Къуажэдэсхэм я лъэIукIэ«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу Тэрч щIыналъэм и Дей, Акъбащ Ипщэ, Терекскэ къуажэхэр зэпызыщIэ, Дей къуажэм пхрыкI, километриплIым щIигъу зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгур къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.
Нэгъабэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек эфир занщIэм къыщыпсалъэу, Дей къуажэм дэсхэр елъэIуауэ щытащ ЩауэцIыкIум и цIэр зэзыхьэ уэрамыр зыхуей хуагъэзэну унафэ ищIыну. Абы къыхэкIыу 2024 гъэм гъуэгу лэжьыгъэу зэфIагъэкIыну къалэн зыхуащIыжахэм мы жылэри хагъэхьащ.
Гъуэгум машинэ куэд зэрыщызекIуэр, я нэхъыбэр хьэлъэзешэу зэрыщытыр къалъытэри, лэжьакIуэхэр пэрыхьащ абы и лъабжьэр фIыуэ гъэбыдэным. Ар тIуащIэу щытынущ, полимер материалхэри халъхьэнущ, иужькIэ и щхьэм асфальтобетон тIуащIэу тралъхьэжынущ, гъуэгу дамыгъэхэр, лъэс лъагъуэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ.
А лэжьыгъэхэм илъэситI хуэдиз трагъэкIуэдэнущ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




