Лъэпкъым и нэхущ вагъуэ

Нэхущ Мухьэмэд къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу ар къэзыцIыхуу щытахэм хужаIахэмрэ и Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэмрэ тыдодзэ.

Академик, критик Бэчыжь Лейла: Нэхущ Мухьэмэд и натIэм къритхат фIыщэу илъагъу адыгэ лъэпкъым и усакIуэ зэчиягъыр и макъ жьгъыру телъыджэмкIэ къиIуэтэну. Сыту гуауэ апхуэдиз нур къызыпих нэхущ вагъуэр игъуэ нэмысу адыгэ усыгъэм и уэгум зэрибзэхыкIыжар!

Академик, щIэныгъэлI Къумахуэ Мухьэдин: Нэхущ Мухьэмэд и усэхэм къыхощ абы къыдалъхуауэ усакIуэ зэчиягъ гъуэзэджэ зэриIэр. Нэхущым Iурылъ адыгэбзэм хуэдэ уигъэлъыхъуэнущ.

Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ тхакIуэ Брат Хьэбас: Нэхущым и усыгъэр Нэхущ вагъуэм ещхьу къыщынэхуауэ щытащ адыгэ усыгъэм и уафэ къащхъуэм. Абы къигъэщIа зэман мащIэм хущIыхьащ усэ къарукIэ, усэбзэ телъыджэкIэ лъэпкъым и блэкIари и нобэри къигъэлъэгъуэн, цIыхупсэм, цIыху акъылым щыхъэр къиIуэтэн.

 

            Жыг закъуэ

            Акъ Мухьэрбэч и фэеплъу

Щхьэщытщ щыхупIэ гъунэ дзакIэм

И закъуэ дыдэу уэздыгъей.

ДэкIуей – къехыжи мы къуэладжэм,

Дэплъей – къеплъыхи мы къуэладжэм –

НэгъуэщI къэхъугъэ щымыхъей.

 

Мо дыгъэ закъуэрами зыщIэр

Абы и ныбжьыр здынэсар.

Жьы ятэ фийхэм ягъэхыщIэр,

Борэн къыкъуэухэм ягъэпIыщIэр,

И щхьэкIэр щыблэращ зысар.

 

Хэт хэзысатэр ар? Мэзытхьэт?

Иужьым Псатхьэт егугъуар?

Арамэ, тIуми еупщIыпхъэт,

Зэхуэдэу тIуми еупщIыпхъэт:

- Мы щIыпIэр сыт къыщIыхэфхар?

 

Къэхъуари жыфIэт, фекъуаншэкIыу,

Щхьэ мы жыг щIагъуэм феижа?

Е ерыщагъыр къывэбэкIыу,

Е тхьэ Iущагъыр къывэбэкIыу,

ФхузэфIэкIынум феплъыжа?

 

Къохыж жэуапыр уафэ псыфэм:

«Мыпхуэдэ жыгыр хъурэ бгъей?

Ар Iутрэ пэткIэ мащэ Iуфэм,

Ар Iутрэ пэткIэ мащэ Iуфэм,

Зимыту уэгум хуонэпсей!»

 

КъысфIощI къыхэплъэу ар ди гъащIэм,

ТщIэ псори къыддилъагъу нэхъей,

ЩIым щедгъэкIуэкI зэпеуэ гуащIэм,

Зым зыр щысхьыншэу щыхэдгъащIэм –

Иризэгуэп, иринэщхъей.

 

КъыджиIэ хуэдэ: фыцIыху быну,

Зым зыр яужь щхьэ IейкIэ фит?

Зэ нэхъ фIэкIа фымыпсэуну,

Сыт мы дунейм фэ тефхыфыну?

Фхуэмыгуэшыжыр цIыхухэм сыт?

 

АрщхьэкIэ, лъащIэр жэнэт щIыпIэу

Зылъытэр бгыщхьэ пхудэкIын?

Е лъагъуэ захуэри щыхупIэу,

Ар цIыху пэж куэдым я кIуэдыпIэу

Мы жыгым дэнэ щицIыхун?

 

Мы жыгым деж сринэсыну

СиIатэм сэри шы – бгъэ жэр,

Илъыххэт си гум сеупщIыну,

Сыхьэзырыххэт сеупщIыну:

- Сыт щIыуимыIэр зы къуэж гуэр?

 

Жэуап къитынум сыпэмыплъэу,

Згъэхуабэу IэплIэ есшэкIынт,

Iэдакъэжьауэр и нэрыплъэу,

Дымахуэплъыр, дыжэщырыплъэу

ЩыхупIэм тIури дыIутынт.

                    Алий

«Алий! ТIэкIу щIэмэ лIэнущ Алий мыгъуэ,

Алий къудейкъым ар! Ар ЩоджэнцIыкIущ!

Ар фIэщIэкIа нэужькIэ фымыщыгъуэ…

Апхуэдэр хъуныр шэпэIудз емыкIущ!

Апхуэдэр къыпащIыкIкъым къурэ щхьэкIэм,

Мэхъу кIуэдыгъуафIэр къэгъуэтыжыгъуей…

ИкIахэр нэм икIамэ я IэбэкIэм

НэхъыфIхэращ ящI хабзэр зэрыхуей.

Ар фхуэмыхъумэм занщIэу фыпыкI пыIэм,

Щхьэ пцIанэу фыдэкIынкъым, дауи, кхъэм» -

А махуэм ириIуэкIт адыгэу щыIэм,

Игъэву игукIэ хужымыIэр бзэм.

А махуэр зыцIыхужхэм я бжэщхьэIум

Себакъуэу я нэку – напIэм сыщIэплъам,

ЖиIэну пэж мы сигу макъыншэу щэIум,

Алий къыхокIри йоплъыр къыспежьам.

МэтIысри абы йоплъ щэхубзэу куэдрэ,

ЩIегъакъуэри итIанэ и Iэр щхьэм,

ФIэфI гъыбзэрэ иужькIэ фIэфI уэрэдрэ

Егъэшри потIысыжыр зэман кIуэм.

И макъыр щхьэхыу къэхъукъым щымыпIащIэ,

Хэт жейми, хэт пщIыхь хэтми къегъэуш:

- Лъэпкъ къэскIэ вагъуэщ!

ЩыIэкъым лъэпкъ мащIэ!

- Лъэпкъ къэскIэ дыгъэщ! Фи щхьэ фыхуэIущ!

Алий аразы дыдэщ. И къалэмыр

Мыжурэу фIэлъщ фоч ябгэ узэдам –

УэрэдкIэ мы дунейм и махуэ уэмыр

Ящыщщи зызмыгъэпщкIуу къэзыхьам.

Мэпсэу къэкIуэну махуэр и щIэщыгъуэу,

Уэгу шыкъум вагъуэу иувэнуи лъокI.

ИкIи пщэдджыжь къэс лъахэ – къэралыгъуэу

Ар къэзылъхуам и дыгъэу къыхущIокI.

         Ди щIыхуэ къатенакъым

… Нэм фикIыу пасэрейхэр фымыуб,

Ди щIыхуэ сщIэркъым ахэм къатенауэ.

Махъсымэм зызмыгъэнщIу сэ соIуб,

Бжей кIадэм жыгей фалъэкIэ къисхауэ.

 

Гур зэуэ батырыбжьэм егъэтIыс,

Си лъэпкъым и блэкIар къигъэщIытэжу.

ДжэгуакIуэм уэрэдыщIэхэр еус,

Здищтэну зекIуэ ежьэм гъусэ пэжу.

 

Хэку кIыщым уадэр щегъэлъащэ Лъэпщ,

Хьэзырщ зы джатэ – бийр абы къелынкъым.

Я лIыгъэр нартхэм зауэм щыхагъэпщ –

Бзылъхугъэр хамэ IэплIэм лъагъэсынкъым.

 

ХьэщIэщхэр пщIантIэ къэс щызэIухащ,

Дунейм тетыжкъым гуауи нэщхъеягъуи.

 Шууей адыгэ щIалэм фыз къишащ,

Абы хэмыту къэмынэ цIыху щIагъуи.

 

НысащIэр гугъэу поплъэр илI ежьам.

Мыващхъуэ кIанэ къехуэхыхукIэ уафэм.

Унагъуэм нэрыбгэщIэ къыхэхъуам.

Жэщибл – махуиблкIэ щIедзэр санэхуафэм.

 

…Хъуэхъубжьэ сIэтым жэщыр къыдоIуб,

Си Хэку и щIылъэм си гур дэчэфауэ.

ЖызоIэ: - Пасэрейхэр фымыуб,

Ди щIыхуэ сщIэркъым ахэм къатенауэ!

                   Сыпхуезэшт

Слъэгъуащ Берлин, Потсдам, Варшавэ,

Мамырти Эльбэ сыгуфIащ,

Къыщиуми Вислэ мыгузавэ,

СиIу плъам ипс щIыIэр щIэзгъэуащ.

ПцIы бупсым фIагъ хэлъ, япэхуным

ХамэщI вагъуэплъхэм сегуэкIуат.

Ауэ сыкъелри зыплъыхьыным

Жьэгу пащхьэр си гум къэкIыжат:

Уэгу Iыхьэ щIыхур и тепIэну

БгитI я кум къуажэ къыдэзнар,

Игу мащIэ къеуэм къызжиIэну

Къыспэплъэ анэ къэзгъэнар.

Уэ сыпхуезэшт гугъу сехьу псэкIэ,

Сэ сытемытми гъуэгу емыкIу,

Нэр пхъырэ, пщIыуэ гуащэ кIуэкIэ

Шу пхъашэу кIуасэ, Инжыдж цIыкIу.

         СфIэфIщ сыпхуэфащэу

Хэку, уэ уи пащхьэ емыкIу къыщысхьакъым,

Куэдрэ къэхъуами уи нэху сыщыхэн.

Си гум уи къуагъкIэ зым лъагъуэ хуищIакъым –

СфIэфIщ сыпхуэфащэу сэ уэ сыуикъуэн.

 

Бгыхэм уи бынхэм я хьэлыр пызощIыр,

ЕщI лъагъугъуафIэ уи тхыдэм уи цейр.

Щхьэщэ лъэпкъ хабзэм хуэпэжхэм хузощIыр –

Ахэм сайщхьыфтэм арат сызыхуейр.

             Лермонтовым деж

Иджыри щэхущ Кавказыр сабий жейуэ,

Михаил Юрьевич, дишхэм дыгъэшэс.

Бысым тхуэхъунщ адыгэр къытхуэхейуэ,

Си деж къыщыщIэдзауэ уи деж нэс.

 

Я псалъэр бгырыс хабзэм емыбэкIыу,

Абыхэм уэ бжьэ из къыпхуашиям,

Уэ къуэ уащIауэ арщ ирамыхьэкIыу,

УимыгъэпцIыну арщ къуэ узыщIам.

 

Къэхъуакъым уэри гугъэр зым IэщIэпхыу,

ГурыщIэ къабзэм къыщытепхьэ шэч,

СабырщIэгъуей Печорин нэхъ къыхэпхыу,

Ди Бэлэ пыбгъэкIами лIыхъу Къазбэч.

 

Максимыч и хьэл щабэр уэ уи нэщхъыу,

Си Хэку хуэптха хъыбархэм сегъэдэIу…

НэмыщIкIэ… уи щIыхь лъагэм зыхуэзгъэщхъыу

СумыгъэщIэщхъу пхузиIэщи зы лъэIу:

 

Уи фIэщ щIы, абрэджым и хьэдагъэкIэ,

Нэсауэ лIэщIыгъуитIым зеухыж.

Хъуххэнум Григорий и хьилагъэкIэ

Къазбэч иш фIадыгъуар къэдгъэгъуэтыж.

Поделиться:

Читать также: