Армэ къулыкъум зыпыIузыдзхэм ящIэн папщIэ
Хэкур хъумэныр Урысейм и дэтхэнэ цIыхуми и къалэнщ, УФ-м и Конституцэм и 59-нэ статьям ипкъ иткIэ.
Дзэ къалэныр ягъэзэщIэн хуейщ илъэс 18-м къыщегъэжьауэ илъэс 27 ныбжьым къриубыдэ цIыхухъу псоми, законым къызэригъэувымкIэ, дзэм ираджэныр ящхьэщыхыным е къулыкъу ящIэныр пIалъэкIэ ягъэIэпхъуэнымкIэ хуит зыщI щхьэусыгъуэ ямыIэмэ.
Армэм ираджэным теухуа хабзэм ебэкъуауэ къалъытэ цIыхур дзэ къулыкъум зэрыраджэмкIэ дзэ комиссарым къигъэхьа повесткэм къыщыгъэлъэгъуа зэманым ирихьэлIэу ар дзэ частым яшэнухэр щызэхуашэс щIыпIэм щхьэусыгъуэншэу емыкIуалIэмэ, абы мыкIуэн папщIэ ялэжьхэр (езым и Iэпкълъэпкъым сэкъат иритыныр, сымаджэ нэпцI зищIыныр, дзэ учетым зыхримыгъэхыу нэгъуэщI щIыпIэ щыпсэуну кIуэуэ, абдежми зыщримыгъэтхыныр, апхуэдэуи медицинэ къэпщытэныгъэм емыкIуэлIэныр, дзэ комиссариатым и повесткэр къыIимыхмэ. Апхуэдэуи дзэ къулыкъум зыпыIуадзауэ ягъэув ураджэныр пщхьэщахын папщIэ дэфтэр нэпцIхэр зыIэрыгъэхьэнри.
Дзэ къулыкъум ираджэным зэрызыпыIуидзыр яубзыхумэ, езыджэ комиссэм е муниципальнэ щIыпIэм и дзэ комиссарым зыхуэфащэ тхылъхэр Iэрегъэхьэ цIыхур щыпсэу щIыпIэм щыIэ следственнэ органым и унафэщIым, Iуэхур зэхагъэкIыу, хабзэм ебэкъуар жэуапым ирашэлIэн папщIэ.
Урысей Федерацэм и Уголовнэ кодексым и 328-нэ статьям къыщыгъэлъэгъуащ дзэ къулыкъур е абы хуагъадэ граждан къулыкъур ехьэкIыныр къалэн зыщащIауэ апхуэдэхэм зыпыIузыдзхэм уголовнэ жэуап зэрахьыр.
Къэдгъэлъэгъуа статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыхьащ дзэ къулыкъум ираджэным зыпыIузыдзым, 2-нэ Iыхьэм - граждан къулыкъу ехьэкIыныр уэим зыщIым уголовнэ жэуап зэрахьыр.
Дзэ къулыкъум ираджэным зыпыIузыдзыр илъэси 2-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу, граждан къулыкъур уэим зыщIхэр мази 6-м нэскIэ яубыдынущ. Законым ипкъ иткIэ, ираджауэ икIи хабзэкIэ яубзыхуа щхьэусыгъуэхэр имыIэу дзэ къулыкъур езымыхьэкIахэм дзэ билетым и пIэкIэ справкэ ират.
Апхуэдэ цIыхухэр, дзэм езыджэ комиссэм хуагъэхьа тхьэусыхафэхэм хэплъэу, щхьэусыгъуэхэр тегъэщIапIэ мыхъуу къищта унафэм и пIалъэр зэриухрэ е суд унафэ къару зыгъуэтар хабзэм къитIасэу къызэралъытэрэ илъэси 10 дэмыкIауэ къэрал е муниципальнэ IэнатIэхэм ягъэув хъунукъым, лажьэпIэ пэрытхэри IуагъэкIыжын хуейщ.
Тхыгъэр игъэхьэзыращ гарнизоным и 316-нэ дзэ прокуратурэм и дзэ прокурорым и дэIэпыкъуэгъу нэхъыжь, юстицэм и майор Есчындар Алий.
Судым Iэрагъэхьащ
Урысей Федерацэм и прокурор нэхъыщхьэ Краснов Игорь пщэрылъ къыщищIри, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурорым судым хуигъэхьащ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Автоном Совет Социалист Республикэм (иджы Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ) дзэ щIэпхъаджагъэу, гущIэгъуншагъэу, совет цIыхубэр гъэкIуэдыным ехьэлIауэ ялэжьауэ щытахэмрэ, нэхъ иужькIи къыщIагъэщахэмрэ лъэпкъгъэкIуэду зэрыщытар къэлъытэным теухуа тхыгъэ.
Заявленэр щигъэхьэзырым прокуратурэр ядэлэжьащ властым и органхэм, хабзэхъумэ, архив, щIэны-гъэ IэнатIэхэмрэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм, щIыналъэм и жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэмрэ волонтёрхэмрэ.
Зэрагъэуващи, республикэм и щIыналъэр убыдын щIадзащ 1942 гъэм шыщхьэуIум и 12-м икIи ар 1943 гъэм щIышылэм и 11 пщIондэ екIуэкIащ. А зэманым къриубыдэу нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм совет цIыхухэр дакъузащ, лей ирахащ, мамыр цIыхухэмрэ советыдзэм хэту яубыдахэмрэ куэду зэтраукIэрт, зи къаруилъыгъуэхэр залымыгъэкIэ ягъэлажьэрт. Апхуэдэу зэрахьа щIэпхъаджагъэхэм мамыр цIыхурэ яубыда зауэлIу ми-ни 4-м щIигъу хэкIуэдащ.
Фашист зэрыпхъуакIуэхэм хэщIыныгъэшхуэ иратащ щIыналъэм и экономикэм, промышленнэ, мэкъумэш IуэхущIапIэ куэд зэтракъутащ. Абы кърикIуа хэщIыныгъэр иджырей сомымкIэ къэббжмэ, сом мелард 38-м щIегъу.
Къэдгъэлъэгъуахэр щIэзыгъэбыдэ дэфтэрхэр куэд мэхъу. Абыхэм ящыщщ архив тхылъхэр, экспертхэм я къэлъытэныгъэхэр, щыхьэтхэм къыжаIахэр, уголовнэ Iуэхухэм ехьэлIа материалхэр.
ЛъэIур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Суд нэхъыщхьэм Iэрагъэхьащ Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я сэбэп зыхэлъхэр, хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэм хабзэ-кIэ яIэ хуитыныгъэхэмрэ хъумэн, апхуэдэуи Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм зэрыпхъуакIуэхэм я лей зытехьахэм ятеухуа хъыбархэр дунейпсо жылагъуэм яIэрыгъэхьэн, тхыдэ захуагъэр зэфIэгъэувэжын мурадкIэ.