ЦIыхубэ участковэ нэхъыфI

Къэбэрдей-Балъкъэрым жэпуэгъуэм и 7-м щаублащ «ЦIыхубэ участковэ» Урысейпсо зэхьэзэхуэм и етIуанэ (щIыналъэ) Iыхьэр.

Япэ Iыхьэми хуэдэу, полицэм и участковэ уполномоченнэхэм ящыщу етIуанэ Iыхьэм щытекIуар наIуэ хъунущ КъБР-м щыIэ МВД-м и сайтым Iэ щаIэткIэрэ.

ЕтIуанэ Iыхьэм хэхуащ зэпеуэм хэтхэм ящыщу 11, республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и щIыналъэ IэнатIэ псоми къабгъэдэкIхэр. Участковэхэр зэпеуэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу кIэух Iыхьэм кIуэнымкIэ. ЕтIуанэ Iыхьэр републикэм щекIуэкIащ жэпуэгъуэм и 16 пщIондэ.

Зэпеуэм и ещанэ (кIэух) федеральнэ Iыхьэр екIуэкIынущ щэкIуэгъуэм и 1 - 10-хэм.

Абы щытекIуамрэ къыхэжаныкIахэмрэ Полицэм и участковэ уполномоченнэм и махуэм ирихьэлIэу ягъэлъэпIэнущ.

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться:

Читать также: