Зэгухьэныгъэхэм ялэжьыр куэдщ

2021 - 2024 гъэхэм къриубыдэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм топсэлъыхь ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий;

- Хасэм и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэу щытащ икIи къонэж лъэпкъ щэнхабзэм, бзэм, хабзэхэм зегъэужьыныр; ди лъэпкъэгъуу хамэ къэралхэм щыпсэухэм яхудиIэ пыщIэныгъэхэм зегъэубгъуныр; адэжь щIыналъэм къэзыгъэзэжахэм сыт и лъэныкъуэкIи защIэгъэкъуэныр; лъэпкъхэм яку дэлъ мамырыгъэр, зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным хущIэкъуныр, цIыхубэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щIыналъэ, къэрал Iуэхухэм хэтыныр, – жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. - А къалэнхэр пхузэфIэгъэкIынукъым, къэрал властым и органхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ зэкъуэту зэдэмылажьэмэ, ди лъэпкъым, цIыху псоми я сэбэп зыхэлъхэр зэгъэхъулIэным хуэгъэпса зы мурадым хущIэкъуу щымытмэ. Абы къыхэкIыу ДАХ-м и лэжьыгъэм хохьэ а Iуэхухэр зэхьэлIа министерствэхэм, къулыкъущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм сыт и лъэныкъуэкIи быдэу япыщIауэ щытыныр.

Апхуэдэу фIы къызыпэкIуэ пыщIэныгъэ яхудиIэщ Лъэпкъхэм я IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм, ЦIыхубэ дипломатиер дэIыгъыным хуэлажьэ, Горчаков А. М. и цIэр зезыхьэ фондым, Президент грантхэм я фондым, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, адыгэ псапащIэ зэгухьэныгъэхэу Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм щыIэхэм.

ДАХ-р зэрылажьэ илъэс щэщIым къриубыдэу Хасэшхуэм хыхьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ абыхэм лъэпкъым и псэукIэмкIэ, адыгэхэм я щэнхабзэр, бзэр, хабзэхэр хъумэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр.

Нобэ ДАХ-м хыхьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэ куэд чэнджэщэгъу хуитыныгъэ яIэу хагъэхьащ министерствэхэм, къэрал IуэхущIапIэхэм, муниципалитетхэм, нэгъуэщI IэнатIэхэм. Ахэр зэпымыууэ хэтщ жылагъуэ едэIуэныгъэхэм, щIыналъэхэм я къалащхьэхэм щыпсэухэм драгъэкIуэкI зэIущIэхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт IэщIагъэ щрагъэгъуэтхэм я студентхэм щахуэзэкIэ. Абыхэм езыхэми зэпымыууэ Iуэху зэдащIэ, апхуэдэуи гъэзэщIакIуэ властым и органхэм я лIыкIуэхэми, щIэныгъэлIхэми, жылагъуэ лэжьакIуэхэми япыщIащ.

А псор, шэч хэмылъу, сэбэп мэхъу дунейпсо, щIыналъэ, лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIи нэхъыфIу зэрыщIэнымкIэ.

Си лэжьэгъухэм дзыхь къысхуащIри, сэ «Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я бзэхэр джынымрэ абыхэм зегъэужьынымрэ: зэкъуэтыныгъэмрэ зэмылIэужьыгъуагъэмрэ я лъабжьэ» стIол хъурейм, 2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м УФ-м и Къэрал Думэм щекIуэкIам, сыкъыщыпсэлъауэ щытащ. А зэхуэсым хэтащ къэрал властым и федеральнэ органхэм, Урысей Федерацэм щыщ щIыналъэхэм къэрал унафэр щызезыхьэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, а Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр, щIэныгъэлIхэр. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Урысей Федерацэм и къэрал лъэпкъ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр 2025 гъэ пщIондэ зыхуэдэнум,  ди къэралым ис лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным, зегъэужьыным, ахэр джынымрэ гъэлэжьэнымрэ ехьэлIа хабзэубзыху икIи къызэгъэпэщыныгъэ Iуэхухэм.

Апхуэдэуи сэ сыхэтащ Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм, анэдэлъхубзэхэм я щытыкIэмрэ ахэр хъума хъун и лъэныкъуэкIэ зыIууэ гугъуехьхэмрэ теухуащ.

Сэхъурокъуэ Хьэутий ДАХ-м лъэныкъуэ куэдкIэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьащ, икIи къыхигъэщащ ялэжьар мымащIэми, нэхъыбэж къазэрыпэщылъыр.

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд тепсэлъыхьащ КъАХ-мрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ къаублауэ «Си бзэ - си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэр I999 гъэ лъандэрэ зэрырагъэкIуэкIым, ар Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Мэздэгу адыгэхэм къащтауэ я щIыналъэхэм къызэрыщызэрагъэпэщым; щэнхабзэр, гъуазджэр, хабзэр хъума  хъун папщIэ «Адыгэ пщащэ» дунейпсо зэпеуэр 2013 гъэ лъандэрэ зэрызэхашэм, «Адыгэ щауэ» зэхьэзэхуэри абы къызэрыкIэлъыкIуам.

«Адыгейм щапхъэ зытепх хъун зы Iуэху дахэ щаублащ. ЩIэныгъэрылажьэхэу Унэрокъуэхэ Раерэ Мирэрэ «Адыгэ хабзэ» тхылъхэр классибгъум папщIэ ягъэхьэзырри, къыдагъэкIауэ курыт школхэм щрагъаджэ. Хъарзынэ хъунут дэри ар щапхъэ тхуэхъурэ, ди еджапIэхэм къыщыдубламэ.

Иужьрей зэманым Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиемрэ  жыджэру зэдэлэжьэн щIадзащ. Апхуэдэу абыхэм зэгъусэу къызэрагъэпэщауэ щытащ дуней псом щыцIэрыIуэ тхакIуэ, сценарист, режиссер Къандур Мухьэдин илъэс 85-рэ зэрырикъуам теухуа пшыхьыр. Химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием Геохимиемрэ аналитикэ химиемкIэ и институтым, Вернадский В. И. и цIэр зезыхьэм, и унафэщI Хьэмыз Руслан ягъэлъэпIащ иджыблагъэ.

Тхылъ къыдэгъэкIыным и гугъу пщIымэ, ЩIДАА-р и щIэгъэкъуэну Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым къыдигъэкIащ томиплI хъу «Нартхэр» тхылъыр. БлэкIа илъэсхэм «Черкесика» серием хэту КъАХ-м, ДАХ-м, ЩIДАА-м тхылъ I6 къыдагъэкIащ, адыгэбзэкIи урысыбзэкIи. 

Иджыпсту дгъэхьэзырауэ къыдэгъэкIыным поплъэ хамэ къэрал щыпсэу ди къуэшхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа прозэр урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ зэрыт «Хуитыныгъэм и жэщ» тхылъитIыр, «хэхэс адыгэхэм я усэхэр щызэхуэхьэса Адыгэ хэкум и вагъуэ» тхылъитIыр, «Лъэпкъ гурылъ» драмэ, комедие, трагедие зэрыт томитIыр.

Абыхэм къищынэмыщIауэ, унафэщIхэми жылагъуэ лэжьакIуэхэми ягу къэзгъэкIыжыну сыхуейт илъэс зыбжанэ ипэкIэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ и фэеплъ ягъэувыну мурад зэраIар, щIыпIи зэрыхухахар. Иджы мы гъэм ар къызэралъхурэ илъэс 225-рэ зэрыхъум тещIыхьауэ а Iуэхур и кIэм нэдгъэсамэ, хъарзынэт. Апхуэдэ дыдэу ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ Къэнжал зауэм зэрыщытекIуам теухуауэ СэвкIуий Хьэмид ищIа сыныр абы хухахауэ щыта щIыпIэм деж (Осетинскэмрэ Лениным и цIэр зезыхьэмрэ я зэхэкIыпIэм) дгъэувын зэрыхуейр къыхэгъэщыпхъэщ, абы цIыху куэд къыщIолъэIу.

ИгъащIэм адыгэ псалъэжьым жеIэ: «АдыгэлIрэ адыгэшрэ». Адыгэшым хуэдэу цIэрыIуэ дунейм теткъым, илъэс 500 хъуауэ къогъуэгурыкIуэ ар. Адыгэ шы лъэпкъыфIым и фэеплъыр Налшык къалэ дэт Ипподромым и гупэм деж е нэгъуэщI щIыпIэ щыгъэувынми и чэзу къэсауэ къыдолъытэ.

Зи ныбжьыр илъэс 95-нэм ит МэшбащIэ Исхьэкъ иужьрей илъэситхум романитху итхащ. КъАХ-м къыхелъхьэ абы и юбилейм ирихьэлIэу КъБР-м и къэрал тхылъ тедзапIэм «Ажал гъуэгу», «Адыгэхэр», «Уафэнэ» романхэр адыгэбзэкIэ къыщыдэгъэкIын хуейуэ. ТхакIуэшхуэр илъэс 75-рэ щыхъум, Къэбэрдей Хасэм къыдигъэкIауэ щытащ «Адыги», «Восход и Закат», «Аиссе» тхылъхэр», – жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

НэщIэпыджэ Замирэ.

 

Поделиться: