Хэкупсагъэм хуагъасэНалшык дэт гимназие №1-м щIэблэр хэкупсэу гъэсэным хуэунэтIа зэIущIэ щекIуэкIащ, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм къызэригъэпэщауэ. Абы хэтащ фондым хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ къэрал IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Мзокъуэ Темболэт, цIыхухэм ядэлэжьэнымкIэ фондым и IэщIагъэлI Кульчиев Тамерлан сымэ. Гимназием кърагъэблэгъат дзэ Iуэху хэхам щыIа зауэлIхэу ПщыхьэщIэ Ахьмэдрэ Шэшэн Елдаррэ. ХьэщIэхэр ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ Хэку лъагъуныгъэм, лIыгъэм, пэжыгъэм. Абыхэм щапхъэу къахьащ къэралым и щхьэхуитыныгъэм зэгуэр зи псэ щIэзытауэ я бэшэчагъымрэ лIыгъэу яхэлъамрэ. ЖаIащ, узэкъуэтмэ лъэщ узэрыхъур, укъызэримыкIуэтыр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




