ЕгъэджакIуэм и псалъэ

ЦIыхум иIэну зэфIэкIыр, и утыку ихьэкIэрэ цIыху хэтыкIэрэ зыхуэдэ хъуныр куэдкIэ елъытащ щыцIыкIум зыхилъхьэ хьэлхэм. Аращ адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ сабийм и гъэсэныгъэм щIегугъуу щIыщытари. Япэм я быныр къану яту щытамэ, ди зэманым сабийм и щIэныгъэми гъэсэныгъэми курыт школым щыкIэлъоплъ. Псом хуэмыдэу абы и лъэныкъуэкIэ къалэн нэхъыбэр къызытехуэр пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэхэрщ. Абыхэм ящыщу фэдгъэцIыхумэ ди гуапэщ Тэрч къалэм и курыт школ №3-м и егъэджакIуэ, «ЦIыхубэ егъэджэныгъэм и отличник» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща, илъэс 40 хъуауэ егъэджэныгъэм хэт Гувэжокъуэ Антонинэ.

- Си дежкIэ ехъулIэныгъэр сабийр «тху» защIэкIэ еджэныр е олимпиадэм щытекIуэныр аракъым. Си дежкIэ нэхъыщхьэр, псалъэм папщIэ, сабийм дыгъуасэ хуэмытха хьэрфыр нобэ хуэтхмэ, дерс блэкIам имыщIыфа лэжьыгъэр къыкIэлъыкIуэм зригъэхъулIэмэ аращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, еджакIуэм зэрызиужьырщ. Алыдж философ Плутарх зэрыжиIащи, еджакIуэр из пщIын хуей фалъэкъым, ар - пхъэдзакIэм хуэдэу «къэбгъэлыдын» хуейуэ аращ, - жеIэ Антонинэ. - ПэщIэдзэ классым щIэс сабийхэр щIэныгъэм хуэпабгъэу школым къокIуэ. Абыхэм фIыуэ зэхащIыкI цIыхум фэрыщIу зищIрэ ар пэжу къабгъэдэтрэ. Абы къыхэкIыу, сабийм дзыхь къыпхуищIыну ухуеймэ, гъэпцIагъэм ухуекIуэ хъунукъым. Уеблэмэ мыбдеж щынэхъыщхьэр ущииныгъэркъым, атIэ уи щапхъэкIэ я хьэл нэхъыфIхэм зебгъэужьынырщ. Дауэ мыхъуми, еджакIуэ нэхъыщIэхэр зыдэплъейр я егъэджакIуэрщ.

Нобэрей щIэблэр, нэхъ цIыкIу дыдэхэм деж щегъэжьауэ, телефонымрэ Интернетымрэ къызэрымыкIуэу зэрыдихьэхым имыгъэгузавэ егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрыту си фIэщ хъуркъым. Телефонри Интернетри ди гъащIэм куууэ къыхыхьащ. Зы лъэныкъуэкIэ делагъэ хъуну къыщIэкIынт, абы и фIыгъуэхэр къомыгъэсэбэпынри. Псалъэм папщIэ, нэхъ и пэкIэ зы монографие уеджэнумэ, ар библиотекэ нэхъыщхьэхэм къыщыхэптхыкIын хуей хъурт, иджы зэ текъузэгъуэкIэ сыт хуэдэ хъыбарри уи Iэрылъхьэщ. Ауэ ар къыщагъэсэбэпыпхъэ ныбжьыр къалъытэн хуейщ. Мардэ лъэпкъ имыIэу сабийм телефоныр ебгъэIыгъмэ, абы и фIагъхэр зэран къыщыпхуэхъужыр нэхъыбэщ. ЩIэныгъэлI куэдым къызэрагъэлъагъуэмкIэ, сабийр илъэсищ хъуху (и бзэр къиутIыпщыху), экраным пэIэщIэу щытын хуейщ, илъэсих пщIондэ - компьютерым. Шынагъуэкъым зы псысэ цIыкIу махуэм ебгъэплъмэ. Ауэ шынагъуэщ гу цIыкIум ис сабийм и гущIыIум телефоныр илъу («мультфильм» къигъэлъагъуэу) къезышэкI анэхэр щыплъагъукIэ. Апхуэдэ сабийр щIэх къэпсэлъэнукъым, и зыужьыныгъэми зэран хуэхъункIэ хъунущ - и акъылыр зэрыубыдыным, и гупсысэкIэм зиужьыным, псэлъэным. Узыншагъэм дежкIэ зэрызэраныр дохутырхэм жаIэххэри - ар Iуэху щхьэхуэщ. НэгъуэщI зы лъэныкъуэкIи зи гугъу тщIым и зэраныгъэм гу лъыботэ: ныбжьыщIэхэр нэхъ зэкIуэцIылъ мэхъу, нэхъыжьхэми я ныбжьхэми зэрабгъэдэтын хуей щIыкIэр ямыщIэу. Абы и щхьэусыгъуэкIэ кIуэ пэтми нэхъыбэрэ урихьэлIэ хъуащ илъэси 3 - 5 зи ныбжь сабийр иджыри мыпсалъэу.

Сыт гъэсэныгъэм и лъабжьэр тIэ жыпIэмэ, сэ щIэх-щIэхыурэ адэ-анэхэм яжесIэращ: «НэхъыфI дыдэу фи быным яхуэфщIэфынур щIэныгъэфIрэ гъэсэныгъэ дахэрэ яхэфлъхьэнырщ». Шэч къытесхьэркъым гъэсэныгъэр унагъуэм къызэрыщежьэм. Чы щIыкIэ къыумыгъэшар, бжэгъу хъуа нэужь къыпхуэгъэшыжынукъым, жаIэркъэ?! ПэщIэдзэ классым кIуа сабийр зеич лантIэм хуэдэщ, иджыри къэгъэшыгъуафIэщ, жыпIэр зыхилъхьэну хьэзырщ. Абы къыхэкIыу егъэджакIуэхэм гъэсэныгъэми ди нэIэ тедгъэтщ. АбыкIэ псом хуэмыдэу щIэгъэкъуэнщ литературэр. ТхылъыфI и зэманым узэджар уи гъащIэм сэбэп къыщыпхуэхъужынущ.

Школым сабийр зэрыхуагъэхьэзырым и гугъу пщIымэ, иджыпсту «модэ» хъуащ еджакIуэ мыкIуэ щIыкIэ дерс зэмылIэужьыгъуэхэм яшэныр. Сэ абыкIэ арэзы садэхъуркъым. ТхэкIэ-еджэкIэм школым щыхагъэгъуэзэфынущ армырми. Нэхъыщхьэр абы и гупсысэр тепшэнращ. Щхьэпэщ, псалъэм папщIэ, IэпэкIэ зыгуэрхэр егъэщIэныр (ауэ сытми жаIэркъым «сабий и акъылым и жанагъыр Iэпхъуамбэм пылъщ»). Еджэным хуэхьэзыр сабийр тыншу икIи псынщIэ дыдэу щIэрохьэж тхэфу, еджэфу къэкIуам.

Иджыпсту куэд щIоупщIэ «езанэ, етIуанэ классхэм щегъэжьауэ, адэ-анэхэм я бынхэм репетиторхэр щхьэ къыхуащтэн хуей хъурэ?» - жаIэу. Нэхъ жыжьэ сыIэбэжынщи, дэ ди зэманым, уеблэмэ курыт еджапIэр къаухыхуи репетиторым и деж зыри кIуэуэ щытакъым. Ари щIэуэ ди гъащIэм къыхыхьа Iуэхухэм ящыщу соплъ. Езанэ классым къакIуэхэм я адэ-анэхэм сэ яжызоIэ я сабийм еджэну гукъыдэж яIэ закъуэмэ, а илъэсиплIым къриубыдэу щIэныгъэ ябгъэдэлъын хуейм хуэдиз абыхэм зэраIэфынур, репетитор яIэн хуейуэ къызэрызмылъытэр.

ЕгъэджакIуэхэрауэ къысщыхъуркъым репетиторхэр къезыгъащтэр. Адэ-анэхэрщ нэхъыбэрэ апхуэдэ унафэ зыщIыжыр, хэти и быным «оценкэфI» къригъэхьыным хуэпIащIэу, хэти апхуэдэу сабийм и зыужьыныгъэм ехьэлIауэ сэбэп хуэхъуу къилъытэу, языныкъуэхэри абыхэм ядэлэжьэну зэрахущIэмыхьэм къыхэкIыу. Балигъ ныкъуэхъухэм я Iуэхухэр адэ-анэхэм щагъэпщкIуну хэтми, пэщIэдзэ классым щIэс сабийм илъагъуну хуейщ и «ехъулIэныгъэ цIыкIухэр» къазэрыфIэIуэхур. «Нобэ сыт пхуагъэувар?» - жыдмыIэу, «Нобэ сыт щIэуэ къэпщIар?» - жытIэурэ дыщIэупщIэмэ, а «5»-р Iэмал имыIэу зэрызыIэригъэхьэным и пIэкIэ, щIэныгъэм нэхъ хуэпабгъэ хъунущ. ПэщIэдзэ школым кIуэ сабийр а ныбжьым щегъэжьауэ егъэсэн хуейщ Iуэхум жэуаплыныгъэ пылъу зэрыбгъэдыхьэпхъэмрэ ехъулIэныгъэ уиIэн щхьэкIэ зэгугъужын зэрыхуеймрэ. Ар зи IэмыщIэ илъыр адэ-анэрщ.

БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться:

Читать также: