Дзэм хыхьэну хуейхэм папщIэ

Илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъ­къэрым исхэр мамыру псэуным я нэIэ тету мэлажьэ Урысей гвардием Шэджэм районым и Звёзднэ къуа­жэм щиIэ дзэ частыр. 

Абы хэт щIалэ хахуэхэм пщIэ пылъу сыт щыгъуи я ­къалэнхэр ягъэзащIэ. IэнатIэм и офицерхэр, прапорщикхэр, сержантхэмрэ зауэлIхэмрэ лIыгъэ яхэлърэ псэ­емыблэжу я лэжьыгъэм пэрытщ. Абыхэм ящыщу ­200-м щIигъум къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэ лъапIэхэр, Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам зэрыщIидзэ лъандэрэ - 100-м щIигъум. Дзэ частым и унафэщIхэр ­хущIокъу хабзэфIхэм тету ­Хэкум папщIэ гууз-лыуз зи­Iэхэр ягъэсэным. Урысей гвар­дием хыхьэ дэтхэнэри и лъахэм и тхыдэм пыщIа ­мэхъу, гуапагъэмрэ захуа­гъэм­рэ и телъхьэщ. Абы урипагэ хъунущ!
Дзэм къулыкъу щищIэну а гъуэгур къыхэзыха цIыхум и хуитыныгъэхэр хъума мэхъу. Зы илъэсым щIигъуу лэжьэну Iэ тезыдзэм зэуэ сом мин 295-рэ ират. И мазэ улахуэр нэхъ мащIэ дыдэу сом 45 477-рэ мэхъу.
СВО-м къалэнхэр щызыгъэзащIэхэм иджыри дэIэпы­къуныгъэ зыбжанэ ягъуэт (зы мазэм хуэзэу): зэхэуэхэм щы­хэта махуэхэм - сом 26 636-рэ покIуэ; махуэм текIуа­дэхэм папщIэ - сом 127 200-рэ; зыщагъэпсэху махуэм зэрылэжьам пэкIуэжу - сом 11586-рэ; 
Псори зэхэту дзэ Iуэху хэхам мазэкIэ щыIэ лэжьакIуэм къихьынущ сом 220 990-рэ. 
Зыгъэпсэхугъуэр махуэ ­30-м къыщыщIедзэ, ветеран зыгъэпсэхугъуэр махуэ 15 ­мэхъу. Апхуэдэуи къулыкъу зыщIэну Iэ щIэзыдзхэм Iэмал яIэнущ ипотекэкIэ къэралым унэ къахуищэхуну (илъэс къэс и счёт хэхам сом мин 365-рэ къыхуралъхьэ).
Лэжьэну хуейхэр мы телефон номерымкIэ фыпсалъэ хъунущ: 8(86630)-7-21-80 (коммутатор).

Поделиться:

Читать также: