И чэзум дэIэпыкъуэгъу игъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и автоинспекторхэм дохутыр дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ сабийр псынщIэу сымаджэщым яшащ икIи дохутырхэм щIалэ цIыкIур щытыкIэ гугъум, псэзэпылъхьэпIэ зыхужыпIэ хъунум, кърашащ.
Республикэм и Бахъсэн районым щыщ Къубэ-Тэбэ къуажэм и дэлъэдапIэм хуэзэ къулыкъур щезыхьэкI къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм я деж иджыблагъэ къыщыувыIащ «Лада Гранта» автомашинэр. Абы и рулым дэсым къажриIащ къэувыIэпIэ комплексым деж зы цIыхухъурэ зы цIыхубзрэ гузэвэгъуэ я нэгум къищу зэрытетыр, адэм и IэплIэм илъ сабийм зыгуэр къыщыщIауэ фэ зэрыриплъар.
Полицейхэр замыIэжьэу щIыпIэм нэсащ. Пэжт щIалэм жиIар - зэщхьэгъусэхэр щытт, адэм иIыгът илъэси 6 зи ныбжь сабий мыбауэфыр.
Зэман ямыгъэкIуэду епIэщIэкыу анэмрэ и сабиймрэ плъыр автомашинэм ирагъэтIысхьэри, медицинэ IуэхущIапIэм кIуащ.
Дохутырхэр сабийм дэIэпыкъуащ, жаIащ псынщIэу, и чэзум къазэрыIэрыхьам, зэреIэзам и фIыщIэкIэ шынагъуэр къызэрызэранэкIар.
Сабийм и Iуэху тэмэм зэрыхъуар къащIа иужькIэ, КъБР-м щыIэ МВД-м и Къэрал автоинспекцэм и батальон хэхам и лэжьакIуэхэу полицэм и лейтенант нэхъыжьхэу Щоджэн Iэдэмрэ ДыщэкI Анзоррэ, полицэм и лейтенант Гугъуэт Аслъэн сымэ я къулыкъур ехьэкIыным пэрыувэжахэщ.
КъБР-м щыIэ МВД-м Къэрал автоинспекцэмкIэ и управленэм фIыщIэ хуещI автоинспекторхэм захуэзыгъэза щIалэм гудзакъэ зэрыхэлъым, гузэвэгъуэ хэхуахэм гу зэралъитам папщIэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




