Гур щыз зыщI щIыпIэ телъыджэхэр

Урысей псор къапщтэмэ, цIыхухэр зыплъыхьакIуэ, зыгъэпсэхуакIуэ нэхъыбэу здэкIуэ хэгъэгуи 5-м ящыщ хъуащ Адыгэ Республикэр. Нобэ абы иIэ хэхъуэм и проценти 2,9-р къэзытыр туризмэращ. 
Ди къуэш щIыналъэм щIыпIэ дахэхэр и куэдщ, псом нэхърэ нэхъ гуапэ пщыхъур ар зыгъэлажьэхэм Iуэхум хуаIэ бгъэдыхьэкIэрщ, махуэ къэс зэрырагъэфIакIуэрщ, адыгэ щIыгужьым лъэпкъ нэщэнэхэр зэрыратырщ. 

«Мыщэкъуэ» къущхьэ тIуащIэр

Адыгэ хэкур къыдагъэплъыхьмэ яфIэфIу, нобэ туризмэм и Iуэху зыIутыр дагъэлъагъумэ яфIэигъуэу бысым редакцэм а Iуэхум зы махуэ хухихащ. Япэу дэ дыщыIащ «Мыщэкъуэ» къущхьэ­ ­тIуащIэм. Нэм къиплъыхь щIыпIэ, къуа­кIэ, мэз, тафэ телъыджэм нэгузегъэужьыпIэу, экстрим жыпхъэм иту иIэр мащIэкъым. 
Си ныбжьэгъу ТIэш Светланэ мы щIыпIэм япэу сыщишам къущхьэ тIуа­щIэм «сыщхьэпрылъэтыкIат». Зэхуэдизу зэпэщыт бгитIым я зэхуакум кIапсэ ишащ. Метри 100 хуэдиз хъун зи кууагъ къуакIэм щхьэпрыкI кIапсэм упащIэри, уаутIыпщ. Зы дакикъэ ирикъуркъым «гъуэгу узэрытетыр», ауэ дакъикъэ зыбжанэкIэ урикIуа хуэдэу къыпщохъу. Адрей джабэм унэса нэужь, бгы джабэм екIуэкI лъэс лъагъуэм утету укIуэм, ­къуршым хэукIа теувапIэ псыгъуэхэмкIэ зыпIэтым, удэкIуейуэрэ Мэздахэ укъыщохутэ, абы зыщыпплъыхьа нэужь, апхуэдэ дыдэу кIапсэм упащIэри, мыдрей бгыщхьэм укъолъэтэж. 
«Адыгэ макъ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Тау Замирэрэ журналист Анчокъуэ Иринэрэ ди гъусэщи, бысымхэм дыкърагъэцIыху, пщащэ IэмащIэ-гумащIэу дызэрыщымытыр гурагъэIуэн папщIэ, Таум яжреIэ: «Мадинэ мы гъэмафэм Iуащхьэмаф дэ­кIагъ, Замирэ шъуи кIапсэ гъогум щыбыбыщтыгъ».
Бэрзэджхэ Муратрэ Артуррэщ мы «Мыщэкъуэ» экстрим-паркыр зыухуар. Абы зыгъэпсэхупIэ лIэужьыгъуэ куэд яIэщ: шыхэмкIэ, квадроциклхэмкIэ къыщыбжыхь мэхъу, псыхъуэ лъэгухэм, къур­шыщхьэхэм, джабэ нэкIухэм гъэ­щIэгъуэн куэд щыуагъэлъагъу.
«Черкес хэку» газетым и журналист Аслъэныкъуэ Мадинэрэ ди бысымхэмрэ си гъусэу, япэу хъыринэмкIэ доунэтI, ар щIэщ, нэхъапэм сыщыщыIам абдежым тетакъым. Метр 30 зи лъагагъ хъыри­-нэр щыхупIэм щхьэщытщ. Сэ интернеткIэ слъэгъуа мыхъумэ, зэи сисакъым ап­хуэдэ хъыринэ, зэрышынагъуэр ­плъа­­гъу­ми, гукIэ зыхэпщIэм сыщыгъуа­зэкъыми, псынщIэ-псынщIэу згъэунэ­хуну сы­хуейуэ, япэу сотIысхьэ. Къыхэгъэ­щыпхъэщ, сыт хуэдэ зыгъэпсэхупIэ лIэу­­жьы­гъуэри шынагъуэншэу къызэ­ры­зэрагъэпэщыр, хъыринэм уитIысхьэн ипэкIэ, узыIыгъыну кIапсэхэр къыпкIэращIэ, а псори мардэм тету зэгъэпэщащи, уи гур нэхъ къыщIеубыдэ. 
