Пекъу Алинэ и дежкIэ лъагапIэ щыIэжкъым!

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ адыгэ пщащэ Пекъу Алинэ иджыблагъэ хузэфIэкIар Урысей Федерацэм и альпинистхэм, цIыхухъухэми цIыхубзхэми, иджыри къэс зыми яхузэфIэкIакъым. Урысейм и тхыдэм щыяпэу, я лъагагъкIэ метр мини 8-м щIигъуу дунейм тет къурш 14-ми я щыгухэм ар ихьащ. Иужьрей дыдэу Алинэ дэкIащ Гималаим щыIэ, метр мини 8,027-рэ зи лъагагъ Шишабангмэ къуршым. А хъыбарыр иджыблагъэ зэбгригъэхащ экспедицэр къызэзыгъэпэща «Seven Summits Treks» компанием.

Илъэс 31-рэ зи ныбжь Пекъу Алинэ бгы нэхъ лъагэ дыдэу къалъытэхэм дэкIын щыщIидзар 2023 гъэм и мэлыжьыхьырщ икIи а зэман кIэщIым къриубыдэу хузэфIэкIащ дунейм тет къурш уардэ 14-ми и лъэр щигъэувын. Альпинистхэм я дежкIэ ехъулIэныгъэм и ехъулIэныгъэжщ ар. Апхуэдэ зыхузэфIэкIауэ дуней псом тетыр цIыху 41-рэщ, Алини яхэту. Абыхэм ящыщу 18-м кислород баллонхэр яIыгъакъым.

Фыщыдгъэгъуэзэнщи, къурш 14-м ящыщу 10-р Гималаим щыIэщ: Джомолунгмэ (Эверест) (метр 8848-рэ), Канченджангэ (8586-рэ), Лхоцзе (8516-рэ), Макалу (8485-рэ), Чо-Ойю (8201-рэ), Дхаулагири (8167-рэ), Манаслу (8156-рэ), Нанга-Парбат (8126-рэ), Аннапурнэ (8091-рэ), Шишабангмэ (8027-рэ). Адрейхэр Индиемрэ Китаймрэ я зэпыхьэпIэм деж щыIэ Каракорум къуршхэм яхохьэ: Чогори е К2 (8614-рэ), Гашербрум 1 (8080-рэ), Гашербрум 2 (8035-рэ), Броуд-Пик (8051-рэ).

Псом япэу къурш 14-ри зэщIэзыгъэхьэфар Италием щыщ альпинист цIэрыIуэ Месснер Райнхольдщ. Ар къыщыхуар 1970 - 1986 гъэхэрщ. ЦIыхубзхэм ящыщу Алинэ ипэкIэ ар зэхузэфIэкIар цIыхуищщ. Норвегием и альпинисткэ Харилэ Кристин, гъуэгугъэлъагъуэ Тенджен-ламэ и гъусэу 2023 гъэм къурш 14-ми дэкIащ.

Ди къэралым щыщу Богомолов Сергей и закъуэщ къурш 13-м я щыгум щхьэщыхьар, епщыкIуплIанэр къыпэщылъщ.

Пекъу Алинэ хузэфIэкIащ къурш 11-м нэгъабэ дэкIыну, иужьрей 3-р мы гъэм къищтауэ аращ. Къыхэдгъэщынщи, къурш 14-м ящыщу здынэмысауэ нэгъабэ къыхуэнахэм я щыгуми щхьэщыхьэнут ар, ауэ альпинистхэр бгым дэкIыну хуит щащI пIалъэр (я шынагъуэншагъэм теухуауэ) и кIэм нэсати, къэмыувыIэу хъуакъым. Мис иджы, псори зэщIикъуащ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: