ЗыгъэпсэхуакIуэ къытхуэкIуэхэм къахохъуэКъэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыгъэпсэхуну къакIуэхэм я бжыгъэм хэхъуэн папщIэ, хьэщIэщхэр иджырей мардэхэм тещIыхьауэ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къыщызэрагъэпэщ. Мы гъэм и мазибгъу блэкIам къриубыдэу ди щIыналъэм зыщаплъыхьыну, зыщагъэпсэхуну къэкIуахэм я бжыгъэр, 2023 гъэм и апхуэдэ пIалъэм етлъытмэ, процет 14,5-кIэ хэхъуащ: цIыху мелуанрэ мини I00-рэ хъууэ щытамэ, мелуанрэ мин 400-м нызэрыхьэсащ. Иужьрей илъэси 5-р къатщтэмэ, хуэди 2,5-кIэ хэхъуащ. Уеблэмэ, 2023 гъэм мелуанрэ мин щитхум щIигъуат. ХьэщIэщхэм я бжыгъэр, псори зэхэту, 400-м нэблэгъащ. КЪАНКЪУЛ Зазий.
Поделиться:
Читать также:
13.06.2026 - 12:26 →
Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр
13.06.2026 - 11:18 →
Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр йокIуэкI
13.06.2026 - 11:00 →
Хэкупсэу ягъасэ щIэблэр
13.06.2026 - 09:58 →
ПхъэщхьэмыщхьэкIэ дыкъызэрагъэпэщ
13.06.2026 - 09:30 →
Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ
| ||




