Хьэрычэт цIыкIум ехьэлIауэ

2024 гъэм Урысейм щыIэ «Хьэрычэт цIыкIумрэ ику итымрэ» лъэпкъ проектымкIэ хьэрычэт цIыкIум лизинг дэIэпыкъуныгъэу къыIэрыхьащ сом меларди 3,37-рэ.

Программэр щхьэхуэ щыIэщ Донецк, Луганск республикэхэм, Запорожскэ, Херсонскэ областхэм щыщ хьэрычэтыщIэхэм папщIэ.

- Лизинг программэр сэбэпщ хьэрычэт цIыкIумрэ ику итымрэ заужьынымкIэ. Хьэпшыпу къыщIагъэкIым хагъэхъуэн, хьэрычэтым зрагъэубгъун мурад зиIэхэм ар щIэгъэкъуэн яхуохъу. ЩIыналъэщIэхэм я дежкIэ ар псом хуэмыдэжу IэмалыфIщ. Запорожскэ областым, ДНР-м, ЛНР-м машинэ, химие, ерыскъыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр  къыщIэгъэкIыным щелэжь IуэхущIапIэхэм 2024 гъэм дэIэпыкъуныгъэу яIэрыхьащ сом мелуани 110-рэ, - жиIащ Урысей Федерацэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Илюшниковэ Татьянэ.

- Хьэрычэт IуэхущIапIэхэм заубгъуным толажьэ хьэрычэт цIыкIумрэ ику итымкIэ корпорацэр. Мы зэманым щыIэ лизингым хьэрычэтыщIэхэм Iэмал ярет хуэIухуэщIэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ хуэдитIкIэ нэхъ пуду зыIэрагъэхьэну. Льготэ лизингыр къызыIэрыхьэхэм экономикэм и лъэныкъуэ куэдым къыщагъэсэбэп, - жиIащ хьэрычэт цIыкIумрэ ику итымкIэ корпорацэм и унафэщI Исаевич Александр.

Льготэ нэхъыбэ яIэрыхьащ Москва областым (сом мелуан 423- рэ), Санкт-Петербург (сом мелуан 238-рэ), Свердловск (сом мелуани 179,8-рэ), Нижегородск (сом мелуани 159,2-рэ), Калугэ (сом мелуани 154,9-рэ) я хьэрычэтыщIэхэм.

Мыпхуэдэ лизингкIэ къэралым щыгугъ хьэрычэтыщIэхэм УФ-м и МСП-м бжыгъэкIэ лажьэ и платформэм я тхылъхэр ирагъэхь.

ГЪУЭТ Синэ.

 

 

Поделиться: