Архитекторым и махуэрИлъэс къэс жэпуэгъуэм и етIуанэ блыщхьэм ягъэлъапIэ архитекторым и махуэр. Архитектор IэщIагъэр пасэу къэунэхуахэм ящыщщ. Тхыдэм ещIэж Пасэрей Мысырым, Урымым щегъэжьауэ, архитекторхэм я цIэ куэд. Абыхэм я лэжьыгъэхэр лIэщIыгъуэхэм я фэеплъи хъуащ. Дэ датхьэкъур быдапIэ абрагъуэхэм, чэщанэхэм, нэгъуэщI ухуэныгъэ дахэхэм. Архитектурэр ар икIи гъуазджэщ икIи щIэныгъэщ. Урым архитектор Витрувий архитектурэм и зэхэлъыкIэу пкъыгъуищ къигъэлъэгъуауэ щытащ: быдагъыр, сэбэп зэрыхъур, дахагъэр. Абыхэм къыдэкIуэи, ухуэныгъэ къэс щаухуэ щыпIэм хэзагъэу щытыпхъэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




