Шыгъажэмрэ гъэлъэгъуэныгъэмрэ

Налшык къалэм дэт шыгъэжапIэм и гупэм деж иIэ утыкум щэбэт кIуам щрагъэкIуэкIащ Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыхэкIым елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща мэкъумэш-промышленнэ гъэлъэгъуэныгъэ. 
Абы я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш-промышленнэ IуэхущIапIэу, хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ хэтхэу 30-м щIигъу. Налшык къалэм дэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ Iэмал яIащ гъэшхэкIхэр, лыхэкIхэр, IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI фIэIугъэхэр, псыхэкIхэр, н.къ. уасэ езэгъырабгъухэмкIэ къащэхуну, абыхэм щыщи зыIуагъэхуэну.
Гъэлъэгъуэныгъэр щекIуэкIа утыкум щагъэуват пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ къыхащIыкIа, теплъэ дахэ зиIэ сурэтхэр, ухуэныгъэ хьэлэмэтхэр. ИужькIэ, Iуэхур зэрызэфIэкIыу, ахэр псори зэщIакъуэжри, сабий зеиншэхэр, зи ныбжь хэкIуэтахэр, кIэлъыплъыншэу къэнахэр щаIыгъ интернатхэм хурагъэшащ. 
Апхуэдэуи мэкъумэш гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэм Iэмал яIэщ мэкъумэш-промышленнэ комплексым къыщагъэсэбэп техникэщIэхэр зрагъэлъагъуну, иджырей щIэныгъэ лэжьыгъэхэм зыщагъэгъуэзэну. Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Сыжажэ Хьэсэн къызэхуэсахэм яжриIащ къуажэхэм зегъэужьыным, ахэр зэIузэпэщ щIыным республикэм мыхьэнэшхуэ зэрыщратыр, абы ехьэлIа Iуэхугъуэхэр и нэIэ зэрыщIимыгъэкIыр икIи мэкъумэш-промышленнэ комплексым и къэкIуэнур зыхуэдэнум ахэр епхауэ зэрыщытыр. 
- «Къуажэхэм зегъэужьын» къэрал программэм и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ щIыпIэхэм социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэр щаухуэ, гъуэгухэр щызэрагъэпэщыж е щIэуэ щаукъуэдий, мэкъумэш IэнатIэм щылажьэхэм: гъавэ, хадэхэкI зыгъэкIхэм, Iэщ гъэхъуным хэтхэм, хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ пэрытхэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщIагъакъуэ, - жиIащ Сыжажэ Хьэсэн. 
А махуэ дыдэм Налшык и шыгъэжапIэм щрагъэкIуэкIащ гуфIэгъуэр щIызэхаублам теухуа шыгъажэ. Абы щагъэджэгуащ псори зэхэту сом мелуани 3,7-рэ. Шы лъэпкъыфIхэр, хьэрыпышхэр къэзыгъэжа шууейхэр саугъэтиблым щхьэхуэу щIэбэнащ. Ебланэр, хабзэ зэрыхъуауэ, траухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и щIыхькIэ ягъэува Кубокыр къэхьыным. Мыбдежым псом япэ къэсащ дунейпсо классымкIэ мастер-шууей цIэр зезыхьэ Каппушев Мырзэбэч, Ультиматум шым тесу. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: