ЛIыгъэ щIапIэр ящремыгъупщэ![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм хабзэхъумэ органхэм ящыщ зауэлIхэм Шэджэм районым щызэрахьа лIыгъэм и щIыхькIэ ягъэува фэеплъыр къыщызэIуаха дауэдапщэм. Фэеплъыр къыщызэIуахым, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ совет сэлэтхэм я лIыгъэр цIыхухэм я гум къинэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Ди адэшхуэхэмрэ абыхэм я адэжхэмрэ я пщIыхьэпIи къыхэхуакъым мы къэралым и бынхэу езыхэм я къуэхэмрэ я къуэрылъхухэмрэ щIэрыщIэу нацизмэмрэ фашизмэмрэ пэщIэувэжын хуей хъуну. Ди щIалэхэр нобэ зы унагъуэм къикIа зэкъуэшхэм хуэдэу Урысейм и къэкIуэнум къыщхьэщыжу мэзауэ. Шэч къытесхьэркъым ТекIуэныгъэ махуэр къызэрысынум. ИугъащIэ Хэкур зыхъумахэм!»
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||





