж щIэблэ узыншэ адыгэм къытщIэхъуэным.
Ди лъэпкъым адэкIэ зэрызиужьынум шэч хэлъкъым. ДызэпэщIэувэжкIэ, зыри къикIынукъым. Езыхэр зэгурыIуэмэщ сыт хуэдэ лъэпкъми пщIэ щиIэнур, и Iуэху щыдэкIынур, къэралым мамырыгъэ щилъынур. Ар къыдэхъулIэн папщIэ зэакъылэгъу псори зэIэпэгъуу зэдэлэжьэну сыхуейт.