Къэбэрдей-Балъкъэрыр Уралми щацIыхуСвердловск областым и Екатеринбург къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Expotravel» зыфIаща, туризмэм пыщIа бжьыхьэ гъэлъэгъуэныгъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ставрополь крайм я лIыкIуэхэм зэхуэсым щагъэлъэгъуащ Кавказ Ищхъэрэм и туризм IэнатIэмрэ зи лэжьыгъэр абы пыщIа IуэхущIапIэхэмрэ я зэфIэкIхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм жылагъуэ зэпыщIэныгъэхэмрэ маркетингымкIэ и къудамэм и унафэщI Погребняк Ольгэ ди республикэм и стендым къекIуэлIахэм яхутепсэлъыхьащ туризм IэнатIэм зэрызиужь щIыкIэм, щIыналъэм щыIэ курортхэмрэ санаторэхэмрэ я зэфIэкIхэм, щIыпIэ дахэхэм, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэуи ар хэтащ медицинэ туризмэм теухуа зэIущIэм, «стIол хъурейхэм», пшыхьхэм. Погребняк Ольгэ къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуэну зи мурадхэм Шэджэм аузым гулъытэ хуащIыну, а щIыпIэм и дахагъыр зрагъэлъагъуну, зи узыншагъэр зэтезыгъэувэжыну хуейхэм яхуигъэлъэгъуащ къэрал мыхьэнэ зиIэ «Налшык» курортыр. Турист гъэлъэгъуэныгъэм и етIуанэ махуэм «Эльбрус Турс» туроператор-IуэхущIапIэм и унафэщI Василискив Сергей хьэщIэхэм яригъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и турист зекIуапIэхэмрэ къуршхэм удэзыш лъагъуэхэмрэ. ЩIалэгъуалэм нэхъыбэу ягу ирихьащ республикэм теухуауэ рекламэ щIыкIэу ягъэхьэзыра роликхэм VR-нэгъуджэхэмкIэ еплъыныр. Гъэлъэгъуэныгъэм хэтахэм, хьэщIэхэм, абы кърихьэлIа къалэдэсхэм папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэхьэзыр шхыныгъуэхэм ящыщу кхъуей, IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, тхъурыжьрэ зэкIэрысхэмрэ Iэнэм тралъхьащ икIи ахэр зыIуагъэхуэну псоми Iэмал яIащ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




