МахуитI къудейри гъэвыгъуафIэкъымИлъэс 19 дэкIащ абы лъандэрэ. Ауэ дыгъуасэ хуэдэу сощIэж жэпуэгъуэм и 13-м и пщэдджыжьыр. Уэрамхэм автоматкIэ щызэхэуэу цIыхум илъагъуу есакъым, телевизоркIэ, интернеткIэ мыхъумэ. Сэ а пщэдджыжьым Тэрчокъуэмрэ Ленинымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрам зэхэкIыпIэм деж сыщрихьэлIат. Къэхъур гурыIуэгъуэтэкъым, бжьыхьэ пщэдджыхь дыгъэпс дахэт. Ауэ ди къалэ мамырым и хьэблэхэр шэкъэуэжхэм къагъачэу къыпщыхъурт. МахуитI къудейщ а шынагъуэр ди къалэм зэрыдэтар. ФIыщIэ ин яхуэщIыпхъэщ зыкIи зыпэмыплъауэ, дуней псом щыцIэрыIуэ щIэпхъаджащIэхэм зи джатэкур ихауэ япэщIэувэфа хабзэхъуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм. Абыхэм я Iэзагъымрэ Iуэхум фIыуэ зэрыхащIыкIымрэ дыкърагъэлащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэр щIэплъ зыщIа хьэщхьэрыIуэхэм мурад куэд яIащ, къалэм хабзэхъумэ IэнатIэм епхауэ дэт IуэхущIапIэ псори къагъэуэну, лэжьакIуэ нэхъыбэ яукIыну. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хэщIыныгъэншэу иухакъым, полицэм хэт щIалэу 35-рэ хэкIуэдащ, цIыху къызэрыгуэкIыу - 15, уIэгъэ хъуауэ щытащ цIыху 200-м щIигъу.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