«Хуэму уезгъащIэу къыщIэддзэрэ, хьэмэрэ занщIэу узутIыпщрэ, Мыщэ­къуэ удэплъэну?» - жеIэ Артур. «Зэ сыдэплъащи, сфIэшынагъуэкъым, сутIыпщ», - жызоIэ. И къару къызэрихькIэ къысщIэроIэри, хъыринэм уафэгум срехьэ. Абдеж щызыхэпщIэр псалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым, уи гур къимы­лъэту зэризагъэр телъыджэщ. ЕтIуанэу къысщIэроIэри, Мыщэкъуэ къущхьэ ­тIуащIэм сыдэплъэ къудейкъым, уэгум сихьэурэ сыкъикIыжу къысщохъу. Зыбжанэрэ апхуэдэу уещIа нэужь, гур къызэрогъуэтыжри, нэм илъагъумкIэ зумыгъэнщIу зыбоплъыхь. КъуакIэм, джабэм, мэзым ущхьэщокIри, уэгу къащхъуэм уохьэ, къыбогъэзэжри, аргуэру нэхъ иныжу удрехьей. Абы къарууэ къыпхилъхьэр, гукъыдэжу къыуитыр, псэр хуит зэрищIыр пхужыIэнукъым. Си ужькIэ Мадинэ йотIысхьэ, и лъакъуэхэр иIэтурэ уэгум иувэу къыпщохъу ар хъыринэм щыдриIэтейкIэ. Iуащхьэмахуэ лъэсу дэкIуеяр иджы апхуэдиз лъагагъкIэ хъыринэм еIэт, ар, дауи, нэхъ тыншщ жытIэурэ догушыIэ. «Шэрджэс пщащэм Адыгей уэгур къегъачэ» - арагъэнщ статьям фIэтщынур жызоIэри, си гъусэхэр согъэдыхьэшх, езыр хъыринэм зэрисым хуэдэурэ Артур интервью ­къреIых. 
Илъэс 13 хъуауэ ягъэлажьэ экстрим-паркыр зэкъуэшхэм. Дэнэ сыт хуэдэ гъэщIэгъуэн щалъагъуми, туристыр ­нэхъ къыдихьэхыну къалъытэми, ящIу­рэ, щIыпIэ телъыджэ хъуащ. Иджыблагъэ абыхэм яухуащ «Бгырысым и лъа­гъуэ» зыфIаща джабэ екIуэкIыпIэр. Метр 70 и лъагагъыу, метр 250-рэ и кIыхьагъыу бгы задэм кIэрыт лъэс лъагъуэм уе­плъын къудейр шынагъуэщ, утеувэмэ, уримыкIуэфыну къыпщыхъуу апхуэдэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, иныкъуэхэм деж лъагъуэр щIигъанэу бгым зыкъегъэш, зыбгъэщхъын хуейуэ, иныкъуэхэм ­гъущI лъагъуэр зэпэщIэхауэ, мывэ абрагъуэу къуршым къыхэкIуэтахэм утеувэурэ ­гъуэгум хыбогъэщI. А псоми дызэрызехьэу дытепсэлъыхьурэ, «Бгырыс лъа­гъуэм» урикIуэху узы­кIэрыщIа тросым Артур дыпещIэри, бгы куэщIым дыкъохутэ. ИщхьэмкIэ укъыщеплъмэ зэрышынагъуэм хуэдэкъым, езы лъагъуэм ущытетым деж - сэ апхуэдэу къысщы­хъуащ. ИтIани псэ мышынэ щыIэ, «Адыгэ макъым» и журналист Анчокъуэ Иринэ ди япэ итщи, ­лъагъуэр нэхъ гугъу щыхъу щIыпIэ къызэрилъагъуу хъыбар дегъащIэ. Ауэрэ Артур къызэрыджиIэм хуэдэу тщIым, дыуэршэрым, сурэт зытетхыурэ хыдогъэщI. 
- Мы къуакIэм зэ фыдыхьа? - къыдоупщI Ирэ. 
- Хьэуэ, иджыри дынэсакъым. Мыщэкъуэ етIуанэу сыкъакIуэ къудейщ, - жызоIэ. 
- Мыщэ куэду дэсщ, - жи. 
- Упсэу нэхъ Iеижу дызэрыбгъэшынэм щхьэкIэ, - изотыж жэуап. Уехуэхрэ, псэууэ унэсмэ, мыщэхэм уакъызэремылынур сигу къокIри, мыбы дыкъытехьэну дызэрытегушхуар згъэщIэгъуэжу сыздэкIуэм, Мадинэ къокIий: 
- Сэ паспорт сIыгъщ, фымыгузавэ, - жери. 
- СыткIэ сэбэп къыпхуэхъуну пIэрэ паспортыр? - жыдоIэри додыхьэшх. 
Сыту фIы лэжьэгъу къудей мыхъуу, ныбжьэгъу пхуэхъуа цIыхухэм гушыIэкIэ ящIэрэ къыпхуэгумащIэу щыщытым деж. Артур къыджеIэ, уехуэхыну Iэмал зэрыщымыIэр, дызыкIэрыщIа тросым зы тоннрэ ныкъуэрэ зэриIыгъыр, дэ абы кIапситIкIэ дызэрепхар, дыщежьэм къыджиIа псори дгъэзащIэмэ, ди гур хигъэхъуауэ «Бгырыс лъагъуэр» къы­зэрызэднэкIынур. Апхуэдэуи хъуащ. Тлъэгъуамрэ тхузэфIэкIамрэ ди гур ­хигъэхъуауэ дожьэж. 

