Нарт и гупсысэхэр

Адыгэ нэсым хэкум къекIуэлIэжарэ, щIэбли къыщIэхъуамэ, абы егъэлеяуэ дыщыгуфIыкIын хуейщ, зы адыгэ унагъуэ дахэкIэ лъэпкъыр нэхъыбэ дыхъуащи! АбыкIэ щапхъэщ зэрихьэ цIэми лъэпкъми хуэфэщэн гупсысэхэр зиIэ Шорэ Нарт. ЩIалэм Хэкум къигъэзэжа нэужь, адыгэ унагъуэ дахэ иухуауэ, Нарткъалэ щопсэу. ХъыджэбзитI иIэщ - Данэрэ Гупсэрэ. Нарт IэфIыкIэ щащI фабрикэм электрикыу щолажьэ.

1984 гъэм дунейм къытехьащ Нарт. Сирием къикIыжри, Хэкум къэIэпхъуэжащ 2013 гъэм. И адэшхуэ Умар и адэ Гъусмэн и адэж ПIытIэ и деж къыщожьэ унагъуэм я хъыбарыр. Адыгейм, Блашэпсынэ жыхуаIэ къуажэм, щыпсэуащ ар. ЗэкъуэшитI хъухэрт ахэр: зыр ПIытIэт, адрейр Зыгъуэт (е Загъуэт). ЗэкъуэшитIыр Хэкум икIауэ щытакъым. Хэкум ирагъэкIар абыхэм я бынхэрт. Уэсмэн къэралыгъуэрт здагъэкIуауэ щытар. Иужьым иныкъуэхэр Тыркум къэнащ, иныкъуэхэри СириемкIэ Iэпхъуа хъуащ. Нарт и адэшхуэм и адэ Гъусмэнрэ и щхьэгъусэмрэ СириемкIэ Iэпхъуахэм ящыщащ, и къуэшитI - КIэрашэрэ Ильясрэ, и шыпхъу Зазэ ящIыгъуу… Сирием щагъакIуэм, я къуэш нэхъыщIэр сымаджэ хъури яфIэлIащ, ар щыщIалъхьащ Джолан щIыпIэм. Къэнахэр Хъышние жыхуаIэ къуажэм дэтIысхьащ, псэупIэ яухуэри.

Зэман гуэр дэкIри, Ильясыр Хэкум къихьэжащ, «Сыплъэнщи, бгъэзэж хъун хуэдэмэ, фынэсшэжынщ», - жиIэри. Абы ирихьэлIэу Совет Союзым и гъунапкъэхэр игъэбыдат - зыри иригъэхьэртэкъым икIи къригъэкIыртэкъым. Арати, Ильясым Блашэпсынэм игъэзэжри абдеж щыпсэуащ. ЗэкъуэшитIыр зэи зэрылъагъужакъым абы иужькIэ: зыр кърагъэхьэжыртэкъым, мыдрейр ирагъэкIынутэкъым. Ильясым къишэри, хъыджэбзитI къахуэхъуащ.

 - Ди лIакъуэм и дамыгъэр ипэжыпIэкIэ сщIэркъым иджыри къыздэсым. Унагъуэм и тхыдэм теухуа гупсысэхэр ирагъэкIуэтэкIын хуей хъуащ ди нэхъыжьхэм, гъащIэм къахуигъэув гугъуехьхэм пэщIэтти. Я бгыр щIакъузэу яшхын къалэжьынырт нэхъыбэу зыпылъыр. Си адэшхуэм бын 11 иIащ - щIали 7-рэ хъыджэбзи 4-рэ. Си адэшхуэм и адэм Iэлъын илъу щытащ ди дамыгъэр тету, ауэ Iэлъынри тлъэгъуакъым, яхуэхъумакъым. Ди нэхъыжьхэр щыпсэуа Джоланыр Израилым къищтауэ щытащ 1967 гъэм. Хэкум ираха хьэпшыпхэм ящыщу зыри зыIэрагъэхьэжыфакъым - я фащи, Iэмэпсыми, къами - псори кIуэдащ. Армыхъумэ, абыхэми ятетагъэнщ дамыгъэ, - жеIэ Нарт.

ЩIалэр къыщыхъуар и анэшырщ, СтIащхэщ.

- Си нанэр Сирием къыщыхъуащ, и гъащIэр абы щихьащ. Ауэ абы хьэрыпыбзэ ищIэртэкъым, мащIэу къыгурыIуэ мыхъумэ. Диным епха гуэрхэр, нэмэз щищIкIэ жаIэнухэр - ахэрат ищIэр зэрыхъур. Псалъэм папщIэ, уэрамым къыдэкIыу цIыхухэм ядэуэршэрыфынутэкъым. Адыгэбзэрт ищIэр. Сэ мис а адыгэбзэ фIэкIа зымыщIа си нанэм (си анэм и анэм) сипIащ. Анэдэлъхубзэр схъумэнымкIи ар къысхуэщхьэпащ. Къапщтэмэ, унагъуэми къыщытхуадэртэкъым инджылызыбзэри хьэрыпыбзэри. ПщIантIэм дыкъыдыхьэжа нэужь, нэгъуэщIыбзэхэр адэкIэ къыщыдгъанэрт, - жеIэ Нарт анэдэлъхубзэр фIыуэ зэригъэшэрыуэм и фIыщIэр и нэхъыжьым и деж щилъагъуу.

Езыр зэрагъэсам хуэдэуи, и бынхэр егъасэ. Нарт и унагъуэм адыгэбзэ къабзэ илъщ.

- Бзэ лей щыIэкъым къапщтэмэ, сэ яхузогъэдахэ абыхэм нэгъуэщIыбзэхэр зэрагъэщIэнри. Дуней псом тепхъа адыгэхэр нэхъ зэпыщIауэ, зэгурыIуэфу щытынымкIэ, бзэ нэхъыбэ пщIэну егъэлеяуэ щхьэпэщ. Ауэ адыгэбзэ - анэбзэр псом нэхърэ нэхъыщхьэщ.

ИтIанэ, мыбыи гу лъыстащ. Адыгэбзэр идогъэдж, идогъащIэ жаIэурэ, моуэ и нэхъ гугъупIэмкIэ кърагъэзэкIыурэ, ар зэрыщытым нэхърэ нэхъ зэгъэщIэгъуейуэ, упэмылъэщыну къыпщызыгъэхъу Iуэхугъуэхэми урохьэлIэ. Адыгэбзэм и фIыпIэр, и дахагъэр, ар зэрымыгугъур - аращ бзэм дебгъэхьэхынум ебгъэлъэгъун хуейр. «Мыр егъэлеяуэ гугъущ, мыбы упэлъэщынукъым, ауэ пщIэнукъым, еплъ», жыхуэпIэ гупсысэм сабийр Iуигъэщту си гугъэщ. Ди бзэр мэкIуэд, дымыхъумэмэ. Дызэгупсысыжу, ар тхъумэным Iэмалу щыIэхэмкIэ делIэлIэн хуейщ, - жеIэ абы.

ГъэщIэгъуэнт Нарт и цIэр къызэрыфIащар. Абы дыщыщIэупщIэм, жиIащ абы и цIэми мыхьэнэ зэриIэр адыгэгуу псэунымкIэ.

- Си адэ-анэм къысфIащащ си цIэр. ИкIи абыи сыкъихъумэу къыщIэкIынущ. СыщыцIыкIум къызгурыIуэртэкъым цIэуэ къысфIащам и мыхьэнэр, адрей цIэ куэдым хуэдэ гуэру къысфIэщIырт. ТIэкIу сыкъыдэкIуэтеяуэ, «Нартыжь хъыбархэр» жиIэу тхылъ къыщысIэрыхьащ ди унэм. Ещанэ е еплIанэ классым сыкIуэу къыщIэкIынут абы щыгъуэ. Тхылъыр зэзыдзэкIауэ тетри Къумыкъу Мамдухьт. Ар япэ дыдэу Хэкум къэзыгъэзэжахэм ящыщщ. Мис а тхылъым сыкъеджэри, къызгурыIуащ Нарт цIэм и мыхьэнэр. Абдеж щегъэжьауэ, а тхылъым ит лIыхъужьхэр сэ щапхъэу згъэуващ, абыхэм нэхъ сазэрещхьыным сыпылъу. СыкъыдэкIуэтея нэужь, си гум сытым щыгъуи илъащ си цIэм хуэфэщэну цIыхум сахыхьэн, сакъыхэкIыжын зэрыхуейр. Моуэ къалэн гуэр къысщищI хуэдэт абы, зыIыгъыкIэ тэмэм сиIэн хуейуэ. Ауэ а къалэнри сэ зыкIи къыстехьэлъэртэкъым - сфIэфIт. Си цIэр схъумэным и ужь ситт, сыту жыпIэмэ, ар сэ къысфIащауэ къызэрызэджэ къудейтэкъым, атIэ лъэпкъ псом ящхьэщыIукI цIэт. Дэнэ сыкъыщыхутэми, си лъэпкъым и напэр схъумэн зэрыхуейр си цIэм къызжиIагъэххэт.

Нарт зэгуэр мурад нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжауэ щытар къызэрехъулIари жеIэ, адэкIэ мурадыщIэхэр игъэувынуи хьэзырщ.

 - ЦIыхум нэхъыщхьэ дыдэу зы мурад гуэр зыхуигъэувыж хабзэщ. Сэ апхуэдэ мураду згъэуват си Хэкум сыкъекIуэлIэжыну, си лъэпкъэгъухэм сакъыхыхьэжыну. Мис а Щыгъуэ махуэм къызгурыIуэжащ си гъащIэм дежкIэ нэхъыщхьэу къэслъытэу си гум изубыдар къызэрызэхъулIар. Ар къыщызэхъулIакIэ, иджы нэгъуэщI мурадхэр гъэувын хуейщ. Нэхъыщхьэр бын тэмэм къытщIэувэнырщ, лъэпкъым хуэтщIэфын къэдмыгъэнэнырщ, - жеIэ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: