Лъэпкъ щэнхабзэр я тегъэщIапIэщАдыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я щIалэгъуалэр зыхэт гупым (Москва дежщ) я пашэ, Бахъсэн къалэм щыщ Ныр ФатIимэ къыхихар юрист IэщIагъэрщ. - Си адэ-анэр зэпымыууэ егугъуащ лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэрызызужьыным: стIол теннисым, шахматым, къафэхэм, уеблэмэ каратэм зыхуэзгъасэу щытащ. Апхуэдэу жыджэру псоми сызэрыхэтам и фIыгъэу къызолъытэ илъэс 16-м къэралым и ВУЗ нэхъыфI дыдэхэм ящыщым - УФ-м и Суд Нэхъыщхьэм епхауэ Москва дэт ПравосудиемкIэ Урысей къэрал университетым - сызэрыщIэтIысхьар. Абы илъэсиблкIэ юрист IэщIагъэм сыщыхуеджащ. IэщIагъэм и мыхьэнэр фIыуэ къызгурыIуэу къыхэсхащ. Абы Iэмал къует хабзэхэр бджыну. Абыхэм фIыуэ ущыгъуазэмэ, нэхъ тыншуи упсэуфынущ, уи хуитыныгъэхэри пхъумэжыфынущ, - жеIэ хъыджэбзым. Москва и щIэныгъэм зэрыщыхигъэхъуам нэмыщI, ФатIимэ хущIокъу ди лъэпкъ щэнхабзэр къалэшхуэм зэрыщахъумэну Iэмалхэм. Уеблэмэ еджапIэ нэхъыщхьэр къызэриухам хуэдэу, иджыри жыджэру жылагъуэ Iуэхухэм зэрыхэтынум иужь итщ. 2018 гъэм Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я щIалэгъуалэм щыщу Москва еджакIуэ кIуахэр зыхэт гуп зэщIагъэуIуауэ щытащ. Ар щызэфIэувэми абы хэтащ, иджы зэгухьэныгъэм и унафэщI хъуащ. 2023 гъэм ФатIимэ зи пашэ гупым ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм иригъэкIуэкIа зэхэзэхуэм ахъшэ саугъэт къыщихьащ, адыгэхэм я щэнхабзэр хъумэныр и лъабжьэу жып телефонхэм трагъэтхэну «Гунэс» зыфIаща гуэдзэныр къызэрагупсысамкIэ. - Адыгэхэм я щэнхабзэр ди къэралым и щыхьэрым къыщедгъэщIэным, ди хабзэхэр абы щытхъумэным иужь дитщ. Зэгухьэныгъэм хэтыр, зэрыгурыIуэгъуэщи, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Москва еджакIуэ кIуахэрщ. Зы унагъуэшхуэ хуэдэу къыдолъытэ ар, икIи, ди лъахэм дыпэIэщIэми, мыбдеж дэтхэнэми ныбжьэгъу къыщигъуэтыфынущ, и къару щеплъыжыфынущ, апхуэдэуи и къэухьым зыщригъэужьыфынущ, - жеIэ Нырым. - Дэ дыхуейщ дыкъызыхэкIа лъэпкъым, дыщалъхуа лъахэм ижь-ижьыж лъандэрэ яIа хабзэхэр тхъумэну, ди ужь къэкIуэнухэми ахэр ящыдмыгъэгъупщэну. Къалэшхуэхэм деж гугъущ нэгъуэщI лъэпкъхэм закъыхэбгъэщыныр, лъэпощхьэпо куэди упхыкIын хуей мэхъу. Аращ ЩIалэгъуалэ зэгухьэныгъэр къыщIызэдгъэпэщар. Абы щекIуэкI лэжьыгъэм жыджэру щIалэгъуалэр къыхохьэ икIи мы зэманым цIыху миным щIигъу хэтщ, ди лъэпкъ хабзэхэм пщIэ хуащIу, абыхэм тету. ЗэгухьэныгъэмкIэ ди мурад нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIалэгъуалэр я гъэсэныгъэм едгъэгугъуныр, абыхэм зедгъэужьыныр. Зэгухьэныгъэм и фIыгъэкIэ республикищым щыщ щIалэгъуалэр зэрощIэ, гугъуехь яIэмэ, зыр адрейм доIэпыкъу. Зэгъусэу къызыдогъэпэщ щэнхабзэм, спортым, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, нэгъуэщIхэми ятеухуа зэIущIэхэр. Псалъэм папщIэ, «ЩIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и ныбжьэгъухэр» зыфIэтща ди жэрдэмым ипкъ иткIэ, даIуощIэ цIэрыIуэ хъуа ди лъэпкъэгъухэм. Абыхэм ящыщщ Сэралъп Мадинэ, Быштэ Азэмэт, Къуэныкъуей Аслъэн, Къэжэр Лянэ, Битокъу Владимир сымэ, нэгъуэщIхэри. КъищынэмыщIауэ, адыгэ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ теухуа дерс зэIухахэр Москва къалэм дэт курыт школхэм щыдогъэкIуэкI, псэущхьэхэм щакIэлъыплъ IуэхущIапIэхэм защIыдогъакъуэ. Хабзэ дахэ хъуауэ, «Старость в радость» фондым дыдолажьэри, зи ныбжь хэкIуэтахэр щыпсэу унэхэм дадоIэпыкъу. «Шаг в будущее» зыфIэтща Iуэхур зытетщIыхьыр студентхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ зэхуэзэн, зэпсэлъэн зэрыхуейрщ, къыхахауэ зыхуеджэ IэщIагъэм нэхъ тыншу хэзэгъэн папщIэ. Мурад дахэщ щIалэгъуалэм яIэр. «Гунэс» гуэдзэнри зытеухуар цIыхухэм жып телефоныр къагъэсэбэпу адыгэхэм я щэнхабзэм нэхъыбэ зэрыщагъэгъуэзэнырщ. «Дуней псом къыщекIуэкI Iуэхушхуэхэм лъэпкъ щэнхабзэм иIэ мыхьэнэр къыхэмыщыж мэхъу, абы дихьэх щIалэгъуалэм кIуэ пэтми я бжыгъэми кIэроху. Мы зэманым анэдэлъхубзэкIэ тхылъхэр къыдагъэкIми, зыдужьыным теухуауэ зэхъуэкIыныгъэхэр дгъуэтауэ пхужыIэнукъым. Псом хуэмыдэу нэхъ узытегузэвыхьыр иджыпстурей школакIуэхэмрэ студентхэмрэщ - хъыбар къызэращIэ Iэмалу яIэр телефон къудейрщ. Аращ телефон гуэдзэныр къэгупсысыным щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар. Абы елэжьын щыщIэддзэм, икъукIэ щIэгъэкъуэнышхуэ къытхуэхъуащ АкIэгъу Зэкиррэ Къуэшмыдэ Русланрэ. Дыщогугъ ди лэжьыгъэр къэкIуэнум зыгуэрхэм сэбэп яхуэхъуну», - дыщIегъу ди псэлъэгъум. БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