Хьэджэхъу зэвыпIэхэр 

АдэкIэ ди бысымхэм дыздашар Хьэ­джэхъу зэвыпIэхэрщ. Мыбыхэм я цIэр щызэхэсхкIэ, сигу къокIыж ди лэжьэгъу Къумахуэ Аслъэн «Адыгэ псалъэ» газетым щIэх-щIэхыурэ къытридзэ, «Адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ» рубрикэм щIэт тхыгъэхэр. Адыгейр фIыуэ зэрыслъагъум къыхэкIыу, абы и щIыпIэ дахэхэм теу­хуауэ Къумахуэм итххэм сфIэфIу сы­къоджэ. АтIэ Хьэджэхъур иджы КаменномосткIэ зэджэ жылэращ. 
Щхьэгуащэ и дахагъри, и лъэщагъри, и кууагъри щынэрылъагъущ мы щIыпIэм. ГъэщIэгъуэнракъэ, метр къэс псым и жэкIэм зехъуэж. Псым и лъа­гъуэр езым къегъуэтыж жыхуиIэм хуэдэу, зы щIыпIэм щыуэрщ, адрейм щыщэхущ, укIуатэмэ, щохъущIэ, итIанэ зэвыпIэр еухри, дуней хуитым техьэжауэ къып­фIэщIу псыхъуэм доукIурие. Иринэ зэрыжиIэмкIэ, махуэм и сыхьэт бжыгъэм теухуауэ псым и фэм зехъуэж - дыгъэ бзийхэмрэ псы ежэхымрэ зызэ­хуагъафIэ нэхъей, ар къызэрытридзэм елъытауэ плъыфэхэр зэщхьэщокI. 
Мы зэвыпIэхэм мыщэхэр, бажэхэр, дыгъужьхэр щахъумэ. Абыхэм туристхэр ягъэхьэщIэ пэлъытэу, къыдыхьэ псори зэпаплъыхь, йокIукI-къокIукIри, щхьэж и «лъапсэ» дэсыжщ. 
ИщхьэмкIэ зэвыпIэм дыкъыщы­дэплъэри, и лъабжьэм дехащ, лъапэр Щхьэгуащэ хэтщIэу. Сыту гъэщIэгъуэн мы щIыуэпсым и Iэмалыр, бгитIыр зэгуэкIри, псыр дэж хъуащ. Абдежым Урысейм и адрей щIыпIэхэм къикIыурэ ­фильмхэр, таурыхъхэр щытрах. Техникэмрэ нейросетымрэ дэнэ нэсами, къыпхуэгупсысынкъым Адыгейм и плIанэпэ телъыджэхэм хуэдэ, апхуэдизкIэ дахэщ, къызэрымыкIуэу телъыджэщи. 

