ЩIэныгъэм и жылэр тхутезыса Нэгумэ ШорэЗыхэт гъащIэр сыт хуэдизу хьэлъэми, кIыфIми, Нэгумэр и лъэпкъым и пщэдейм фIыкIэ хуэплъэрт. Абы фIэщхъуныгъэ ин хэлъар нэхъ куууэ къызыхэщыр, зыхэплъагъуэр 1843 гъэм иуха и грамматикэм хуищIа хэзыгъэгъуазэрщ. Япэ адыгэ щIэныгъэлIым и гурылъ-гурыщIэ лъагэхэр къыщыIуэта а тхыгъэр фIэщхъуныгъэрэ пэжагъ куукIэ гъэнщIащ, псалъэм и зэфIэкIыр Iэзагъышхуэ хэлъу къыщыгъэсэбэпащ, узэреджэу псэкIэ зыхыбощIэ къэхъун-къэщIэнхэр къэзыхутэф, художественнэ зэфIэкIхэр зыбгъэдэлъ цIыхум и IэдакъэщIэкIыу ар зэрыщытыр. Нэгумэм и творчествэм елэжьа щIэныгъэлI куэдым пасэу гу лъатащ а хэзыгъэгъуазэр урыс лъэпкъым и пщэдейм, ехъулIэныгъэ къыпэплъэхэм теухуауэ Пушкинрэ Белинскэмрэ а лъэхъэнэ дыдэм къаIуата гупсысэхэм зэрыпэгъунэгъур. Нэгумэм фIэщхъуныгъэ ин хэлъар абы мыпхуэдэу къыщыIуэтащ: «Сэ си лэжьыгъэм щыщIэздзам, хьэкъыу си гум пхыкIа Iуэхугъуэм къызжиIэрт бгырыс Iэлым гъащIэр зыгъэфIэрафIэ гугъапIэ-нэхугъэр игу къридзэну: абы щIэныгъэр фIыуэ щилъагъуну зэманыр, дэ псоми щIэныгъэм, тхылъым, тхыгъэм зыщеттыну ди лъэхъэнэр къэсыну. Мис ар дыдэм щхьэкIэщ илъэс куэдкIэ сызэлIэлIа мы лэжьыгъэр щIызэхэслъхьар. Мыр яIэщIыгъупщэжынкIи хъунщ, пцIэ хуамыщIыжу нэмыплъ иратыни ихуэнщ, ауэ зы зэман гуэрым дяужькIэ къэхъуну еджакIуэ щIэблэщIэм фIыщIэ хуищIу мыр игу къигъэкIыжынщ. Ар къызэрыхъунур си фIэщ хъурти, си гурылъхэр нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу къыжысIэн папщIэ, илъэс щэщI си ныбжьу урысыбзэр зджынымкIэ къарурэ тегушхуэныгъэрэ сэ абы къысхилъхьащ икIи а зэман насыпыфIэр къэсыным куэд имыIэжу абы къызжиIэрт. ЩIэныгъэ зыхэлъ цIыхухэм къагуэзыгъэкI псори зыхинэу, фIыгъэмрэ щIэныгъэмрэ си хэкум зыщритыну дакъикъэ IэфIым нэсыху сэ сымыпсэункIи, ар сымылъагъункIи хъунущ. А зэман дахэр къэсатэмэ, сыту гуфIэгъуэ куэд си псэм итIанэ къыщыукъубиинт!»
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




