Си щIыналъэу Къэбэрдей-БалъкъэрКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэр цIыхур щыпсэуну зэхъуапсэ щIыпIэхэм ящыщщ. ЩIыналъэм бгъэдэлъ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм къищынэмыщIа, мыбдеж щызэтраухуа псэукIэм, къыщекIуэкI хабзэхэм, цIыху зэхущытыкIэхэм ар нэгъуэщIхэм къахегъэщ.
Республикэм езым и нып, герб, гимн иIэжщ. КъБР-м и Конституцэм тету, гербым бгъэ дыщафэ (гъуэжь) къыщыгъэлъэгъуащ, абы и бгъэгум мэIуху тетщ, и щхьэмкIэ уафэ къащхъуэм чэсей хужьу Iуащхьэмахуэ бгыр къыхэпсу, и щIагъымкIэ губгъуэ щхъуантIэмрэ тхьэмпищ къэкIыгъэмрэ щIэту. Республикэм и къэрал ныпращи, плъыфищу, и щхьэмкIэ къыщыщIэдзауэ щIыху-хужь-удзыфэу ар зэхэтщ, и кур хъурейуэ къэтхъыхьащи, абы Iуащхьэмахуэ бгыр итщ. ЩIыналъэм и гимныр Къардэн Хьэсэн щызэхилъхьэм, адыгэхэм, балъкъэрхэм, урысхэм я цIыхубэ макъамэхэр зэхиухуэнащ. Псалъэ хэмыту ар ягъэзащIэ.
Сыт-тIэ и къекIуэкIыкIар жэнэт щIыналъэу къэтлъытэ Къэбэрдей-Балъкъэрым?! Жыжьэ дыдэу уIэбэмэ, абы ищIхэм итIысхьэн щыщIадзар XV-XVI лIэщIыгъуэхэм къыщожьэ, Таманрэ Iузэв псы Iуфэмрэ къикIыу, адыгэхэм ящыщ Предкавказьем къыщыIэпхъуам. Нэхъ иужьрей зэманым и гугъу пщIымэ, 1921 гъэм Кавказым щыIэ нэгъуэщI щIыналъэхэри я гъусэу, Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ Бгырыс АССР-м хыхьауэ щытащ. Къэбэрдей округыр абы къыхэкIыжащ 1921 гъэм фокIадэм и 1-м, Балъкъэрыр - 1
1922 гъэм щIышылэм и 16-м. А илъэс дыдэм Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областыр къэунэхуащ, 1936 гъэм - АССР хъуащ (и къалащхьэр Налшык къалэщ - бгым ныкъуэхъурейуэ къызэрекIуэкIым щхьэкIэ и теплъэр налым ирагъэщхь).
Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым 115-нэ шуудзэр къыщызэрагъэпэщауэ щытащ, Кавказымрэ Сталинградрэ щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэми ар хэтащ. I942 гъэм республикэм и щIыпIэ нэхъыбэр, и къалащхьэри яхэту, нэмыцэхэм яубыдат. Щхьэхуит къащIыжащ I943 гъэм и щIышылэм и 11-м. 1944 гъэм балъкъэрхэр щIыналъэм ирагъэкIа нэужь, Къэбэрдей АССР ящIауэ щытащ, 1957 гъэм щегъэжьауэ - аргуэру Къэбэрдей-Балъкъэр АССР мэхъуж. 1950 -1960 гъэхэм машинэрэ Iэмэпсымэрэ щаухуэ промышленнэ IуэхущIапIэ инхэр щIыналъэм къыщызэIуахащ. 1990 гъэм ирихьэлIэу, щIыналъэм и промышленностым цIыху мин 96,3-м я гуащIэ ирахьэлIэрт. 1992 гъэм къыщыщIэдзауэ ди щIыналъэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ хъуащ.
1932 гъэм Москва ГъуазджэмкIэ япэ союзпсо олимпиадэ щыщекIуэкIам Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм етIуанэ увыпIэр абы къыщахьат, сом мин саугъэту къратат.
1933 гъэм япэ литературэ альманаххэр бзищкIэ къыдэкIащ: «Къабарты-Малкъар», «КъаруущIэ», «Кабардино-Балкария». А илъэсращ «Кабардинка» ансамблри къыщызэрагъэпэщар. Лениным и цIэр зезыхьа еджапIэ къалэ цIыкIум епхауэ лъэпкъ гъуазджэм щыхагъэгъуазэ студие иIащ, къэфэнухэр, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэнухэр, театрым щылэжьэнухэр гуп-гупу ягъасэу. Ахэращ къызыхашар республикэм и япэ творческэ гупыр щаузэдым.
1935 гъэм Театр гъуазджэмкIэ къэрал институтым, Луначарскэм и цIэр зезыхьэм, къыщызэIуахащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я театр студиехэр 1939 гъэм Къэбэрдей къэрал хорыр, 1940 гъэм – Балъкъэр къэрал хорыр къызэрагъэпэщ. 1940 гъэм Тырныауз вольфрам-молибден къыщIэхыпIэр яухуащ. Ар къызэIуаха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ хозяйствэм къалэн нэхъыщхьэр игъэзащIэ хъуащ промышленностым. А гъэ дыдэм и жэпуэгъуэм къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей, Балъкъэр къэрал драмэ театрхэр. 1956 гъэм Налшык музыкэ училищэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэр къызэIуахащ. Япэ лъэпкъ балетыр («Лалуцэ») 1964 гъэм мэлыжьыхьым ягъэлъэгъуащ. Музыкэ театрым и тхыдэм и щIэдзапIэу ар къалъытэ. ИлъэситI дэкIри, етIуанэ лъэпкъ балетри - «Дахэнагъуэ» - утыку кърахьат. Ещанэ апхуэдэ лэжьыгъэр ягъэлъэгъуащ («Аминат») Музыкэ театрыр къыщыщызэIуаха 1968 гъэм. Абы хэлIыфIыхьауэ щытащ а зэманым щIыналъэм щэнхабзэмкIэ и министру щыта Ефэнды Джылахъстэн.
