Бжьыхьэр къыщыджэкIэ…

Уэ умакъамэщ

Уэ умакъамэщ. Псалъэ хэмыту… си хьэуам щэхуу зыхэппхъэпауэ. Уэ умакъамэщ. ЩIыуэпсым щэхуу ухэтIысхьащи, сыпIейтеижкъым - сыпщIодэIу. Укъыстощащэ. Уэ умакъамэщ. Мы си Iэпкълъэпкъым лъынтхуэу ирикIуэм ухызогуашэ. Ухызогуашэри, хуиту собауэ. СыкъощIэращIэ, гъащIэм сыпохьэ, уи псэм сыIуощIэ. Зыри жомыIэу, си гум ущыIэу, уэ умакъамэщ.

Уэ умакъамэщи, си хъуреягъыр хьэндрабгъуэ минщ. НапIэр щысIэткIэ, си Iэгу илъэтыр хьэндрабгъуэ хужьщ… Сыту ужыжьэ… сыту ухуэм… сыту усщыщ! Уэ схуэпхъумащ си гъащIэр. Уэ сыпщIэдэIуурэ, гъащIэм сыхохьэ. Си хъуреягъыр лъэс лъагъуэщ. Уэ сыпщIэдэIуурэ, си пIэм сыкъонэ, уэ сыкъыпхуонэ. Хуэму къэкIуатэ. Зыри жомыIэу, псори къызэIуэкIыж. Уэ умакъамэщ.

Мы дунейр мэбауэ

Пщэдджыжь дыжьынычым къыхэзбжыкI уэс налъэхэм гъатхэ къагупсыс. Къагупсыс макъамэ. Акъужь щIыIэтыIэм макъыр епхъуэтэжри, ар жьы къабзэм хепхъэ. Мы дунейр мэдаIуэ, мы дунейр мэбауэ. IэгукIэ къыщIэзгъалъэри, сэ жьы щIыIэтыIэм щызу сеIубауэ, гъатхэм сыхокIуатэ… Уэ мы сигу къииным и дунейр пцIыхуатэм! Псалъи жомыIатэм… Гъатхэм уIущIатэм! Гъатхэм уIущIатэм, къэпцIыхунут си гур. Гухэлъ защIэу тIэпIрэ, имыхуэжу бгъэгум! ИлъэтыкIрэ накIуэу! Мы дуней архъуанэм си гур зыщ, зы закъуэщ. И закъуэщ! Си пкъым къыIэщIэкIри, езыр хуит хъужауэ, гъатхэкIэ мэбауэ. Мы си нэпсыр пщтыру щIыIэм къыщIихуауэ, сэ дунейм содауэ. Уи нэм сыщIэплъэжрэ, си псэ щымыIэжмэ, ар хэкIащ куэд щIауэ!

Пэж

Гум пэж щыпсэут. ГуфIэу, пIейтейуэ, хахуэу, щабэу е жану. Хэхъуэм хэхъуэурэ, гум имыхуэж хъуащ. КъыщыпкIырт. Хуейт зиIэтыну, лъэтэну, зиплъыхьыну. Ар гум идэнут?! ЕупщIакъым… Гум изэгъэжыртэкъыми, гъуэгу хишыну ежьат. Жылэ трисэурэ ирикIуэнут. Жылэр къикIыкIынут, гъуэгур гъэгъэнут. Пэж защIэ хъунут хъуреягъыр. Арат и гугъэр. Гум къызэрикIыу, гъы макъ зэхихащ. ИтIанэ кIий макъ… дыхьэшх макъ… фий макъ. Псори зэщIовууэ. Пэжыр мэкIэзыз. Зызэтреубыдэри, мэбакъуэ. Уаем, псыдзэм, мафIэсым хобакъуэ. КъыщыувыIэкIэ кIиину мурад ещI – зэхахын хуейщ… дауэ мыхъуми зэхахын хуейщ.Iэмал имыIэу! Зэ мэкIийри, уафэр къыподжэж – мэхъуэпскI. ЕтIуанэу жиIэнIауэ зыщигъэхьэзырым, и макъ къикIыжыркъым.

«Гум сыщыпсэужатэмэ!» - жи пэжым. Къабзэу къэнэнут, щыму гугъэ иухуэнут, дзапэ уэрэд хъунут. ЗэхэзыхынуIатэкъым. Пэжым къригъэуэнут гур… Щым зищIыжащ. Зыри щыдымкъым гу лъахэм.

Пэжыр зэрыщымыр зыгуэрым зэхех. Ари гущ. Абыи пэж гуэр илъщ. Ари уIащ, пцIанэщ, щIыIэрысщ. Зиухыжыну хуеят. Ауэ нэгъуэщI зы пэжым и дуней щымыр зыхищIащ. Аращ къезыгъэлар. Гухэм я пэжхэр зэхуэзащ. Дунейр умэзэхри, гупсысащ. Егупсысащ уафэр зэрыкъабзэм! Пэжхэр зэрыщIэри, къару къахыхьащ. Къару къахыхьащ щыму гухэм щыпсэуну.

Псыежэхым жиIэр

Дыгъэм зеукъуэдийри, удз гъэгъа губгъуэм йоIусэ. Гъэгъахэр егъафIэ. Губгъуэ щхъуантIэм тепхъа гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэхэм хьэндрабгъуэхэр тотIысхьэ, къытолъэтыж, ящхьэщолъатэри загъэкIэрахъуэ, къофэ. Жьы мащIэм гъэгъа тхьэмпэхэр щIигъэхъаеурэ, хьэуам мэ гуакIуэр хегуашэ.

Псы ежэх цIыкIур мывэ кIэщхъым кIэщIэрыIэурэ, зэрегъэунтIэIу. Дунеяплъэ здрихьэхыну якIэщIэрыIэ хуэдэщ. Мыдрейхэм ар ядэркъым. Тегушхуэу зыкъэзыIэт къахэкIми, «тIыркъ» жригъэIэу и гупэкIэ къыщылъ мывэм тохуэж. Псалъэурэ йожэх псыр. Йопсалъэ губгъуэм, гъэгъахэм, хьэндрабгъуэхэм. Йопсалъэ дыгъэм. Езы дыгъэри, и бзий хуабэхэмкIэ къоIэбыхри, псы къабзэм и щIыфэм тоIэбэ, телъыджэу щхьэщолыдыкI. Дыгъэр зыхуэгуэпа псым и уэршэрым зрегъэIэт - жиIэн и куэдщ. ЕIуатэ куэд щIауэ зыщIэдэIу, зэхуихьэс хъыбархэр. КъэувыIэмэ, ахэр зэпыункIэ шынэ нэхъей, тетщ и гъуэгум. Здрехьэх зэгуэр псыхъуэм къызэрыдэхьа щIалэжь цIыкIухэм я дыхьэшх макъи, къыщхьэщылъатэурэ зэ зы уэрэд, зэми нэгъуэщI къыжезыIа бзухэм я бзэрабзи, зи губампIэ и Iуфэм щыдэзыха пщащэм и щэху нэгъунэ. Псыр игъуэжынти, а илъагъу, зэхих псом щыщIамэ. Ирежэх атIэ… къэмыувыIэу, псалъэу, дыгъэм пэлыду!

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: