НОБЭЖэпуэгъуэм и 10, бэрэжьей
Психикэ узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
ЦIыхум и судыр укIкIэ ящIэу мыдэным и европэпсо махуэщ
1910 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Щомахуэ Амырхъан.
1925 гъэм къалъхуащ франджы балеринэ цIэрыIуэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа Черинэ (Щамырзэ) Людмилэ.
1928 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Iулыдж Iустырхъан.
1930 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIуантIэ Iэзид.
1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу лэжьа Елгъэр Кашиф.
1939 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, техникэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэгъэпсо Хьэжысмел.
1940 гъэм къалъхуащ КъБР и цIыхубэ артист Куэт Къанщобий.
1941 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я журналист, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа Дэбагъуэ Мухьэмэд.
1942 гъэм къалъхуащ уэрэдус, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щомахуэ Хьэсэнбий.
1942 гъэм къалъхуащ КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Шорэ Ахьмэд.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 - 19, жэщым градус 11 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 3 - 4-кIэ зихъуэжынущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Тхылъыр щIэныгъэм и IункIыбзэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




