ЗэдэпщIэр щIэхщ

НэщIэпыджэ Замирэрэ Аслъэныкъуэ Мадинэрэ фокIадэм и 23 - 27 махуэхэм «Адыгэ макъ» газетым и редакцэм щылэжьащ. Зэ­дэп­щIэр щIэхщ жыхуиIэрати, бысым газетым и редактор нэхъыщхьэ МэшлIокъуэ Саидэ яхуигъэхьэзыра программэм тету, ди къуэш  республикэм  и цIыху цIэрыIуэхэм, Iэ­пэ­Iэ­сэ­хэм, къулыкъущIэхэм яхуэзащ, хэгъэгум и псэукIэмрэ абы исхэм я гукъыдэжымрэ зэрагъэщIащ пщащэхэм. А псори журналистхэм къыща­Iуэтэж Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ къыщыдэкI адыгэ газетхэм. 

Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Нэ­щIэпыджэ Замирэ Лиуан и ­пхъур 2002 гъэ лъандэрэ «Адыгэ псалъэм» щолажьэ.
Ар куэд щIауэ япыщIащ ­КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Краснодар крайм, Тыркум къы­щы­дэкI газетхэмрэ журналхэмрэ. Абыхэм яхуригъэхь тхыгъэхэм нэмыщI, хамэ къэралхэм щи­къухьа ди лъэпкъэгъухэм жа-ну, щIэщыгъуэу щIэх-щIэхыурэ ятотхыхь. Тыркум, Израилым, Германием, Абхъазым, нэ­гъуэщI щIыпIэхэм щыIащ, хэхэс адыгэхэмрэ абыхэм я псэу­кIэмрэ ятеухуа тхыгъэхэр газет напэкIуэцIхэм къытрыригъэ­дзащ, телевиденэмкIэ нэтынхэр къигъэлъэгъуэжащ. И лэ­жьы­гъэ нэхъыщхьэм къы­дэкIуэу, ар жыджэру хэтщ республикэм щекIуэкI жылагъуэ гъащIэми. Илъэс куэд щIауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтщ, абы и тхьэмадэм и къуэдзэу лэжьащ, иджыпсту Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и ­къуэдзэщ. Лъэпкъ Iуэхум теу­хуауэ зэфIагъэкIа, адыгэ дунейм къыщыхъуа Iуэхугъуэ гъэ­щIэгъуэнхэр зэрыт тхылъ зыбжанэм я авторщ.
НэщIэпыджэ Замирэ 2004 гъэ лъандэрэ Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, ДАХ-м и ЩIыхь тхы­лъым­рэ дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ ­къратащ, КъБР-м и Парламентым, Жылагъуэ палатэм, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, министерствэхэм я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ.

*   *   *
Аслъэныкъуэ Мадинэ Хьэ­сэн и пхъур «Черкес хэку» газетым жэуап зыхь и секретарщ, «Лэ­гъупыкъу» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэщ. 2007 гъэм адыгэ газетым оператору къэува Мадинэ, нобэ жур­налист цIэрыIуэ хъуащ. Япэ­щIыкIэ Ставрополь дэт кол­леджыр, итIанэ университетыр къиухащ. Иджы редакцэм ­ще­кIуэкI сыт хуэдэ лэжьыгъэри хуогъэIурыщIэ. Аслъэныкъуэм и тхыгъэхэр сыт щыгъуи куп­щIафIэщ, щIэджыкIакIуэхэм ягу дыхьэу къыпэджэжу ап­хуэ­дэщ. «Черкес хэкум» и теплъэр дахэ хъуныр, абы тхыгъэхэр з­эгъэ­зэхуауэ итыныр къызэ­зыгъэ­пэщыр Мадинэщ. Ап­хуэдэуи сабий журналым цIы­кIухэр дихьэхыу, абыхэм я щIэныгъэмрэ акъылымрэ хэзыгъэхъуэн, я анэдэлъхубзэм зе­зыгъэужьын тхыгъэхэмкIэ бейуэ, сурэт щхъуэ­кIэп­лъыкIэ­хэмкIэ гъэ­щIэ­рэщIауэ къыдегъэкI. 
Мадинэ и гур зыхуеIэм IэкIэ лъэIэсыф адыгэ пщащэщ. 2024 гъэм, «Черкес хэкур» къыдэ-кIын зэрыщIидзэрэ илъэси 100 щрикъум триухуэри, куэд щIауэ иIэ хъуэпсапIэр зригъэхъу-лIащ. Ар мы гъэмахуэм Iуащ­хьэмахуэ и щыгум дэкIащ. 
БлэкIа илъэсхэм Аслъэны­къуэ Мадинэ къыхуагъэфэ-щащ КъШР-м и Правитель­с­т­вэм, КъШР-м и цIыхубэ Зэ­хуэсым (Парламентым) и Президиумым, КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ печатымкIэ и министерствэм я ЩIыхь тхылъ-хэр, нэгъуэщI къулыкъущIапIэ­хэми ягъэпэжащ.

Поделиться: