Псэм зыхищIэм уиутIыпщыркъым. А зыхэщIэр усэми къыхэкIыфынущ. УсэфIыр зыхыбощIэ, уегъэтынш, хуит е гъэр уещI икIи къоныкъуэкъу. Уи гъусэ мэхъу! УпщIи, жэуапи, чэнджэщи, нэгъуэщI куэди щыбогъуэт, жэуап зыкъомым умылъыхъуэми зэрыхъуну нэгъунэ – куэд хэлъщ гъащIэ усэм. Ауэ нэхъыщхьэр абы псэм хуиIэ лъагъуэрщ. Утехьэу, урикIуэу, уримыкъуу, укъехуэхыу, удэплъейуэ… А лъагъуэм къытепх къомым нэмыщI, уэ пщыщ зыкъоми тыбоутIыпщхьэ. А лъагъуэм ущыхохъуэ. Апхуэдэу ухэтщ ЛIыкъуэжь Нелли и усэ лъахэм. Абдежым щIыуэпсыр щопсалъэ, гухэлъыр щохуабэ, зэманыр щокIэрахъуэ, лъэпкъ гурыгъузыр щоятэ.
«Къыпэджэжу си Iущащэ макъым». УсакIуэр дунейм зэреспалъэр усэщ. А уэршэрым щIэджыкIакIуэри зэIэпешэ. Гупсысэ щIэщыгъуэкIэ, рифмэ зэщIэжьыуэкIэ, сатырхэм къахэIукI хуэдэ макъ щабэкIэ. Моуэ зы плIанэпэ цIыкIу хуэдэщ дунейм щыщу усакIуэм къыхигъэщыр: зы унэ, уэшх къызытетIыркъэ щхьэгъубжэ, «зы жыг закъуэ». Ауэ, телъыджэкъэ, а мащIэр куэд дыдэ зэрыхъур, зы цIыхум и дуней псо абы зэрекIуэлIэфыр! МащIэр куэд зыщIыф бзэкIэ тхащ мыр.
Си щхьэгъубжэм къыIутщи жыг закъуэ,
Пытщ плъыжьыбзэу балий закъуэтIакъуэ.
Жыгым гу лъыдэзыгъатэри, абы лъапIэныгъэ езытри зы закъуэ фIэкIа зэрымыхъумрэ балийуэ пытри зэрымащIэ дыдэмрэщ. Ар куэд мэхъу гупсысэм дежкIэ, псэм дежкIэ. (Пхъэщхьэмыщхьэм къикъутэ жыгым узригъэгупсысынум нэхърэ нэхъыбэм урегъэгупсыс).
ГъащIэр IэфIкъэ, жэщым уимызакъуэм,
Усэр – псэм, псэр – усэм щыхуэсакъым.
СыIурихмэ, пащэнщ псалъэмакъым
Уэшхым, жыгым, балий закъуэтIакъуэм…
Мис мы зы едзыгъуэр къызэрызэрыкIыр философие псо ирокъу. «Усэр – псэм, псэр – усэм щыхуэсакъым», - жи. ЩIэщыгъуэкъэ! Гупсысэр усапхъэу (усэпкъыу) къокIуэри, псэ пIейтейм жьыдэхугъуэ къретыж, усэри псэкIэ уотхри, абы ептыну гъащIэм утеплъэкъукI хъуркъым. Ухуиткъым утеплъэкъукIыну, сыту жыпIэмэ ар ибот къыпIызыхыу хъуам, щIэджыкIакIуэхэми я Iуэху хэлъ мэхъу.
«Мазэ».
Уафэ джабэм мазэр исщ,
Дыщэ плъыжь тебзауэ.
И сурэтыр псышхуэм хэсщ,
Зыхиудыгъуауэ.
Псы – гъуджэм иплъэ мазэр тхьэIухудщ. Абы и дахагъэм теухуауэ щхьэтечауэ усэм зы псалъэ хэмытми. АтIэми, «дыщэ плъыжь тебзащи», и теплъэр IупщI дыдэу ди нэгум къыщIоувэ. Хъуэпсэгъуэу! Удихьэхыу! Щэхуу уриджэу! ТхьэIухудыр гъуджэм иплъэ хуэдэщ иджы! Мазэм и теплъэр псым къытощ:
Мазэм дахэу зелъагъуж,
Псы-гъуджэм иплъауэ.
Псым хэс ныбжьми тхьэ щеIуэж
Мазэр езырауэ.
ЦIыху зыхэщIэм хуэдэ хэлъщ мазэм и хьэл-щэным. Уэгум щыIэ мазэмрэ псым «хэсымрэ» зэрощIэ, зэролъагъу. Уэгу мазэм зэщIикъуэж вагъуэхэри абыхэм я щIэжьейщ.
«Си усыгъэ, си усыгъэ».
Си усыгъэ, си усыгъэ,
Си усыгъэ нэкъуэлэн,
Уэ къысхуэщIыт усэ тыгъэ,
Уэ къысхуэхъут щIэгъэстэн.
Мис усыгъэми йопсалъэ. Усэмрэ ар зыIэрыхьауэ къэзыутIыпщыжымрэ зэрощIэ, зэрогъэгугъэ, зэдыхохъуэ. «Зэ къыхэкIи агъэбыгъэм, Ныздытехьэ гъащIэ гъуэгу», жи, усэ «ныбжьыщIэр» балигъыпIэм иришэну. ГъащIэ гъуэгу техьэн жыхуаIэм гупсысэ тIыгъуа щIыгъун зэрыхуейр жеIэ. Абы щыгъуэм дэни нэсынущ, лъэIэсынущ – дыгъэ бзийм сатырхэр щыгъэу пищIэфынущ. Езы усэри къетэжынущ абы щыгъуэм – «тхьэгъуш щабэ» къыхуеуэнущ.
«СрихьэлIат удз гъэгъаитI».
Усэр щIэщыгъуэ зыщI Iэмалхэм ящыщщ сюжет гъэщIэгъуэныр. АтIэ едзыгъуэ зыбжанэ хъу усэм гъащIэ зи кууагъ сюжет хэбухуэнэныр Iэзагъэми, усакIуэпсэм ар езыр - езыру зэкIэлъихьми, абы усэр егъэпсалъэ, цIыхугум къренэ.
ГъэунэхупIэм къимыкIыфа, абы хэжыхьа гухэлъым и сюжет щIэлъщ «СрихьэлIат удз гъэгъаитI» усэм.
СрихьэлIат удз гъэгъаитI,
КъапщIэу гухэлъ зэхуаIэу.
ЗэрихьэлIэжкъым зэмыщхьитI,
Зэхэсхт а тIум хужаIэу.
Мыбыхэм я гухэлъым зыми шэч къытрихьэркъым. Ахэр гуфIэрт, «нур къащхьэщихырт», «ярылът уэсэпсыр щыгъэу». Я хъуреягъми зыдащIырт абыхэм я щытыкIэ хъуэпсэгъуэм. Ауэ, гухэлъыр езыр махэкъэ… Ар гъэунэхупIэ ирегъэувэ акъужьым:
Зэгуэр акъужьыр къыкъуэуащ
Игъэунэхун мурадкIэ.
Езыр-езыру къэгъуэгащ,
Къэхъунур ищIэрт адэкIэ…
АдэкIэ усэм къыщыхъур, абы и хъуреягъ дунейми зэрызихъуэжыр IупщIу псалъэм щIэлъ къарукIэ ди нэгум къыщIегъэувэ. Ди нэгум щIегъэкI удз гъэгъа куэд тIурытIурэ я пIэм зэригъухьыжыр.
Жыгым и щхъуэцыр къэтэджащ,
Дыгъэр епхъуащ и нэкIум,
ГухэщIу бгыр къэгурымащ,
Псыр жьэхэлъащ и нэпкъым.
А псом яудыныщIа удз гъэгъахэр шынащ, зызэхуашащ, зыгъэсысыну е зэIуплъэну дзыхь ямыщIыжу. Абы щыгъуэм екIуэлIэпIэншэу утыкум къинар лъагъуныгъэрт:
Я лъагъуныгъэр къэлъэIуащ:
«Утыкум сыкъивмынэ…»
Акъужьым «Iуэху зэфIигъэкIри» ежьэжащ, дунейр зэтесабырэжа хуэдэщ. Ауэ, абдеж щыIэжтэкъым гуфIэгъуи, нэжэгужагъи, гушхуэныгъи – зыри.
Удз гъэгъаитIри? Къелащ.
КъапщIий япымытыжу… -
Усэм къеджэр зыщIэупщIэнкIэ хъунум жэуап ирет. «КъапщIий япымытыжу» - гъащIэм IэфI щIэмылъыжу.
ЩIым гъэгъа цIыкIухэр хиуэжащ,
ПIэтIауэу, зэIэзэпхъуэу.
ФIылъагъуныгъэр мывэу жащ,
Къыпхыщу удзхэр тхыпхъэу…
«Зэманыр зэманым щIокIуатэ».
Зэман епIэщIэкIым къыщымыувыIэ гъащIэм и екIуэкIыкIэм, дуней хъужыр уэгумрэ щIымрэ я кум къызэрыдэхъуэм икIи зэрыщекIуэкIым щытопсэлъыхь «Зэманыр зэманым щIокIуатэ» усэм.
ГъащIэр щIы закъуэ Iэужькъым.
Псырэ хьэуакIэ зиужьми,
Уэгурщ здэщыIэр псэ жылэ…
ЩIым гъащIэ къыщежьэми, ар уэгум псыхьа щохъур, жыхуиIэщ. ГъащIэр гъащIэ ирикъун папщIэ, ар щIылъэми уэгуми я нэIэм щIэтын хуейщ. Абы я зэхуакум дапIыкI-дагъэфIыкIырщ гурыхь хъур:
Бзийуэ абы къежэбзэхыр
Псэуэ зы куэщI къокIыкIыжри,
Уэгум аргуэру йохьэж.
Бзийуэ ди щIыгум къосыжри,
Псэуэ и дыщ егъэзэж.
Изыбзэ хъуа нэхур дыгъэм зэрыригъэщхьыр- щэ! Абы хуабагъэ (псэ) куэд хэлъщ атIэ:
Дыгъэр къысщохъур псэ матэ!..
«Мэлыц гъэпцIам къыхахыр щIакIуэ».
Псалъэ Iущ защIэу е жыIэгъуэ щIыкIэурэ зэхэлъ усэ тIыгъуам гупсысэ куущэхэр зиIэ, гъащIэм и пIалъэр зыщIэ, куэд зыгъэунэхуа цIыху Iущ гуэр хуэдэу къыпщыхъуу укъоджэ. Мыбы гупсысэкIэ упэджэжынуи гугъущ – езы усэр щапхъэу къэтхьынщ:
Мэлыц гъэпцIам къыхахыр щIакIуэ,
ПцIы зыупсам дзыхь хуащIкъым пэж.
Гур уфIыцIам ар щIэх мэжакъуэ,
Ерыщыр щытурэ мэлIэж.
Дзы зыфIащар псы щхьэфэм йопщэ,
Ямыгъэсар сэхъуам йопыдж.
«Мыщэм дыгъужьыр фIэбэлацэщ»,
ПсыпцIэм къамылыр щохъу щхьэмыж.
ФIеялъэр бадзэм и тIысыпIэщ,
Псалъалэр тхьэшхуэм и жагъуэгъущ.
Ер фIым темыкIуэу щытыхункIэ,
Дунейм джэлэсыр и Iэпэгъущ.
ПцIитI зэхуэзакIэ пэж къагъэщIкъым,
ЛIы зыукIар ямыукIыж.
Дыгъэр къухьакIэ блэн щигъэткъым,
Уэшх къешхмэ, щIылъэм зыщIефыж.