1990 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм хэхыныгъэхэр щекIуэкIащ. ИлъэситI дэкIри, щIышылэм и 5-м Япэ президент хэхыныгъэхэр республикэм щекIуэкIащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президенту хахащ КIуэкIуэ Валерий.
I994 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м КъБР-м и Парламентым къищтащ «КъБР-м ис лъэпкъкъэр я анэдэлъхубзэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законыр. Абы ипкъ иткIэ, адыгэбзэр, балъкъэрыбзэр, урысыбзэр къэралыбзэу ягъэуващ.
1996 гъэм и жэпуэгъуэм УФ-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Сан-Францискэ университетым и профессор Шемякин (Къардэн) Михаил и лэжьыгъэхэр КъБР-м и Лъэпкъ музейм щигъэлъэгъуащ.
2002 гъэм КIуэкIуэ Валерий и къулыкъум ещанэу трагъэувэжащ, хэхыныгъэхэм кърикIуам ипкъ иткIэ. 2005 - 2013 гъэхэм КъБР-м и Президенту щытащ Къанокъуэ Арсен.
2007 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэтауэ щагъэлъэпIащ щIыналъэр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 450-рэ зэрырикъумрэ 1956 - 1985 гъэхэм КПСС-м и обкомым и япэ секретарь къулыкъум пэрыту республикэм и унафэщIу щыта Мэлбахъуэ Тимборэ къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъуамрэ.
2008 гъэм «Урысейм и щIыпIэ телъыджэу блы» зэхьэзэхуэм кърикIуар Москва и Утыку Плъыжьым щыжаIащ. ЦIыху мелуан 26-м нэблагъэм Iэ зэраIэтамкIэ, абыхэм яхэхуат ди Iуащхьэмахуэ бгыри. 2012 гъэм франджы режиссёр Мун Винсент иухащ «Черкесия» фильмыр техын (адыгэ макъамэхэм ятеухуауэ). 2010 гъэм УФ-м и Президентым и УнафэкIэ, Налшык «Дзэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ.
2014 гъэм Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр ягъэуващ, фокIадэм и 20-м ягъэлъэпIэну. А илъэсым КъБР-м и Iэтащхьэ къулыкъум пэрыхьащ КIуэкIуэ Юрий. Ар тету, Налшык къалэм къыщызэIуахащ щIыналъэм щынэхъ ин дыдэ (сабий мини 5 зыщIэхуэ), ТворчествэмкIэ «Дыгъэпс къалэ» сабий академиер.
2019 гъэм республикэм и Iэтащхьэ хъуащ КIуэкIуэ Казбек. 2020 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым IэIэт щекIуэкIащ, УФ-м и Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэщIэхэм папщIэ.
2022 гъэм республикэм и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъур Iэтауэ ягъэлъэпIащ. 2024 гъэм жэпуэгъуэм и 3-м КIуэкIуэ Казбек республикэм и Iэтащхьэу аргуэру хахыжащ.
Ди зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрыр зызыужьа щIыналъэщ. Абы и мэкъумэш, промышленнэ IэнатIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр зэпымыууэ ирагъэфIакIуэ, щэнхабзэ щIэинышхуэ иIэщ. Налшык къалъытэ Кавказ Ищхъэрэм и щэнхабзэ центру. Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэр я псы хущхъуэхэмкIэ цIэрыIуэщ, зыгъэпсэхупIэхэм илъэс 80-м щIигъуауэ зрагъэужь. Нобэ республикэ унафэщIхэм гулъытэ хэха хуащI щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм зэрыхагъэхъуэным. Апхуэдэу 2030 гъэм ирихьэлIэу, щIыналъэм зыщызыгъэпсэхухэр цIыху мелуани 2,5-м нагъэсыну я мурадщ. Абы щхьэкIэ Iуащхьэмахуэ зыгъэпсэхупIэми республикэм и къалащхьэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ и санаторэхэми зрагъэужь. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2024 - 2026 гъэхэм къриубыдэу, «Iуащхьэмахуэ» курортым и закъуэ зрагъэужьыным сом мелард 14,5-рэ бюджет ахъшэу халъхьэну я мурадщ.
Республикэр мы зэманым къэралым и щIыналъэ нэхъыфIитхум яхэтщ псынщIэу зызыужь жыг хадэхэр зэригъэкIымкIэ. Апхуэдэуи абы и промышленнэ IуэхущIапIэ куэд щыпашэщ Урысейм. ЩIыналъэм и ехъулIэныгъэхэм я гугъу щыпщIкIэ, я цIэ къиIуапхъэу къыщIэкIынщ республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI IуэхущIапIэхэм: «Кавказкабель завод» АО-р, «Севкаврентген-Д» ООО-р, «Тэрч налмэс» заводыр, «ЭлектроПросервис» ООО-р, нэгъуэщIхэри. Дохъуэхъу ди щIыналъэ дахэм и Къэралыгъуэм и махуэмкIэ, ехъулIэныгъэ куэд иджыри къыхудэкIуэну ди гуапэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