Рыфыбг псыкъелъэхэр 

Мы щIыпIэри зыплъыхьакIуэхэм фIыуэ ялъэгъуа зы Iыхьэщ. Уадыгэмэ, ар тIуащIэу уигу дэмыхьэнкIэ Iэмал иIэкъым. А щIыпIэр хьэщIэ егъэблэгъапIэ зыщIа Быбэ Мурадин ФIыцIэ и къуэм и сыным япэу дыбгъэдохьэ, абы иухуащ хьэщIэщ зэгъэпэщарэ шхапIэ инрэ. Дэри абы шэджагъуашхэ щыдощI, хьэщIэщым ди хьэпшыпхэр щIыдолъ­хьэри, ди зекIуэм къыпыдощэ. Мыр ауэ сытми зыплъыхьыпIэ къудейкъым, атIэ абы республикэм щагъэлъапIэ адыгэ махуэшхуэхэр щрагъэкIуэкI, жьэгур щызэщIагъанэ, Iэнэ къыщащтэ, цIыхур щагъэтхъэж. Апхуэдэхэм деж Iэджэ хуэхъуахъуэ къыщIэкIынщ Быбэ Мурадин и ахърэтыр нэху хъуну. Псы­къелъэхэм я хэщIапIэм удыхьа нэужь, япэу узыIууэр адыгэ лъапсэжьырщ, бгъэныщхьэ унэ зыбжанэ, жьэгу, шы­уанышхуэ зыдэт пщIантIэм цIыхухэр щопщафIэ, абы и зы джабэм екIуэкI блыным Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыдигъэкIауэ щыта, адыгэхэм къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я плакатхэр фIэлъщ. АбыхэмкIэ туристхэм зрагъэцIыху олимп чемпиону диIэхэр, Урысейм ­къулыкъу хуэзыщIа лIы щэджащэхэр, Иван Грознэм адыгэ пщащэ и щхьэ­гъусэу зэрыщытар… Ахэр ягъэщIагъуэу, тепсэлъыхьу щыт турист гупи дахуэзащ. АдэкIэ уокIуэри, Адыгэ хабзэм и мыхьэнэр къэзыIуатэ, адыгэ шыфэ­лIыфэр зыхуэдэр зытет стендхэр утыкушхуэм и гъунэгъуу щытщ. А утыкум дежщ «Адыгэ кхъуейм», «Адыгэ хьэ­лывэм», «Адыгэ къэбым», «Адыгэ кхъу­жьым» я махуэшхуэхэр щрагъэкIуэкIыр. УкIуатэмэ, мэзым ущIохьэ, псыкъелъэхэм ухуэзышэ лъагъуэм уздыте­тым жыгхэм лъэпкъ дамыгъэхэр фIэлъщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Адыгейм ис лъэпкъ­хэм я жыгхэр щIэтщ мэзым. Абыхэм я хъыбар укъыщоджэ стендхэм. Сыту Iэмал гъуэзэджэу къагупсыса адыгэ лъэпкъ мэз ягъэпсыну. 
Ауэрэ нэм илъагъур щхьэм и уасэу ­уздыкIуэцIрыкIым, цIэ зырыз зиIэ псыкъелъэхэм уарохьэлIэ. Псыхэр, къурш­хэр, мэзхэр дэ, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым, Къэрэшей-Шэрджэсым икIахэм, тфIэмыщIэщыгъуэну къыпщы­хъунщ, ауэ ахэр зыкIи ещхькъым ди деж щытлъэгъуахэм. Дэтхэнэми езым и щхьэхуэныгъэхэмрэ теплъэхэмрэ иIэжщ. Щхьэгуащэ къапщтэмэ, апхуэдэ псыежэх дахэрэ ар зыдэж псыхъуэм хуэдэрэ зэи слъэгъуакъым, Рыфыбг ущыдыхьэкIэ, гъущI лъэмыжкIэ ущхьэ­прокI абы, нэм илъагъумкIэ зумыгъэнщIу удоплъэ а псыхъуэм. Псыкъелъэхэри абы къыхэжу аращи, мылъагэ дыдэу, и къехуэхыкIэхэр зэмыщхьу иу­хуащ щIыуэпсым. Ахэр а щIыпIэм куэду итми, нэхъыщхьэу плIыращ лъэс лъа­гъуэхэмкIэ зэпыщIар, дэ а плIыми дыщыIащ, нэхъ жыжьэ дыдэр «Пщащэ щхьэцкIэ» зэджэрати, ари зэдгъэлъэ­гъуащ. Иджыри зэ къытезгъэзэжынщи, а псыкъелъэхэм унэсын папщIэ узы­щIэкI адыгэ мэзымрэ лъэс лъагъуэм щыплъагъу къурш задэхэм, удзыпцIэ тафэхэм, мэзыщхьэ джабэхэм, псыпцIэ зекIуапIэхэм, мывэ абрагъуэхэм я дахагъэмрэ уи гур хегъахъуэ, ди къуэшхэр зэрыс щIыпIэм и беягъым уегъэин.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: