Кавказ Ищхъэрэмрэ стратегие IэмалыщIэхэмрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лIыкIуэхэр иджыблагъэ хэтащ Псыхуабэ щекIуэкIа, «Кавказ Ищхъэрэмрэ стратегие IэмалыщIэхэмрэ» фIэщыгъэр зыгъуэта Дунейпсо щIэнIуатэм.
Iуэхугъуэм зэришэлIащ къэрал къулыкъущIэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, щIэныгъэ-егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрыт IэщIагъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. ЩIэнIуатэр теухуат Урысеймрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэ пыухыкIа зиIэ Iуэхугъуэхэм. Абы кърихьэлIащ Урысейм и мызакъуэу, Азербайджаным, Армением, Абхъазым, Белоруссием, Хьиндым, Ираным, Иракым, Къэзахъстаным, Кением, Кипрым, Чыным, Маврикием, Мозамбикым, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Щамым, Тыркуменистаным, Тыркум, Узбекистаным, Ипщэ Осетием я лIыкIуэхэр.
ЩIэнIуатэм ипкъ иткIэ IэщIагъэлIхэмрэ щIэныгъэрылажьэхэмрэ къаIэтащ увыIэгъуэ имыIэу зызыхъуэж дунейм къэралым ифI зыхэлъ Iуэхугъуэхэр зэрыщыпхыгъэкIыпхъэ Iэмалхэм, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я зыужьыныгъэм, жылагъуэхэр псынщIэу зэлъэзыгъэIэс Iэмалхэр егъэфIэкIуэным пыщIа къалэнхэм, туризм хуэIухуэщIэхэм зыкъызэрегъэIэтыпхъэм, IэщIагъэрылажьэхэм я бжыгъэм зэрыхэгъэхъуапхъэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм.
Абы къыщыхалъхьа псалъэмакъхэм кърихьэлIахэр жыджэру хэлэжьащ, къызэрагъэпэща къудамэхэм гупсысэкIэхэмрэ щызэхъуажэу, Iуэху еплъыкIэхэмкIэ щызэдэгуашэу Iэнэ хъурейхэмрэ къэпсэлъэныгъэхэмрэ щызэхашащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм еплъыкIэ пыухыкIахэр яIами, абы хэтахэм я дуней лъагъукIэм къэралым и пащхьэ иралъхьэну стратегие IэмалыщIэхэм я пэхуэщIэм зэхъуэкIыныгъэ куэд дыдэ халъхьащ, бгъэдыхьэкIэхэмрэ абыхэм я гъэзэщIэкIэмрэ нэхъ яубзыхуащ.
Къапщтэмэ, гулъытэ хэха щигъуэтащ Урысейм КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ Африкэмрэ щыIэ къэралыгъуэхэм яхуиIэн хуей хущытыкIэхэмрэ пыщIэныгъэхэмрэ, а лъэныкъуэмкIэ гъэзауэ екIуэкI лэжьыгъэм хэлъхьапхъэ гупсысэхэм. Къыхэгъэщыпхъэщ зэIущIэм хэтахэм дунейпсо къэрал зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным хуэгъэза еплъыкIэ нахуэхэр къызэрыщыхалъхьар, ар къэгъэнауэ, хэгъэгум ичыпхъэ лъэбакъуэ пыухыкIахэр зэриубзыхуар. ЩIэныгъэрылажьэхэм зэакъылэгъуу къыхагъэщащ сыт хуэдэ зэпыщIэныгъэми я лъабжьэм щIэныгъэр щIэлъын зэрыхуейр, ар Iуэхум къыхэмылъытамэ, зэхущытыкIэхэм тIасхъапIэ зэраIэнур. «Къэралу щыIэм япэщIыкIэ яфI зыхэлъыр къалъыхъуэри, итIанэщ адрей лъэныкъуэм и Iуэхум щыхуеплъэкIыр» – мы гупсысэм фIагърэ мыхъумыщIагъэу хэлъыр зэпэшэчауэ, цIыхубэм япэ ирагъэщ Iуэхугъуэхэри абы къыхэлъытэжауэ, зэхущытыкIэхэм зегъэужьыным упэрымыхьэмэ, псори псыхэкIуадэ зэрыхъунур хэзыщIыкIхэм къыхагъэщащ. Абы къыхэкIыу, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, туризмэм, IэнатIэхэм я зыужьыныгъэм увыпIэ хэха стратегием щигъуэтын хуейуэ къалъытащ.
«Кавказ Ищхъэрэмрэ стратегие IэмалыщIэхэмрэ» Дунейпсо щIэнIуатэр къызэгъэпэщыным, ар Кавказым щегъэкIуэкIынымкIэ жэрдэмщIакIуэ хъуар Урысейм и Президентым деж щыIэ, ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал къулыкъумкIэ и академием (РАНХиГС) Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къудамэрщ. ЖэрдэмщIакIуэхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэмрэ УФ-м и Жылагъуэ палатэмрэ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также: